Яхъумэ, кърагъэл, зрагъэужьыж

Рейнджерым и дунейпсо махуэр (World Ranger Day), нэгъуэщIу жытIэмэ, МэзгъэфIэнхэр зыхъумэхэм я махуэр, ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщу 46-м гъэ къэси бадзэуэгъуэм и 3I-м щагъэлъапIэ. АбыкIэ унафэ къыщащтар Рейнджерхэм я къэрал зэхуаку федерацэм (International Ranger Federation, IRF) 2007 гъэм иригъэкIуэкIа зэIущIэрщ.
Гу зэрылъытапхъэщи, мы махуэр щыхагъэунэхукIым нэхъыбэу зытращIыхьауэ щытар щIыпIэ дахэхэм ящыщу нэхъ зыхуэсакъыпхъэхэмрэ цIыхуIэ зылъэмыIэса къуэладжэ дэгухэмрэ якIэлъыплъхэм, зыми яхуомыгъэдэн жыг гуэрэнхэм, Iуащхьэж телъыджэхэм я «къыщхьэщыжакIуэхэм», мэзхъумэ къызэрыгуэкIхэм ящыщу зи IэнатIэм пэрыту хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ лей хуэщIын зэрыхуейр арат.
Мыри къыхэгъэщыпхъэщ. IRF зэгухьэныгъэр япэ дыдэу къыщызэрагъэпэщауэ щытар I992 гъэращ. АбыкIэ жэрдэм къыхалъхьат Шотландием щыщ IэщIагъэлIхэу щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэм гулъытэ лей яхуэщIын зэрыхуейм и телъхьэхэм.
А IуэхумкIэ абыхэм щхьэусыгъуэ яхуэхъуар а лъэхъэнэм ди планетэм и плIанэпэ зыбжанэм, псом хуэмыдэжу Африкэм, зи къалэн щызыгъэзащIэу щыIэ рейнджерхэм ящыщ куэдыр хьэкIэкхъуэкIэхэр мардэншэу къэзыукIыу хабзэм ебакъуэхэм зэраIэщIэкIуэдарт.
IRF зи фIэщыгъэ дунейпсо къызэгъэпэщыныгъэм хэтщ ЩIы Хъурейм и дэнэ хэгъэгуи а Iуэхум хуэгъэзауэ щызэхаша зэгухьэныгъэхэри. Абыхэм ящыщ зыщ ЩIыпIэ дэгухэр хъумэнымкIэ дунейпсо фондым (WWF) и къудамэу Урысей Федерацэм щылажьэри.
ЖыпIэнур арамэ, мэзкъуэдыхэмрэ мэзгъэфIэнхэмрэ зехьэныр зи пщэрылъ къэрал инспекторхэр, я жэщ-махуэ лэжьыгъэм къриубыдэу, псэзэпылъхьэпIэ щихуи мащIэкъым. Апхуэдэ щытыкIэ ахэр изыгъэувэхэм, шэч хэмылъу, ящыщщ хьэкIэкхъуэкIэхэм хутыкъуауэ зэраIууэри, мэзхэм иужьрей лъэхъэнэхэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, щIэх-щIэхыурэ къыщыхъу мафIэсхэри, хабзэр къызэпызыуду псэущхьэхэм ещакIуэ цIыхухэр къазэрегуауэри, нэгъуэщI абы хуэдэ къэхъукъащIэхэри.
Рейнджерхэм псапэ къыщахьи куэдрэ къохъу. Апхуэдэу, ахэр йоIэзэ машинэ зыжьэхэуа, уIэгъэ хъуа псэущхьэхэм, цIыхухэр нэхъ щызэхэзекIуэ щIыпIэхэм щхъухьзехьэ блэхэр къыщаубыд, къуакIэ-бгыкIэхэм, мэзхэм къыщызыкIухь туристхэм гъуэгугъэлъагъуэ щыпкъэ яхуохъу, зи бжыгъэкIэ мащIэ дыдэ хъуа псэущхьэхэр кърагъэл.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ