Къуэши хьэжы Iэсхьэд ефэнды

Мударей (Тырку, Узун-Яйла) дэса еджагъэшхуэхэм язщ Мысырым дин щIэныгъэ щызригъэгъуэтауэ илъэс тIощIрэ тхукIэ къуажэм къалэн щызыгъэзэщIа Къуэши Iэсхьэд ефэндыр (1883 - 1944). Абы теухуа хъыбарыр и пхъурылъху Дыджэш Уэзкъан жедгъэIэжащ.
«Си адэшхуэр Мысырым илъэс пщыкIущкIэ щыIащ. Дин щIэныгъэм имызакъуэу, гъэунэхугъэ щIэныгъэми хэгъуазэу щытащ ар. Нэхъыбэуи цIыхубэм яхуэгъэза щIэныгъэхэм. Хьэрыпыбзэмрэ къэжэрыбзэмрэ ищIэрт. И тыркубзэр апхуэдэу лъэщу щытакъым. Ататюрк и тетыгъуэм Анкара ираджэу зи Iуэху зэхагъэкIахэм ящыщщ. Ягу къыхуэзэгъа иужь, «азэныр наIуэу тыркубзэкIэ къэгъаджи, адэкIэ мэжджыт кIуэцIым узэрыхуейуэ щегъэкIуэкI» къыжраIэри, хуит къащIыжауэ арати, къуажэм зэхахыу тыркубзэкIэ къигъэджа иужь, мэжджыт кIуэцIым етIуанэу азэн дыдэ щигъаджэу екIуэкIащ.
МэсхьэбиплIымкIэ фэтуэ итыным хуэщIат. Дуней хуэIухуэщIэ темыпсэлъыхьрейуэ, и уэршэрыныр нэхъыбэу динымрэ щIэныгъэмрэ теухуауэ щытт. Сыхьэтищ нэхърэ нэхъыбэкIэ жейртэкъым. МащIэрышхэ дыдэт. Губжь имыхабзэу, шыIэшхуэ хэлъу щытт. Джэгу-Iэгухэри зэращI щIыкIэр имыгъэдахэу, джэгум тепсэлъыхьрейуэ апхуэдэт. Мыпхуэдэ щIыкIэкIэ ямыщIыххэмэ нэхъыфIу иущийрт цIыхухэр. Езыми и адэми Тхьэ шынагъэ, Тхьэ сакъыныгъэ ябгъэдэлъу щытащ. Кэрамэт (Iуэху хэIэтыкIа гуэрхэр Тхьэм къадиIыгъын) щытыкIэ иIауэ зыIуэтэжи щыIэщ. Нэхъ и ныбжьэгъуфIхэм ящыщт Хьэрун ефэндыр, Хьэфиз ефэндыр, Тэркъан ефэндыр. Мыхэр псори си анэм къызжиIэжа хъыбарщ. Нэхъыбэ дыдэрэ зытепсэлъыхьу щытари Хьэрун ефэндыращ. Абы бгъэдэлъ щIэныгъэм щытхъу зэпыту щытащ. 
Iэсхьэд ефэндым пхъуитI иIащ. Ди анэмрэ ди анэ шыпхъумрэ щIэныгъэ хъарзынэ къабгъэдилъхьауэ щытащ. Псом хуэмыдэжу ди анэм япэ къэс ефэндыр хигъэзыхьыфыну дин щIэныгъэ бгъэдэлът. КъурIэн къыщеджэкIэ, къэувыIэрэ къикIыр къыбжиIэу, хьэрыпыбзэм нэмыщI къэжэрыбзэми хэгъуэзауэ щытащ. Уеблэмэ тхыдэ, хэгъэгу щIэныгъэ (географие), есэп (математикэ) щIэныгъэхэми хуригъэджахэт ахэр Iэсхьэд ефэндым. Абы теухуауэ гушыIэ хэлъу жаIэж мы хъыбарыр. Ди унагъуэр Мударей дэкIыу Истамбыл Iэпхъуэжа иужь, зыдэтIысхьа хьэблэм я ефэндыр унагъуэкIэ ди гъунэгъуу, псэлъэгъу дызэхуэхъуу щытти, ди анэм жиIэхэр игъэщIагъуэу, ефэндыр гушыIэрт: «Насып диIэти, мыбы тыркубзэ дахэ-дахэу ищIэркъым, афIэкIа зыри дигъэпсэлъэжынтэкъым мы и щIэныгъэмкIэ». 
Уэзкъан щхьэмахуэм и анэм теухуауэ къыджиIэжахэр зыгъэпэж хъыбархэр яIуэтэжу, я къуажэгъу зыбжанэм и дежи щызэхэсхащ. 
Iэсхьэд ефэндым ехьэлIауэ Мударейм я нэхъыжьыфI Къуэши Нахьил щхьэмахуэми мыхэр къыджиIащ:
«Къуажэм ефэндыуэ диIа Хьэжы Екъуб ефэндым иужькIэ ХьэтIохъущыкъуеишхуэ къуажэм къитшауэ Мэремкъул хьэжы Мэкъщуд ефэндыр щыIащ. Абы къыкIэлъыкIуэу Ныбэжь Лэкъумэн ефэндыр, абы иужьыж, еплIанэу Iэсхьэд ефэндыр тетащ. Ар илъэс тIощIрэ тхукIэ ефэндыуэ щытащ, 1819 гъэм къыщыщIэдзауэ 1944 гъэ хъуху.
Iэсхьэд ефэндыр дунейм ехыжри мазэ дэкIауэ, 1944 гъэм Ерэнщыхьэр къуажэм щыщ Хьэфиз ефэндыр къэтшауэ щытащ. Абы дытезыгъэгушхуари езы Iэсхьэд ефэндырат: «Ар зыIэщIэвмыгъэкI, къуажэм къафшэ, Iэзхьэрым ехъулIэныгъэшхуэ щиIащ. Мопхуэдиз еджакIуэ мин бжыгъэм къахэжаныкIри, япэ увыпIэ къилэжьащ!» - жиIэурэ, тегъэчыныхьауэ тепсэлъыхьырт. Хьэфизи 1976 гъэм дунейм ехыжыху ефэндыуэ щытащ. 
Iэсхьэд ефэндым и лэжьэгъуэм 1936 гъэм къуажэм уз зэрыцIалэ дэлъу, зы мазэм къриубыдэу цIыху щэщIрэ тIурэ щIэтлъхьэжауэ щытащ. Зы махуэ гуэрым, пщэдджыжь нэхущым Iэсхьэд ефэндым къуажэм и хъуреягъыр щэ къикIухьауэ щытащ, духьэ къибжурэ, кхъэ пщIантIэри къыхригъэубыдэурэ. Уи фIэщ пщIымэ, абы иужькIэ къуажэм а узыфэмкIэ цIыху дэмылIыкIыжа. Сэ си къуэш дыдэ Рэшад яхэту а узыр зэфыкIыу пIэм хэлъ цIыхуиблри узыншэ хъужри, илъэс тIощIрыпщIи псэужахэм. Мис апхуэдэу Тхьэ сакъыныгъэшхуэ бгъэдэлъу щытт Iэсхьэд ефэндыр. 
Iэсхьэд ефэндым и пхъурылъху, Уэзкъан и шыпхъу нэхъыжь Уэзджан-гуащэми мы хъыбарыр къыджиIэжащ и анэш дадэр Мысырым къызэрикIыжа щIыкIэм, абы и фэ икIахэм, лIэныгъэм къызэрела хъуам теухуауэ:
«Си анэш дадэр Мысырым къикIыжу Тырку щIыналъэм къыщихьэжам, тырку хабзэрылажьэ Iэщэзехьэхэм Iэрыубыд ящIауэ щытащ. Абы щыгъуэ Ермэлы зыкъэIэтыныгъэр щхьэусыгъуэ ящIурэ, къапэщIэхуэр яуплъэкIуу екIуэкIырти, щIыналъэм къихьэжагъащIэу гъуэгурыкIуэщ гуэрым екIуэлIа Iэсхьэд ефэндымрэ абы и гъуса зырэ тIасхъэщIэхыфэ гурыщхъуэкIэ Iэрыубыд ящI. «Дэ дыдин еджакIуэщ. Мысырым дыкъикIыжу аращ», - жаIа щхьэкIэ, зыри зрамыгъэдэIуэфу тIури яубыдри, щIыналъэм ирахуну кхъухьым ирагъэтIысхьауэ хы Iуфэм Iут ермэлы гупым хадзэ. И гъусэ щIалэр, Iэрыхьэгъуэ гуэр къыхохуэри, кхъухьым къокIуэсыкIыж. Езыр ермэлы губжьа гупым къахонэ, и закъуэу, зы пхъуантэ дэз тхылъи иIыгъыу. «Мы тыркур дукIынщи, хым хэддзэжынщ» жаIэу, ермэлыхэр зэрыгъэпэкIу щыхъум, «Сэ сытыркукъым, сыадыгэщ!» яжреIэ. «Дэнэ ущыщ?» - жаIэу къеупщIу, зыщыщ къалэр, къуажэр щажриIэм, языхэз адыгэбзэкIэ къоупщI: «Хэтхэ уащыщ?». Адыгэ къуажэ дэсауэ, адыгэбзэ ищIэу къыщIокI. И унэцIэр, и адэцIэр щыжрим, ермэлы щIалэр къотэдж, и бгырыпхыр зыщIехри, Iэщэ папщIэу иIыгъыу гупым захуегъазэ: «Мы щIалэм и гугъу зыщIынур япэу сэ къыспреув!» - жеIэри. ИтIанэ мыпхуэдэу къыпещэ: «Ермэлы гуп даубыдауэ дыкъашэу, мы щIалэм и къуажэм и деж жэщитI-махуитIкIэ дыкъыщыувыIауэ щытащ, псы тхуэлIэрэ дымэжэщIалIэу. Абы щыгъуэ мы щIалэм и адэм шхын хуабэ къытхуихьурэ дигъэшхащ!» Мис апхуэдэ щIыкIэу си анэш дадэр къелащ, ауэ и тхылъхэр хым хадзауэ щытащ. 
Абы иужькIэ и тхылъымпIэхэм хэплъэжхэу къуаншагъэкIэ и цIэ зыщIыпIи къызэрыхэмыщыр наIуэ къыщыхъум, къаутIыпщыжащ. Ауэ абы къриубыдэу ди анэш дадэр яукIауэ хъыбар къэIури, жэназы нэмэз нэгъунэ, «нэщIыбагъ жэназы нэмэз» жыхуаIэм хуэдэу, тращIэжат. Уеблэмэ махуэ плIыщIыр дэкIа иужь и щхьэгъусэр (ди анэш нанэр) яшэжыну и дыщхэр къыкIэлъыкIуахэт. Ауэ ди яхуэкIуэжатэкъым. Ди анэш дадэр Мысырым щыкIуэми ди анэм и анэр нысащIэу, мазищ фIэкIа мыхъуауэ щытауэ жаIэж. Мис ахэр къэхъуа иужь, мазитI дэкIри, езы дадэ къэкIуэжащ къуажэм. 
 Ди анэш дадэм Iэзхьэрым дин щIэныгъэр куууэ щиджащ. МэсхьэбиплIым теухуауи чэнджэщ къыуитыфыну щIэныгъэ бгъэдэлъащ. Хьэрыпыбзэмрэ къэжэрыбзэмрэ фIыуэ ищIэм имызакъуэу, инджылызыбзэми хищIыкIыу щытауэ жаIэж. Сыту жыпIэмэ, абы щыгъуэ Мысырыр Инджылызым яIыгъыу щытати, я бзэри щызекIуэрт. Латин тхыгъэкIэ еджэу, тхэуэ щытащ. Тырку тхыбзэр абы хуэкIуэн ипэкIэ, анэш дадэм ди анэми ди анэ шыпхъуми яригъэщIауэ щытащ латин тхыгъэр». 
МазищкIэ фIэкIа имыщхьэгъуса нысащIэр къигъанэу гъуэгу теувэн хуэдизу и гур щIэныгъэм пыпщIауэ щыта мы щIэныгъэлIышхуэм дыхуолъаIуэ Алыхьым и нэфIыр къыщыхуэну. 
 И псэр псэхуу, и хьэдрыхэ нэхуу Тхьэм жиIэ. 

«Узун-Яйла щыпсэуа адыгэ
дин щIэныгъэлIхэр» тхылъым щыщщ.

 

КЪУЩХЬЭ Эрдал.
Поделиться: