ЩIэи гъуни зимыIэ арджэныр

Лъэпкъхэм къадэгъуэгурыкIуэу, абыхэм я напщIэм телъу щыта хьэпшып, Iуэхугъуэ куэд ди гъащIэм хокIуэдыкIыж. Абыхэм я пIэм нэгъуэщIхэр зэманым зэрыригъэувэм къыхэкIыу, хуэм-хуэмурэ ахэр къамыгъэсэбэпыж, зыщIу щыта IэпщIэлъапщIэхэри нэхъ мащIэ мэхъу. ИужькIэ гъащIэм и архъуанэм ирехьэри, зэгуэр дахагъэм, къабзэлъабзагъэм, узыншагъэм и пщалъэу щыта унэщIэлъынхэр, хьэкъущыкъухэр, хьэпшыпхэр къимыгъэзэжыну мэбзэхыж. Ар я натIэ хъуащ Iэджэм, щIэблэм уеупщIкIэ щыIауи ямыщIэу, уеблэмэ къэна псалъэ къудейм и мыхьэнэр жыжьэуи къагурымыIуэу. А лейр къытохьэ арджэнми…

Зы цIыхум зыгуэр хузэфIэкIыхэнумэ, лъэкI къигъанэркъым илъэсибл ныбжьым иту арджэн щIын щIэзыдзауэ щыта Мэзло Руслан. IэщIагъэм ар дезыгъэхьэхар и анэращ. ФатIимэ арджэн щIыным щыхуегъасэ Мэзлохэ я унагъуэр щыпсэу Алътуд къуажэм дэт курыт еджапIэм.

ДизайнымкIэ колледж Налшык дэтыр къиухащ, иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и факультетым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэригъэгъуэтащ Руслан. Иджыпсту езым къиуха колледжым живописымрэ композицэмкIэ щрегъаджэ, «Фолк-дизайн» группэщIэ къызэригъэпэщауэ арджэн, упщIэ щIыным, ятIэ гъэжьам елэжьыным щыхуагъасэ.   

- СыщыцIыкIуам щегъэжьауэ нобэр къыздэсым щIэ гуэр къызолъыхъуэ, - жеIэ Руслан. – Хабзэ хъуауэ къекIуэкI, дызэса арджэн щIыкIэм щэху Iэджэ хэлъщ, тхыпхъэ, дамыгъэ къыщыхьахэм деж щегъэжьауэ къамылхэр зэрыхуам деж щыщIэкIыжу. Сэ зэман Iэджэ тезгъэкIуэдащ а дамыгъэхэр джыным, щIэлъ гупсысэр къызгурыIуэным. ЕджапIитI къэзухар мыхъуамэ, арджэным ехьэлIауэ нобэ сыздынэсам сылъэIэсыфынкIи Iэмал иIэтэкъым.

ЩIэх-щIэхыурэ ди республикэм и музейхэм гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр къыщызэIуех Руслан. ИкIи абыхэм ди нэгу щыщIэкIыр къызэрыгуэкI арджэн щIыкIэм и закъуэкъым. Къамыл щабэкIэ зэIуща арджэнхэм ухуей, дыгъэм и теплъэ зиIэхэр,  нур къызыщхьэщихыу  къыпщыхъухэр нэхъ къэпщтэну?! СщIэркъым, псалъэкIэ пхужыIэну си гугъэкъым ар, ауэ ди лъэпкъым и блэкIамрэ и нобэмрэ зэпызыщIэ лъэмыжым изогъэщхь Мэзлом и IэдакъэщIэкIхэр, адыгэм къыдэгъуэгурыкIуэу щыта псэ гуапагъэр къапкърыкIыу.  Зэ IуплъэгъуэкIэ къыпщохъу къамылым и лъэдийр цIыкIу-цIыкIуу зэпыгъэщэщарэ ахэр дахэу лэжьыгъэм щызэкIэрыгъэпщIэжауэ аркъудейуэ. АрщхьэкIэ апхуэдэу тыншкъым ар – къыбгурыIуэнуи пщIынуи.

- Къамылымрэ арджэнудзымрэ я кумылэщ флъагъухэр къызыхэщIыкIар, - къыджеIэ Руслан, лэжьыгъэ щхьэхуэхэм я гугъу щищIкIэ. – Апхуэдэ кумылэр къамыл псоми ярылъкъым, къызэрыкI закъуэтIакъуэхэми Iушэ куэд къахокIри, къэбгъэсэбэп хъуну къыхэпхыфыр мащIэ дыдэщ.

«КъызгурыIуащ арджэным щIэи гъуни зэримыIэр, нэхъыщхьэр нобэрей гъащIэм хэзагъэу «къэгъэпсэлъэныр» зэрыарар. Нэхъапэм ящIхэм щыуагъэ гуэрхэр щаIэщIэкIми, и нэзхэр тIэкIу Iушэми ягъэ кIыртэкъым, дэ дызыхэпсэукI дунейм ахэр къыщыпхуэгъунукъым, апхуэдэ зэфIэкIри къыщалъытэнукъым», - щыжиIэкIэ, Руслан и мурадхэр жыжьэ зэрынэсыр зыхыбощIэ.  

          

 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: