ЩэнхабзэмкIэ унэр къагъэщIэрэщIэж

Май районым хыхьэ Александровскэ станицэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж, «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хыхьэу. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек 20I9 гъэм лэжьыгъэ IуэхукIэ а станицэм щыкIуам яубзыхуащ ар. 
I976 гъэм станицэм щаухуауэ щыта зыгъэпсэхупIэ центрым и залым тIысыпIэ 400 иIэщ. Абы гупжьей 2I-рэ щолажьэ, илъэсихым щыщIэдзауэ илъэс 70-м щхьэдэхахэр екIуалIэу. Къапщтэмэ, нэхъыжь дыдэу гупжьейм екIуалIэ Шалинэ Любовь и ныбжьыр илъэс 77-рэ мэхъу. ЩэнхабзэмкIэ унэм щолажьэ Контер З. и цIэр зезыхьэ гъуазджэхэмкIэ Сабий школым и къудамэр. КъищынэмыщIауэ, Май районым и спортзал нэхъ ин дыдэр аращ зыхэтыр. 
ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Горбулинская Кулистан зэрыжиIэмкIэ, IуэхущIапIэр зэрагъэпэщыжыным илъэс зыбжанэ хъуауэ щIохъуэпс, сыту жыпIэмэ иужьрей илъэс 50-м къриубыдэу ар зыхуей хуагъэзакъым. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Май район администрацэм и унафэщIымрэ я фIыгъэкIэ иджы ар зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэм зи инагъыр киломер зэбгъузэнатIэ 760-рэ хъу спортзалымкIэ ирагъэжьащ. Абы и унащхьэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ зэрахъуэкIащ, блынхэр зэрахьащ. Апхуэдэу Музыкэ школым и унащхьэмрэ бжэ-щхьэгъубжэхэмрэ яхъуэжащ. Иджы дыдэ сценэр, залхэр, щIыхьэпIэр къагъэщIэрэщIэжащ, псыжапIэхэр ягъэуващ, ток кIапсэхэр зэрахъуэкIащ. 
Горбулинская Кулистан зэрыжиIамкIэ, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэшхуэ къызэранэкIащ, ауэ къызыхуэтыншэу псори и кIэм нагъэсын папщIэ подрядчикым зэгурыIуэныгъэщIэ иращIылIащ. ЗэрызэгурыIуам тету, ЩэнхабзэмкIэ унэр капитальнэу зэгъэпэщыжыныр мы гъэм фокIадэм и 20 пщIондэ и кIэм нагъэсынущ. 
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: