Нобэ

Iэщэ зыщIым и махуэщ

Японием щагъэлъапIэ зи ныбжь хэкIуэтахэм пщIэ яхуэщIыным и махуэр

1648 гъэм франджы физик, математик цIэрыIуэ Паскаль Блез къихутащ гидростатикэм и хабзэ нэхъыщхьэр.

1888 гъэм дунейм щыяпэу Бельгием щекIуэкIащ цIыхубз нэхъ дахэр къыщыхах зэпеуэ.

1943 гъэм партизанхэм щIадзащ «Концерт» зыфIаща операцэм. Абы хэтащ къэралым и партизан гупи 193-рэ - Белоруссием, Прибалтикэм, Карелием, Кърымым, Ленинград, Калинин областхэм щыщу. ГъущI гъуэгухэм лагъымхэр щIалъхьэу къагъауэурэ фашистхэм я мурад куэд къызэпаудащ абыхэм. Мазэрэ ныкъуэм къриубыдэу партизанхэм гъущI гъуэгу рельс мини 149-м нэблагъэ къагъэуат.

1963 гъэм Инджылызымрэ Франджымрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ Ла-Манш и щIагъым щIэкIыу гъущI гъуэгу яухуэну.

1996 гъэм дунейпсо Арктикэ советыр къызэрагъэпэщащ.

1544 гъэм къалъхуащ Урысейм и пащтыхь Иван Грознэм и щхьэгъусэу щыта Идар Гуащэнэ.

1937 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ, усакIуэ, публицист, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист АбытIэ Владимир.

1952 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэу щыта, УФ-ми КъБР-ми я ЩIыхь тхылъхэр зрата ЛIыгъур Хъусен.

1967 гъэм къалъхуащ урысей бэнакIуэ, Олимп джэгухэм плIэнейрэ щытекIуа, жылагъуэ лэжьакIуэ, Урысейм и ЛIыхъужь Карелин Александр.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 - 25-рэ, жэщым градус 16 - 17 - IIщыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Уи щхьэ хуэпщIыжыр уи нэмысщ.

 

Зыгъэхьэзырар ДЖАТОКЪУЭ Марианнэщ.
Поделиться:

Читать также:

02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ