Гъуэгу бгъуфIэ хъуа лъагъуэ угъурлы

УФ-м и Президент Путин Владимир мы махуэхэм хэIущыIу зэрищIамкIэ, къэкIуэну гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу щыщытынущ ди къэралым. А унафэр ди гъуэгугъэлъагъуэу, гулъытэ хэха худощI къытщIэхъуэ щIэблэм псэ хьэлэлрэ гу къабзэу ядэлажьэ цIыхухэм. Псом хуэмыдэу гу лъытапхъэщ егъэджакIуэныр IэщIагъэ щыхъуа, абы ис цIыху зыбжанэ а IэнатIэм щыпэрыт унагъуэхэм. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Аруан районым хыхьэ Къэхъун къуажэм щыпсэу Ерыжокъуэхэ БетIалрэ (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI) Хурирэтрэ я бынунагъуэр. БетIал ящыщащ пщIэрэ нэмысрэ иIэу жылэм дэса нэхъыжьыфIхэм. Зэщхьэгъусэхэм я дуней тытыкIэ дахэр щапхъэ яхуэхъуащ унагъуэм ис адрей нэхъыщIэхэм: Iэдэбхэщ, гъэсахэщ, адыгэ нэмысрэ пщIэрэ яку дэлъу, цIыху хэтыкIэ ящIэу къогъуэгурыкIуэ. 

Ерыжокъуэхэ я унагъуэм щыщу егъэджакIуэ лъагъуэр япэу пхызышар Хурирэтщ. Къэхъун къуажэм дэс Тамбий Лид и бынунагъуэшхуэм къыхэкIа бзылъхугъэ цIыкIум и сабиигъуэр ирихьэлIащ къэралым и дежкIэ нэхъ зэман хьэлъэу щытахэм ящыщ зым: Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм. Ди щIыпIэр бийхэм къыIэщIахыжу хуит хъужа нэужь, сабийхэм еджэным пащэжауэ щытащ. Хурирэти къуажэм дэт курыт школыр къиухыжащ, ехъулIэныгъэ иIэу. А лъэхъэнэм егъэджэныгъэ IэнатIэр хуабжьу хуэныкъуэт IэщIагъэлIхэм. ЕгъэджакIуэхэр зэрахуримыкъум къыхэкIыу, фIыуэ еджа ныбжьыщIэхэр школхэм ягъакIуэрт, пэщIэдзэ классхэр ирагъэджэну. Апхуэдэ дзыхь зыхуащIахэм ящыщащ Хурирэти. 
 Школ партэм укъыдэкIагъащIэу занщIэу егъэджакIуэ IэнатIэм упэрыхьэну, дауи, гугъут. АтIэми Хуритрэт хуэдэ щIалэгъуалэм сыткIи щIэгъэкъуэн къахуэхъурт, чэнджэщ щхьэпэхэр къратырт егъэджакIуэ нэхъыжьхэм, школ унафэщIхэм. Абыхэм я жэрдэмкIэ, зэрылажьэм хуэдэурэ, ар щIэтIысхьащ Налшык дэт педучилищэм. 
– ЩIэныгъэм и къарур инщ. Еджэн зэрыщIэздзэу, сэ ар занщIэу псэкIэ зыхэсщIащ: си зэхэщIыкIым зиужьырт, дунейм и плъыфэ куэд щIэуэ къызэIусхырт, дерсхэм нэхъыфIу зыхуэзгъэхьэзырырт, еджакIуэхэм я пащхьэми нэхъ тегушхуауэ сиувэрт, - игу къегъэкIыж Хурирэт а зэман жыжьэр. - ЕгъэджакIуэ IэщIагъэ зэзгъэгъуэтыныр педучилищэм и закъуэкIэ зэфIэзгъэкIакъым: еджэным адэкIэ щыпысщащ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм икIи ар ехъулIэныгъэ сиIэу къэзухащ. 
ЩIэныгъэ куу зэзыгъэгъуэта егъэджакIуэр нэхъри дихьэхащ и IэщIагъэм. ЩIэблэр гъэсэным, щIэныгъэ етыным и къару псори ирихьэлIэу, и лэжьыгъэм хуэIэижь хъун папщIэ, зэфIэкIыу, зэману иIэр хуигъэпсауэ илъэс 55-м щIигъукIэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрытащ Хурирэт. Псэ хьэлэл лэжьыгъэм къыпэкIуащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, Аруан куей администрацэм, абы егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм къабгъэдэкI дамыгъэхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. И IэнатIэм ирихьэлIа апхуэдэ гуащIэшхуэр Хурирэт къыхуэкIуэжащ жылагъуэм щиIэ пщIэ лъагэрэ и гъэсэнхэм къыхуащI нэмысышхуэу. 
Хурирэт и IэщIагъэм хуиIа апхуэдэ лъагъуныгъэр яхипщэфащ и бынхэм. Зэщхьэгъусэхэм къуитIрэ пхъуитIрэ зэдапIащ: Анатолэрэ Борисрэ, Риммэрэ Раисэрэ. Я анэм и щапхъэр гъуазэ яхуэхъуащ икIи егъэджакIуэ IэщIагъэхэр къыхахащ Ерыжокъуэхэ я щIалэ нэхъыжьымрэ хъыджэбзитIымрэ. Адрей и анэкъилъхухэм яхуэдэу, Бориси щIэныгъэ нэхъыщхьэ, IэщIагъэ щызригъэгъуэтащ КъБКъУ-м. Ар инженерщ, гу къабзэрэ псэ хьэлкIэ и лэжьыгъэр ирехьэкI.
Анатолэ физикэмкIэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIщ. Псынабэ къуажэм дэт курыт школым егъэджакIуэу, унафэщIу щылажьэу, абы зы щIэблэкъым щIэныгъэм и гъуэгум тришар. Илъэсхэр кIуэми, абыхэм дэкIуэдыркъым егъэджакIуэм и IэнатIэм хуиIэ хьэлэмэтагъымрэ гукъыдэжымрэ. И IэзагъкIэ квалификацэ лъагэ зиIэ Анатолэ и гъэсэнхэм физикэмкIэ щIэныгъэ куу ябгъэдэлъ къудейкъым, атIэ гъэсэныгъэкIи, дуней еплъыкIэкIи фIы и лъэныкъуэкIэ адрейхэм къахощ. Анатолэ и дежкIэ нэхъыщхьэр сабийм епт щIэныгъэр гъащIэм хуиту къыщигъэсэбэпыфу, абы адэкIи хигъэхъуэфу егъэсэнырщ, абы и гупсысэр къэхутэныгъэщIэхэм теухуэнырщ. 
Риммэ инджылызыбзэр илъэс куэдкIэ щригъэджащ Нарткъалэ дэт курыт школ №5-м. ЕджапIэм щыщIэса илъэсхэм къыщыщIэдзауэ ар дихьэхырт хамэ къэралхэм я бзэхэр зэгъэщIэным. НыбжьыщIэр инджылызыбзэм зэрыхуэшэрыуэм гу лъитауэ щытащ абы и егъэджакIуэ Сметанинэ Эллэ. Курыт школыр къиуха нэужь, абы и чэнджэщкIэ Риммэ щIэтIысхьащ икIи ехъулIэныгъэкIи къиухащ КъБКъУ-м хамэ къэралыбзэхэр джынымкIэ и факультетым. Илъэс 30-м щIигъукIэ Риммэ инджылызыбзэр школакIуэхэм яригъэщIащ, хамэбзэхэр, псом хуэмыдэу инджылызыбзэр, егъэджыным пылъ жэуаплыныгъэр зыхищIэу. 
БетIалрэ Хурирэтрэ я хъыджэбз нэхъыщIэ Раисэ и гъащIэр триухуащ урысыбзэмрэ литературэмрэ щIэблэм егъэджыным. Университетым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэта нэужь, ар лэжьащ егъэджэныгъэмкIэ Аруан куей IэнатIэм и инспектору, щIыналъэм и пионер ныбжьыщIэхэм я уардэунэм и унафэщIу. ИужькIэ Къэхъун дэт курыт школ №I-м урысыбзэмрэ литературэмрэ щригъэджэн щIидзащ. И Iуэху бгъэдыхьэкIэкIэ егъэджакIуэ-къэхутакIуэу щыт Раисэ и гъэсэнхэр и гъусэу илъэс куэдкIэ жыджэру хэтащ школым, районым, республикэм щекIуэкI зэпеуэ зэхуэмыдэхэм. Куэдым гукъинэ ящыхъуауэ щытащ «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо фестиваль-зэпеуэм и утыку Раисэ кърихьауэ щыта лэжьыгъэ гъэщIэгъуэныр. Адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ я бжыгъэцIэхэм зэщхьу, зэщхьэщыкIыныгъэу яIэр къыщагъэлъэгъуа дерс-къэхутэныгъэт ар. БзитIми фIыуэ щыгъуазэ егъэджакIуэр щIэблэм илъэс 30-м щIигъукIэ ядэлэжьащ, лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр къигъэсэбэпу, абыхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр игъэбыдэу, зы бзэр джыным, лъагъуным адрейр зэран зэрыхуэмыхъур къигъэлъагъуэу. 
ЩIэблэр егъэджэнымрэ гъэсэныгъэ тэмэм етынымрэ Ерыжокъуэхэ я унагъуэм ис егъэджакIуэхэр, псори зэхэту къапщтэмэ, илъэси I50-м щIигъуауэ хуолажьэ. Апхуэдэу фIыуэ ялъагъу IэщIагъэм я гъащIэм увыпIэшхуэ щиубыду, жылагъуэм пщIэрэ нэмысрэ щаIэу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ яку илъу мэпсэухэри, ехъулIэныгъэрэ унагъуэ насыпрэ щымыщIэу, я мурадхэр къайхъулIэу Тхьэм заригъэузэщI. 
 

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: