Анэдэлъхубзэрщ зэрыгупсысэрБыным адэ-анэм хуаIэ гурыщIэхэр къаIуэтэну адыгэ хабзэм къызэремызэгъым къыхэкIыу, сэри си адэм сытепсэлъыхьыну мащIэу соукIытэ. Шэч хэмылъу, сэ срогушхуэ ХьэIупэ лъэпкъым сызэрыщыщым, а гушхуэныгъэри нэхъыбэу зи фIыщIэр си адэращ. Апхуэдэу щыхъукIи, сэ фIыуэ къызгуроIуэ ар ди унагъуэм, ХьэIупэ лIакъуэм я мызакъуэу, адыгэ лъэпкъым ейуэ зэрыщытыр. Си адэм и гъащIэри и гуащIэри и лъэпкъращ зытриухуар, абы и щэнхабзэм хуэлэжьащ, нобэми хуолажьэ. Си жагъуэ зэрыхъунщи, сэ си адэм хуэдэу адыгэбзэ къабзэ, пасэрей адыгэбзэжь сIурылъкъым, ар зэрыгупсысэри зэрыпсэури и анэдэлъхубзэрщ, псэущхьэхэм нэгъунэ адыгэбзэщ зэрепсалъэр. Псом хуэмыдэу сабийхэр фIыуэ елъагъу си адэм, гулъытэ хуимыщIу зыри блэкIынукъым, арагъэнщ абы цIыкIухэм папщIэ уэрэд тхылъитI щIыхуэтхари.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 12:48 →
Кинофестивалым и махуэхэр
13.05.2024 - 17:30 →
ТекIуэныгъэ Иным траухуэ
10.05.2024 - 12:36 →
Зэманым жьы хуэмыщI уэрэд
07.05.2024 - 17:46 →
Зи напэ емыплъу лъэбакъуэ зымыча
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
|