Фэ дауэ феплърэ?

Дэтхэнэ газетри газет зыщIыжыр абы и щIэджыкIакIуэхэрщ. Ар жыдэзыгъэIэ, и гупсысэхэмкIэ журналистхэм ядэгуэшэну щIэх-щIэхыу къытхуеблагъэ Абазэ Хьэсэн нэхъыбэу зэрытцIыхур адыгэ тхыдэм щыцIэрыIуэ пщы Ридадэ и тхыдэм гулъытэ егъэлея зэрыхуищIымкIэщ. 

Бадзэуэгъуэм и 2-м къыдэкIа «Адыгэ псалъэм» къытехуащ «Ридадэрэ Мстиславрэ» зи фIэщыгъэ, Къаныкъуэ Анфисэ и тхыгъэр. Абыи дигу къегъэкIыж Хьэсэн иджыж адыгэ тхыдэ къудамэр 2022 гъэм илъэс I000 зэрырикъур. ЗэрытщIэжщи, I022 гъэрщ Тэмтэрэкъейр зэпэзыубыда касогхэм япщ Ридадэрэ урысыпщ Мстиславрэ зэбэну, иужьрейр щытекIуар. 2020 гъэм Хьэсэн къыдигъэкIауэ щыта и тхылъ цIыкIум къэхутакIуэм щызэхуихьэсащ зи гугъу тщIы къэхъукъащIэм теухуа еплъыкIэ зыбжанэ. 
Гу зылъытапхъэхэм язу къыдолъытэ I7-нэ накIуэцIым ит Рудилев Владимир «Рязанский окоем» (2009) зыфIища тхылъым ихуа пычыгъуэр: «Адыгэхэм Мстислав зэрыхуэфэщэну пщIэ хуащIыркъым. Абыхэм къащохъу Мстислав и бийр хьилагъэкIэ, шырыкъу лъапщэм къыдиха сэмкIэ иукIауэ. Гуэныхь къызэрихьар пэжщ, сыдауэркъым. Ауэ гурыIуэгъуэкъым абдежым адыгэхэм Мстислав зэрытекIуам шэч къыщIытрамыхьари, щIикIуэтари, иужькIэ и зекIуэхэм хэту щIэзэуари». 
Абазэ Хьэсэн Ридадэрэ Мстиславрэ щызэбэна илъэс бжыгъэр Iэтауэ гъэлъэпIэн хуейуэ къелъытэ. Ар зэрегупсысымкIэ, Ридадэ хагъэщIауэ щытми, I022 гъэм щегъэжьауэ I763 гъэ пщIондэ, илъэс 800-кIэ урысхэр адыгэхэм ебгъэрыкIуакъым. НэгъуэщIу жыпIэмэ, езым и лIэныгъэмкIэ зыужьыпIэ яритащ касогхэм къатепщIыкIа адыгэ лъэпкъхэм. И дзэм и закъуэкъым Ридадэр и псэмкIэ ихъумар. И лъэпкъым утегушхуэ зэрымыхъунур гурыIуэгъуэ ищIащ, Хьэсэн зэреплъымкIэ. Гу лъытапхъэщ Мстислав Ридадэ текIуа нэужь урысыщIхэр зэгуигъэхьэн, къэралыгъуэ иухуэн зэрыщIидзами. Абы и щыхьэтщ I022 гъэм абы «Окарэ Новгородрэ къизэуну кIуащ», - хужызыIэ дэфтэр зэрыщыIэр. 
Ридадэ и цIэр дахэу къыхощ. 3I-нэ напэкIуэцIым ит Студеникин Александр и тхыгъэми. «ЗауэлI хабзэ зезыхьа Мстиславрэ Ридадэрэ ятеухуауэ» тхыгъэм абы щыжеIэ: «Ридадэ, пщитIыр зэрызэзэуэну щIыкIэр щиубзыхум, зауэзэрылIым и мардэр и лъагапIэ дыдэм нэс дрихьеящ. ИщIри, и унагъуэри, и мылъкури ирилъхьащ абы кIэн идзапIэм. Езым и гум илъ хабзэ укъуэдия гуэрым щIэт ЗауэлI нэсым фIэкIа, нэгъуэщIым хуэщIэнукъым апхуэдэу».
УщIызэдэуэфын куэди ущрохьэлIэ зи гугъу тщIы тхылъым. Псалъэм папщIэ, ищхьэкIэ зи цIэ къитIуа Рудилев Владимир хуегъэфащэ Мстислав Ридадэ щIезэуар езым триха и щхьэгъусэрауэ, касогыпщыр иукIа нэужь, къищтэу ипIа Ридадэ и къуитIри езым ейти, ахэр зыIэригъэхьэжа къудейуэ. Мыр пщIыхьэпIэу илъэгъуагъэнщ. «Куэдрэ сегупсысащ», - псалъэхэми къыбгурагъаIуэ ар. 
Абазэ Хьэсэн и тхылъыщIэ мыгувэу къыдэкIын хуейм ди упщIэхэм жэуап къаритыну дыщогугъ. Фи Iуэху еплъыкIэр къытхуэфтхми, ди гуапэщ. 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: