Нобэ

Тыркумэным и медицинэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ 
Бельгием и лъэпкъ гуфIэгъуэшхуэщ – къэралым и махуэ нэхъ лъапIэ дыдэщ.
1831 гъэм екIуэкIа хэхыныгъэхэм щытекIуэри, пащтыхьыгъуэр IэщIыхьащ Леопольд Езанэм. А махуэм тохуэ Бельгием и щхьэхуитыныгъэм теухуа декларацэмрэ и конституцэмрэ къыщащтар.
1613 гъэм Урысейм и пащтыхь хъуащ Романов Михаил Фёдор и къуэр. Романовхэ ящыщу аращ пащтыхь тахътэм япэу итIысхьар.
1774 гъэм Урысеймрэ Тыкумрэ Кючук-Кайнарджий мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэр зэращIылIащ, 1768 – 1774 гъэхэм а къэралитIым ирагъэкIуэкIа зауэр зэриухам и щыхьэту 
1829 гъэм адыгэлI Хьэшыр Чылар япэ дыдэу Iуащхьэмахуэ и щыгум къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ дэкIащ.
1906 гъэм Урысейм и правительствэм и унафэщIу ягъэуващ мэкъумэш IэнатIэм щригъэкIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэмкIэ цIэрыIуэ хъуа Столыпин Пётр.
1917 гъэм Урысей правительствэм и унафэщI хъуащ Керенский Александр. 
1941 гъэм нэмыцэ кхъухьлъатэхэр Москва япэу щхьэщыхьэри лагъымхэр щрадзыхащ.
1969 гъэм Америкэм щыщ астронавтхэу Армстронг Нилрэ Олдрин Эдвинрэ «Аполлон-II» кхъухьым икIри, дуней псом апхуэдэ къыщымыхъуауэ, Мазэм теуващ.
1994 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал гербыр, Къэрал ныпыр, Къэрал гимныр къащтащ.
Ди эрэм и пэкIэ 356 гъэм къалъхуащ дзэзешэ цIэрыIуэ, Македоние къэрал лъэрызехьэм и къызэгъэпэщакIуэ икIи и пащтыхь Македонский Александр.
1899 гъэм къалъхуащ америкэ тхакIуэ, Нобель саугъэтым и лауреат Хемингуэй Эрнест.
1937 гъэм къалъхуащ совет футболист, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, олимп чемпион (1956 гъ.) Стрельцов Эдуард.
1936 гъэм къалъхуащ куржы уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Брегвадзе Нани.
1948 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, драматург, актёр Задорнов Михаил.
1971 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ цIэрыIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Гришаевэ Ноннэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 19 – 20, жэщым градус 15 – 16 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Си ныбэ изщ, жыпIэу гъуэмылэншэу уемыжьэ.

 

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ