Кургъуокъуэ

         Кърым хъанхэр зэуакIуэ, нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, хъунщIакIуэ къежьэрейуэ зэрыщытам тхыдэр щыгъуазэщ. Шэрджэсымрэ Къэбэрдеймрэ я закъуэтэкъым хъанхэм я гур зыхуэплъыр: Урысейри зы махуэ ягъэтыншакъым абыхэм, Мэзкуу щагъэсаи къэхъуащ.

Дзэшхуэ къришажьэри (мин пщIейм щIигъу), кърым хъан Къаплъэн-Джэрий 1708 гъэм Къэбэрдейм къытеуащ, ар хигуэн, ихъунщIэн мурад ищIауэ, Къаплъэн-Джэрий и зекIуэм и хъыбар куэд къыхэнащ ди тхыдэми IуэрыIуатэми.

Тхыдэри, IуэрыIуатэри, Къэнжал зауэр зи нэгу щIэкIахэри, лIыкIуэхэри щыхьэт тохъуэ кърым хъаным и дзэм Къэбэрдейм кIэ зэрыщигъуэтам.

Хъаным и дзэр Къэбэрдейм къыщыблагъэм, пщы уэлий ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ хасэ зэхуишэсри яхэупщIыхьащ: «Дэтхэнэр нэхъ ффIэзахуэ: ди щхьэр бийм хуэдгъэлъэхъшэн хьэмэ IэщэкIэ дыпэувын?» IэщэкIэ пэуврэ хъаным и дзэр зэтракъутэмэ, нэхъ къащтащ къэбэрдейхэм: «Псэм щеблэ махуэкъым нобэ», – жари.

Пщы уэлий Кургъуокъуэ и унафэкIэ кърым хъаным и дзэр бгым ирашащ, къызэзэуэкI защIурэ. Хьэрэкхъуэрэ ипщэIуэкIэ Кургъуокъуэ къалэ-быдапIэ щиухуащ: бгым къеухыурэ Бахъсэн псыхъуэ зэвым даукIыхьащ кърым хъаным и дзэр. Ар дыдэр иращIащ Балъкъ псыхъуэ дыхьа дзэми: ар Къэнжал деж щызэтраукIащ (аращ бгым и цIэр зауэм щIытеIукIар – Къэнжал зауэ).

Валахием и лIыщхьэ Раковицэ Михайлэ итхыгъащ: «Кърымым игъащIэм къытехуакъым апхуэдэ удын. Кърым дзэпщхэм ящыщу къелар мащIэщ, мырзэхэри къызэтраукIащ (къэбэрдейхэм). Хъаныр ерагъмыгъуейуэщ зэраIэщIэкIар».

Къэбэрдейм я дзэпщ хахуэр, ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ, илъэс щэ ныкъуэ нэхъ къимыгъэщIауэ 1709 (е 1710) гъэм дунейм ехыжащ.

Кургъуокъуэ Хьэрэкхъуэрэ бгым деж щиухуа къалэм и лъабжьэр ди зэманым къэсащ.

 

Аслъэнбэч

ХЬэт1охъущокъуэ Аслъэнбэч кърым хъаным и дзэр зэхэзыкъутауэ щыта Кургъуокъуэ и къуэрылъхущ, Бомэт и къуэщ, и щIалэгъуэм Астрахань щаIыгъащ шэсыпIэ пэлъытэу – 1776 – 1782 гъэхэм. 1782 гъэм Кавказым и тет генерал-фельдмаршал Потёмкин Павел деж къулыкъу щищIащ. Урыс-тырку зауэм и зэманым (1787 – 1791 гъэхэм) Псыжь щызэуащ, шу минитху хъу къэбэрдей шуудзэм хэтащ, секунд-майор цIэр къыфIащащ. 1800 гъэм полковник хъуащ. Ауэ урысыдзэм хэзэгъакъым: дзэпщхэм Къэбэрдейм щызэрахьэ леймрэ залымыгъэмрэ игу техуэртэкъыми, абыхэм япэувауэ хэкум и хуитыныгъэр зыхъумэ адыгэ шуудзэм и пашэхэм ящыщ зы хъуащ, зэрыпхъуакIуэхэм удын гуащIэхэр яридзащ, я быдапIэхэм куэдрэ ебгъэрыкIуащ.

Лермонтов Михаил «Измаил-бей» поэмэм зэрыщитхымкIэ, Исмел езыгъэукIар Аслъэнбэчщ. Ар пэжкъым. Пэжыр нэгъуэщIщ: ХьэтIохъущокъуэ Исмел фIэзахуэр Iэщэр гъэтIылъауэ я пIэ итIысхьэжынырт, а зэманым Iэщэ пцIанэкIэ къэпхьыжын щыIэтэкъым. Исмел акъылэгъу дэхъуакъым Аслъэнбэч, ар щхьэусыгъуэ яхуэхъури, зэшхэр зэщыIеижащ, уеблэмэ жагъуэгъу зэхуэхъуащ, икIэм-икIэжым, Исмел и унафэкIэ Аслъэнбэч 1812 гъэм яукIащ.

Темырболэт зи цIэ къуэш иIащ Аслъэнбэч. Ари урысыдзэм хэтащ, Бытырбыху дэт кадет корпусым щеджащ, Кавказым ис урысыдзэм къулыкъу щищIащ капитан хъуауэ, Къэбэрдейр 1804 гъэм «зыгъэсабыра» дзэм хэтащ, 1825 гъэм дунейм ехыжащ, и лIыгъэкIи, и хъыбаркIи зэрыцIэрыIуэ щыIэкъым.

ЩIэныгъэлI гуэрхэм зэратхымкIэ, Лермонтовым и поэмэ цIэрыIуэм («Измаил-бей») лъабжьэ хуэхъуар ХьэтIохъущокъуэхэ Исмелрэ Аслъэнбэчрэ я хъыбархэрщ. Ар пэжкъым. Исмел Псыгъуэ (Измаил-бей) и цIэр фIища фIэкIа, Лермонтовым и поэмэм зэшхэм я хъыбарыр лъабжьэ хуищIакъым, абыхэм я хъыбарымрэ поэмэм и купщIэмрэ зыкIи зэбгъэдыхьэркъым.

 

 

 

Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ
25.04.2024 - 16:00 ЩIэщхъуитI