Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦Псапэ щIэным и дунейпсо махуэщ

♦Къзахъстаным щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэм я махуэщ

♦Индием щагъэлъапIэ егъэджакIуэм и махуэр

♦1666 гъэм Лондон щагъэункIыфIащ махуищкIэ зыпэмылъэща мафIэсыр. Абы къалэм и ухуэныгъэхэм я Iыхьэ щанэр – унэ минипщIым нэсыр - хисхьат.

♦1698 гъэм Пётр Езанэм жьакIэ зытетхэм къуэды ятын зэрыхуейм теухуа унафэ къыдигъэкIащ.

♦1827 гъэм Урысейм тенджыз IуэхухэмкIэ и министерствэр къызэрагъэпэщащ.

♦1905 гъэм, къэралитIым яку дэлъа зауэр зэриухам и щыхьэту, Урысеймрэ Япониемрэ Iэ традзащ мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм. А тхылъым я Iэ щIэлъщ: Урысей лъэныкъуэмкIэ – Министрхэм я комитетым и унафэщI Витте Сергей, империем и лIыкIуэу США-м щыIэ Розен Роман, Японием щыщу - хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министр Комурэ Дзютарэ, Такахирэ Когорэ.

♦1936 гъэм Бахъсэн ГЭС-р лажьэу яутIыпщащ.

♦1941 гъэм, фашистыдзэхэр ди къэралым и къалащхьэм гъунэгъу къызэрыхуэхъуам къыхэкIыу, Москва дагъэIэпхъукIыу хуежьащ зи ныбжьыр илъэс I2 иримыкъуахэр.

♦1941 гъэм нэмыцэдзэхэм Эстонием и щIыналъэр зэрыщыту яубыдащ.

♦1982 гъэм Москва - Лос-Анджелес къалэхэр «телелъэмыж» жыхуаIэ IэмалымкIэ япэ дыдэу зэпащIащ.

♦1997 гъэм Москва къыщызэIуахащ Пётр Езанэм и фэеплъыр, скульптор Церетели Зураб ищIар. А Iуэхур ирагъэхьэлIат Пётр Езанэм къызэригъэпэща Урысей флотыр илъэс 300 щрикъум.

♦1997 гъэм 28-нэ Олимп джэгухэр 2004 гъэм щекIуэкIыну щIыпIэу Алыджым и къалащхьэ Афины ягъэуващ.

♦1817 гъэм къалъхуащ урыс усакIуэ, тхакIуэ, драматург Толстой Алексей.

♦1895 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, композитор, пшынауэ, уэрэджыIакIуэ, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэжэр Индрис.

♦1929 гъэм къалъхуащ совет космонавт, авиацэм и генерал-майор, Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь Николаев Андриян.

♦1933 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я энергетик, жылагъуэ лэжьакIуэ Къущхьэ Мухьэжид.

♦1946 гъэм къалъхуащ Инджылызым щыщ уэрэджыIакIуэ, музыкант, «Queen» гупым и солисту щыта Меркьюри Фредди.

♦1948 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ и министру щыта, Урысейм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Швыдкой Михаил.

♦1984 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, УФ-м и Президентым и саугъэтыр зыхуагъэфэща, уэгум щытрахыну фильмым хэтыну 2021 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м дунейпсо хьэрш станцым лъэта Пересильд Юлие.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 16 - 17, жэщым градус 13 - 15 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Акъылыр ящэркъым, къащэхуркъым – зыхалъхьэ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ