Дунейм щыхъыбархэр

НОБЭ

♦Альпинизмэм и дунейпсо махуэщ

♦Офтальмологием и дунейпсо махуэщ

♦Джэдухэм я дунейпсо махуэщ

♦Тыркумэн хъэуаным и махуэщ

♦Швецием и Къэрал ныпым и махуэщ

♦Китай Республикэм щагъэлъапIэ Адэхэм я махуэр

♦1899 гъэм США-м щыщ къэхутакIуэ Маршалл Альберт дунейм щыяпэу щIыIалъэ зэпкърилъхьащ, абы щыхьэт техъуэ тхылъи хуатхащ.

♦1900 гъэм теннис спорт лIэужьыгъуэм и саугъэт нэхъ лъапIэ дыдэр – Дэвис и Кубокыр – ягъэуващ.

♦1924 гъэм Москва къалэ кIуэцIым япэ автобус линэр щаутIыпщащ.

♦1927 гъэм Франджым хэIущIыIу щащIащ хьэм къыпкърыхьэ емынэ узым и хущхъуэгъуэр къызэрагъуэтар.

♦1941 гъэм Сталин Иосиф советыдзэхэм я командующэ нэхъыщхьэу ягъэуващ.

♦1941 гъэм Совет Союзым и «Ил-4» кхъухьлъатитху Берлин япэу щхьэщыхьэри, лагъымхэр ирадзыхащ.

♦1942 гъэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетым унафэ ищIащ республикэм и къалащхьэм и къыдыхьэпIэхэм быдапIэхэр щаухуэну.

♦1943 гъэм Дзэ Плъыжьым и Iэщэхэм къахэхъуащ КВ-95 танк хьэлъэр.

♦1949 гъэм Страсбург (Франджы) щызэхэтащ Европэм и Советым и япэ сессиер.

♦1955 гъэм СССР-м къыщащтащ илъэсым къриубыдэу зы мазэ лэжьакIуэм зигъэпсэхунымрэ ныбжьыщIэхэр лэжьэну хуит зэращIымрэ ятеухуа хабзэхэр.

♦1967 гъэм Бангкок (Таиланд) къыщызэрагъэпэщащ Ипщэ-КъуэкIыпIэ Азием хыхьэ къэралхэм я зэгухьэныгъэр (АСЕАН). Абы хыхьащ Индонезиер, Малайзиер, Сингапурыр, Таиландыр, Филиппинхэр, нэхъ иужьыIуэкIэ Брунейр (1984 гъэм), Вьетнамыр (1995), Лаосымрэ Мьянмэрэ (1997), Камбоджэр (1999).

♦2008 гъэм ХХIХ гъэмахуэ Олимп джэгухэр Китайм и къалащхьэ Пекин къыщызэIуахащ. Ахэр шыщхьэуIум и 8 - 24-хэм екIуэкIащ. Адыгэхэм гуфIэгъуэшхуэ къытхуихьащ а Олимпиадэм - алыдж-урым бэнэкIэмкIэ абы чемпион щыхъуауэ щытащ Хъущт Аслъэнбэч.

♦2008 гъэм Куржыр Осетие Ипщэм теуащ. А махуиплIым цIыху мамыру минрэ ныкъуэм щIигъу щыхэкIуэдауэ щытащ теIэпхъэ ящIа щIыналъэм.

♦1927 гъэм къалъхуащ Урысей Федерацэм и мызакъуэу дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа нэ дохутыр Iэзэ, РАМН-м и академикыу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Фёдоров Святослав.

♦1937 гъэм къалъхуащ США-м щыщ киноактёр, режиссёр цIэрыIуэ, «Оскар»-р тIэунейрэ, нэгъуэщI саугъэт лъапIэ куэд зрата Хоффман Дастин.

♦1943 гъэм къалъхуащ урысей кинорежиссёр, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Ника» саугъэтыр зыгъэува Гусман Юлий.

♦1937 гъэм къалъхуащ балетмейстер Марыщ Заур.

♦1948 гъэм къалъхуащ кхъухьлъатэзехуэ-космонавт, Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь Савицкая Светланэ.

♦1956 гъэм къалъхуащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Парламентым и депутат Къудали Мухьэмэд.

♦1981 гъэм къалъхуащ Швейцарием щыщ теннисист, дуней псом щынэхъ лъэщ дыдэхэм хабжэ, Шлемышхуэр тIощIрэ къэзыхьа Федерер Роджер.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 - 25-рэ, жэщым градус 17 - 18 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Зи нэхъыжь зымылъытэм и щхьэ илъытэжыркъым.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ