Ди щIыналъэм и зыгъэпсэхупIэхэрТхакIуэ икIи лъахэхутэхэу Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкIащ «Кабардино-Балкария: природный курорт, всероссийская здравница, туристическая Мекка» тхылъ сурэтхэмкIэ гъэщIэрэщIауэ. Ар томитI мэхъу. Лэжьыгъэр траухуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыгъэпсэхупIэ щIыпIэ дахэхэм я тхыдэм, республикэм туризмыр зэрыщызэфIэувам теухуа япэ лэжьыгъэщ мыр. КъыдэкIыгъуэм и пэублэ псалъэр къызыбгъэдэкIыр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекщ. Лэжьыгъэм зыхэзыгъэгъуазэхэр абы кърегъэблагъэ ди щIыналъэм и щIыуэпс къулейм зыщагъэпсэхуну икIи я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэну, хьэщIэ фIыуэ зылъагъу ди лъэпкъхэр зрагъэцIыхуну, ди хабзэхэм зыщагъэгъуэзэну. Апхуэдэу КъБР-м Курортхэмрэ туризмымкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурати и псалъэм къыщыхегъэщ томитI хъу къыдэкIыгъуэм XIX-нэ лIэщIыгъуэм и кIэуххэм щыщIэдзауэ ди нобэм къэс республикэм и щIыуэпсым игъуэта зыужьыныгъэхэмрэ и иджырей щытыкIэмрэ къызэрыщыгъэлъэгъуар. КIэщIу жыпIэмэ, абы щызэхуэхьэсащ щIыналъэм и щIыуэпсыр гъэбеиным теухуауэ цIыхухэм зэфIагъэкIар.
Поделиться:
Читать также:
14.04.2024 - 10:54 →
Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьа
10.04.2024 - 12:00 →
ЕгъэджакIуэр ящыгъупщэркъым
31.03.2024 - 09:22 →
Зыужьыныгъэм и лъагъуэм ирокIуэ
17.03.2024 - 11:10 →
Илъэс 40 гъуэгуанэ
17.03.2024 - 10:08 →
СурэтыщI, егъэджакIуэ
|