«Дахагъэм и тхьэмахуэ» Москва щекIуэкIащ

Москва и «Зарядье» паркым и утым, «Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ» псыутхым пэгъунэгъуу, мэкъуауэгъуэм  20-26-хэм «Дахагъэм и тхьэмахуэ» выставкэ нэхъыщхьэр щекIуэкIащ. Ди республикэм щыщу абы хэтащ икIи я лэжьыгъэ щIэщыгъуэхэр щагъэлъэгъуащ Налшык щыщ дизайнерхэу АфэщIагъуэ Джамилэ («SaiJamin» бренд), Аккуловэ Альбинэ, Хьэрычэт Iуэхухэмрэ дизайнымкIэ Институтым щеджэ Сэральп Ликэ, Зайцев Вячеслав и модель IуэхущIапIэм щылажьэ, абы щыгъынхэр  утыку къизыхьэ ди хэкуэгъу хъыджэбз Минаевэ Минарэ сымэ. Зэраубзыхуам тету, абы цIыху щхьэхуэхэми гупхэми зыкъыщагъэлъэгъуащ. Кърагъэблэгъахэм яхэтащ   артист, дакIуэ-бзакIуэ  цIэрыIуэхэр. 

«Зарядье» паркым къыщызэрагъэпэща ут нэхъыщхьэм урыс дизайнер нэхъыфI 200-м щIигъум я лэжьыгъэхэр щагъэлъэгъуащ. Апхуэдэхэщ Юдашкин Валентин, Зайцев Вячеслав, зи фэилъхьэгъуэхэм зэи къытезымыгъэзэж икIи сыт щыгъуи ахэр IэкIэ зыгъэхьэзыр Чапурин Игорь, Родинэ Светланэ, Берг Даниил, Добряковэ Катя сымэ, нэгъуэщIхэри. КъищынэмыщIауэ, «Зарядье» паркым и амфитеатр Иным я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ модэмкIэ художник Сысоев Сергей и школым щеджэхэм, Британием дизайнымкIэ и школ нэхъыщхьэм «ФэилъхьэгъуэхэмкIэ дизайн» программэр (егъэджакIуэхэр Черных Аннэрэ Тилинин Владимиррэщ) къэзыухахэм, Хьэрычэт Iуэхухэмрэ дизайнымкIэ институтым и студентхэм. КърихьэлIахэм Iэмал яIащ Москва, Санкт-Петербург, Рязань, Улан-Удэ, Дон Iус Ростов, Новосибирск, нэгъуэщI щIыпIэхэм дизайнер Iэзэхэм щагъэхьэзырахэм ящыщу выставкэм щагъэлъэгъуа   цIыхухъу, цIыхубз фэилъхьэгъуэхэм, IэкIэ ягъэхьэзыра щыгъыныгъуэхэм, вакъэхэм, цIугъэнэхэм ящыщу ягу дыхьэр абдеж къыщащэхуу гъэмахуэ, бжьыхьэ лъэхъэнэм зэрахьэну хьэпшыпхэм къыхагъэхъуэну, дызыхуэкIуэ зэманым дизайнерхэм я IэдакъэщIэкIхэм щыщу тыкуэнхэм къыщIалъхьэнухэр зыхуэдэм зыхагъэгъуэзэну. Къыхэгъэщыпхъэщ, ди къэралым къищынэмыщIауэ, зыми хэмыгъуащэ хъэтI зиIэж урыс дизайнерхэм я IэрыкIхэм хамэ къэралхэм щыщ уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ, киноактрисэ цIэрыIуэхэу Бейонсе, Шерзингер Николь, Хилтон Пэрис сымэ, нэгъуэщIхэри зэрыщIэупщIэр.

Мэкъуауэгъуэм и 26-м АфэщIагъуэ Джамилэ утыку щигъэлъэгъуа и «SaiJamin» брендым лъабжьэ хуэхъуар ди лъэпкъ фащэхэм я плъыфэ зэмыфэгъухэр «гъэджэгунырщ». Дизайнерым адыгэ фащэхэр иджырей зэманым декIуу къигъэщIэрэщIащ. Шылэ, данэ, дарий, къэдабэ, нэгъуэщI щэкI лIэужьыгъуэхэм къыхэщIыкIа, уагъэрэ хэдыкIкIэ, тхыпхъэхэмкIэ гъэдэха, зыми хэмыгъуащэ ди лъэпкъ фащэхэр нэр зыгъэгуфIэт.

Дизайнер цIэрыIуэхэм я фэилъхьэгъуэ гъэщIэгъуэнхэр зэрагъэлъагъуэм къыдэкIуэу, иджырей фэилъхьэгъуэхэм теухуа зэIущIэхэр, лекцэхэр, зэпсэлъэныгъэхэр, мастер-класс щхьэпэхэр ирагъэкIуэкIащ. Зэхуэсахэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ «Чужие письма» каналыр езыгъэкIуэкI психолог Кузнецовэ Ольгэ щэхуэным, модэм ехьэлIа и гупсысэхэр.   Гъэлъэгъуэныгъэм и программэм хыхьэу, модельер ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуи къызэрагъэпэщащ. Абы я зэфIэкI щеплъыжащ дизайнер IэщIагъэм япэ лъэбакъуэ хэзычэхэр.    Выставкэхэм зыкърезыгъэхьэлIахэм псом хуэмыдэу гукъинэж ящыхъуащ Юдашкин Валентин «къигъэщIа» плъыфэ зэмыфэгъухэмрэ удз гъэгъахэмрэ зыхиухуэна,   дыщэ IуданэкIэ хэдыкIа тхыпхъэхэмкIэ игъэдэха и фэилъхьэгъуэхэр.

Зэхыхьэр щIэщыгъуэ ящIащ икIи кърихьэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ уэрэджыIакIуэхэу Сюзаннэ, Фомин Фёдор, пианист Маммадов Риад и ансамблым, нэгъуэщIхэми. Гъэлъэгъуэныгъэхэр эфир занщIэм тету къатащ Вконтакте сайтымкIэ.

 

 

 

Тхыгъэри сурэтхэри ТЕКIУЖЬ Заретэ ейщ.
Поделиться: