Гуэл ЩхъуантIэхэм я удыгъэ къарур

Каленин Олег Пензэ областым хыхьэ, Русский Камешкир къуажэм къыщыдэкI «Новь» газетым и сурэттехщ. ЦIыхуибл хъууэ Пензэ областым къикIа лIыкIуэхэм язт фотокорреспондентыр. Абы и репортажыр епхащ я гупыр Гуэл ЩхъуантIэхэм зэрыщыIам.

«Налшык нэгузегъэужьыпIэу иIэр апхуэдизкIэ куэдщи, къыхэхыкIэ умыщIэрэ зэмани уимыIэмэ, мыхьэнэ нэхъ зиIэм ухэкIыжыныр бетэмалщ. Дызэрынэсу, зыхуей хуэза зыгъэпсэхупIэм дыщIагъэтIысхьащ. Дэбгъуэн щымыIэу зэлъыIухат ар. Шордакъышхуэ зыпыт пэшхэм щегъэжьауэ, къэуат зыщIэлъ, ауэ узыншагъэм зэрыхуэсакъым къыхэкIыу, шыгъу зыхамыдза ерыскъыхэм я деж щиухыжу.

Ди пIэ дызэризагъэу, зыплъыхьакIуэ дыкъыщIэкIыну гукъыдэж дгъуэтащ. Нэхъ лъы гуащIэ зыщIэтхэр, дауи, зэхъуапсэр Европэм нэхъ лъагэ дыдэу ит Iуащхьэмахуэрт. Ауэ ар тпэжыжьэIуэти, япэщIыкIэ Шэджэм псыкъелъэхэмрэ Гуэл ЩхъуантIэхэмрэ зэдгъэлъагъуну дежьащ.

Гуэл ЩхъуантIэхэм дыщыIэу, Псыхуабэ къыщыувыIа, скандинавхэм я къэкIухьыкIэр спорт Iэмалу къызыгъэщхьэпэ туристхэм дахуэзащ. Абыхэм ямыцIыху щымыIэжу арати, жаIэхэри гъэщIэгъуэнт.

- Дэ дызыщыщ дыдэр Пермьщ, - гуфIэу къыджеIэ Юлия цIэмкIэ зыкъыдэзыгъэцIыхуа турист хъыджэбзым. – Мыбы къытедгъазэурэ дыкъокIуэ. Мыпхуэдэ хьэуа зыщIыпIи щымыIэу аращ. ЕтIанэгъэ лъэсу Iуащхьэмахуэ дыдэкIуеину ди мурадщ. Мы гъэм иджыри дошынэ.

Ищхъэрэ гуэлыр куу дыдэщ икIи щIыхущ. И фэр апхуэдэу зыщIыр и лъащIэм щIэлъ тхъуэбзащхъуэрауэ хуагъэфащэ. Япэм лъащIэ имыIэххэу къафIэщIырт, ауэ къапщри, метр 200 и кууагъыу къыщIэкIащ. ЗэрыжаIэмкIэ, зыплъыхьакIуэ цIэрыIуэ Кусто Жак-Ив ар и фIэщ мыхъуу, кIапсэ зыкIэрищIэри, гуэлым и лъащIэм нэсын и гугъэу зыщIигъэмбрыуат. Ауэ и Iэмэпсымэм метри I70-м нэхърэ нэхъ жыжьэ уигъакIуэртэкъыми, къигъэзэжащ.

Гуэлым узыпэмылъэщ къару кIыфI гуэркIэ узыщIешэ. Мыбы хэплъэурэ зэхилъхьауэ къыпфIощI Добрынин Вячеслав «Колдовское озеро» зыфIища уэрэдыр. ЩIэныгъэлIхэми нобэми куэд ящIэркъым абы теухуауэ. Уеблэмэ къэхутакIуэ центр и Iуфэм IуащIыхьащ. Ауэ сабэ зытрихьэжа щхьэгъубжэхэмрэ цIыху зэрыщIэмысымрэ къыбгурагъаIуэ я мурадым гугъэ зэрыхахыжар.

СатуущIхэращ я пIэ имыкIар. Къэбэрдей IэфIыкIэхэмкIэ зытIтIыжащ абдеж дыдэм зыщызыубгъуа бэзэрым дытехьа нэужь. Пэхлэварэ хьэлыварэ къыумыщэхуу, цейр зумыгъапщэу, хъурыфэ пыIэр зыщхьэрумыIуу ублэкIыфыну си фIэщ хъуркъым. Абдеж дыдэм фэ бгырыпхым кIэрыщIа къамэхэри телъщ. ЦIыхухэм жьы ящIэту саугъэтхэр ящэху, щэн-щэхуэныр зы дакъикъи зэпыуркъым.

Шэджагъуашхэм и чэзум аргуэру кавказ шхыныгъуэхэм я IэфIыр щIэрыщIэу зыхэтщIащ. Абдеж дыдэм щыт рестораным и лэжьакIуэхэм ялъэкI къагъэнакъым нэхъ гурыхь дыдэу япщэфIхэр тIуагъэхуэн щхьэкIэ. Ахэр къызэрыпщыхъуар пIуэтэжыну псалъэ пхурикъунукъым, апхуэдизкIэ къызэрымыкIуэу IэфIщи. Аращи, ин дыдэу щымыт, ауэ хьэщIэ гъэхьэщIэнкIэ хуэдэ къозыгъэлъыхъуэн Къэбэрдей-Балъкъэрым фыкIуэну мурад фщIымэ, Гуэл ЩхъуантIэхэм фыщымыхьэщIэу фыкъыдэмыкIыж».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: