Нэм фIэбэр Iэбэм еух

АККИЗОВЭ Имарэ, сурэтыщI:
ГъащIэм къысхухихащ
    Си ныбжьыр илъэсих-блы хъуху си адэ-анэм лэжьапIэ пэшу яIар дыщыпсэу фэтэрращ. Абы къегъэлъагъуэ сэ сыкъызыхэхъукIар, си псэр зыпсыхьар, IэщIагъэ схуэхъуар езы гъащIэм къызэрысхухихар. СщIэрт сурэтыщI сызэрыхъунур. Пэжщ, епщIанэ классыр къэзуха иужь, гъащIэм и къысхуигъэув унафэ гуэрхэми сыщIэдэIун хуей хъуащ, аращ филолог IэщIагъэ япэщIыкIэ щIызэзгъэгъуэтар.
    СурэтыщI сызэрыхъуар си фIыщIэщ схужыIэнукъым, си натIэм къритхам срикIуауэ аркъудейщ. ФIыщIэ зэрызбгъэдэлъыр а лъагъуэм зэи сызэремыпцIыжарщ. Унагъуэ сихьауэ, сабий сиIэу сыщIэтIысхьащ художественнэ школ. Си псэм, си лъым сызэрыцIыкIурэ хэлъым сыкърихуэкI къыщIэкIынт. ИужькIэ тхылъ тедзапIэм сыщылэжьащ, гъэлъэгъуэныгъэхэм сыхэтащ, жыпIэнурамэ хуэмурэ си щхьэм нэсащ сызэрысурэтыщIыр, Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм сыхыхьащ…

Дамэ къыстекIэрт
    ЦIыху къэс и сабиигъуэм щыщ гукъэкIыж гъэщIэгъуэн, ириину, иригушхуэу иIэщ. Си адэ-анэм мастерской ямыIэу унэм щыщылажьэм си нэгу щIэкIырт си адэм ищI сурэтышхуэхэр «къызэрыпсэур». Зы махуэм нэхърэ адрейм нэхъ IупщI хъууэрэ IэдакъэщIэкIыр дунейм къытехьэрт. И лэжьыгъэр и кIэм нэсауэ зы удз гъэгъа цIыкIу, е а удзым и зы тхьэмпэ цIыкIу сщIыну хуит къысхуищIа иужь, дамэ къыстекIэрт сыгуфIащэрти. Соавтор жыхуаIэм хуэдэ папэ сыхуэхъуауэ къэслъытэжу абы сриинт. Мис апхуэдэ дакъикъэхэм щхьэкIэ си адэ-анэм ину сахуэарэзыщ.

СызыщIэхъуэпсыр
    Зыгуэр нэсу зэрыдмыгъэщIэгъуэжыфыр си жагъуэ мэхъу. Махуэкъэс Iуэхуущ псоми дызэреплъыр, сагъызым ещхьрэ IэфI щIэмылъу. Си хъыджэбзыр дахагъэм къызэрыхуэзгъэушыным, компьютерым нэхъ мащIэрэ бгъэдэсу тхылъыр фIыуэ зэрезгъэлъагъуным, къыхуащIэр имыгъэнэхъапэу езым нэхъыбэ цIыхухэм яхуищIэу, къэзыухъуреихьхэр фIыуэ илъагъуу зэрызгъэсэным яужь ситщ.
    СурэтыщI хъуну хуейхэм сызэрехъуэхъуфынур зыщ: гъащIэм фыкIэлъыплъ къудей мыхъуу гурыфIыгъуэ хэфхыф, дэтхэнэми дамыгъэ гуэр хэфлъагъуэ, зы дакъикъи сэбэпынагъ пымылъу къэвмыгъэщI. ЖысIа псори къызэрыгуэкI хуэдэщ, атIэми ахэр умыгъэзащIэу IэщIагъэлI нэси цIыху нэси къыпхэкIынукъым. Мис ахэр зыщIэпшэрэ, гъащIэм ухуэнабдзэгубдзаплъэмэ, шэч хэлъкъым цIыху телъыджэ къызэрыпхэкIынум.

Зыгъэхьэзырар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться: