Бэзэр цIыкIухэм уеIусэ хъурэ?

Хъунукъым, цIыхум я кIуапIэщи. Иджы хуэдэ бжьыхьэ зэманым къалэхэм я щIыпIэ щхьэхуэхэм псоми фIыуэ ялъагъу бэзэр цIыкIухэр уэру щызэхохьэ. Хэти щIымахуэм ишхыну гъэтIылъыгъэр абы къыщещэху, хэти унагъэ хадэм къыщыпача пхъэщхьэмыщхьэ къабзэ къелъыхъуэ. Къуажэ хадэхэмрэ мэзхэмрэ къыщыпача пхъэщхьэмыщхьэхэр, хадэхэкIхэр, цIыхухэм езыхэм яIэкIэ ягъэхьэзыра фIэIугъэ зэмылIэужьыгъуэхэр-псори къыщыбгъуэтынущ абыхэм.
ЗэманкIэ дызэIэбэкIыжмэ, абыхэм я хуитыныгъэр зэуэ дакъузауэ щытащ щIэуэ къэунэхуа агрокомпаниешхуэхэм. Гугъу ехьу къуажэдэсым и хадэм кърихамрэ и жэмым къыщIиша гъэшымрэ ищэн щхьэкIэ бэлыхьу ишэчыр нэхъыбэт, абы къыщIихыну тIэкIум нэхърэ. Бэзэр дыдэхэри арат: увыпIэ уимыIэмэ, ущагъэтынутэкъым, ар зэбгъэгъуэтынми ардыдэр пыщIат.
Илъэс блэкIам, куэдыр зэрыщымыгугъауэ, Iуэхум фIы и лъэныкъуэкIэ зихъуэжащ-иджы дэтхэнэри хуитщ гугъу зыдехьа ерыскъыхэкIхэр дэнэ дежи щищэну, псом ящхьэращи, компание щхьэхуещэхэм зэбгырахуу хуежьа бэзэр цIыкIухэм сату щызыщIэхэм зыри пэрыуэну хуиткъым. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт «Искож» хьэблэм Ашурэмрэ Неделинымрэ я уэрам зэхэкIыпIэм а районыр къызэрыунэхурэ тет бэзэр цIыкIур, хьэмэрэ Кулиевымрэ Кировымрэ я уэрам зэхэкIыпIэм хуэзэ лъэс зекIуапIэм нанэ цIыкIухэр щетIысэкI плIанэпэр щымыIэжу-куэдым я жагъуэ зэрыхъунум шэч хэлъкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сату щIапIэхэм узыщримыхьэлIэ куэд къыщыбогъуэт, уасэхэри зэгъырабгъущ, ар джэдкъазмэ, яукIа къудейщ, хадэхэкIмэ, ущIытешыныхьыжын щымыIэу, къыщIачагъащIэщ, нобэ узыхуейр ямыIэрэ, пщэдей гуфIэжу къыпхуахьынущ…
Мы гъэм Къэрал Думэм къыхилъхьа законопроектыщIэм сату цIыкIуфэкIу зыщIхэм я Iуэхур къатригъэпсынщIащ. Бэзэр цIыкIухэм къищынэмыщIауэ, ахэр хуитщ автолавкэхэми сату щащыну. Ауэ языныкъуэ щIыналъэ унафэщIхэм абыхэм хэIущIыIу ящIын хуейщ зэгъэбыдылIауэ щытыну щIыпIэхэр.
-Зы щIыпIэ хэха ар хуэмеймэ, е махуэ къэс абы мыкIуэфмэ-щэ? И Iуэху щыхуэхъу абы ищэну тIэкIум щхьэкIэ къыхуагъэлъагъуэ тхылъымпIэхэр зэхуихьэсу ар дэтыныр фIэщщIыгъуейщ, абы хуейри хэт? Сату цIыкIум ехьэлIа законыр зэман кIэщIым къриубыдэу къэщтэн хуейщ, и хадэм кърихар зыщэ цIыхумрэ щэхуакIуэмрэ яку къэзыщэху-зыщэжхэр къыдэмыхьэфын хуэдэу. Мыбдежым псом ящхьэр сатур зейм а ищэм и фIагъым жэуаплыныгъэ бгъэдэлъу бгъэдыхьэн хуейуэ аркъудейщ, хуиту цIыху егъэщэн хуейщ хабзэм къезэгъ псори, зэщэмрэ къэзыщэхумрэ езыхэр арыншами зэгурыIуэжу игъащIэм къокIуэкI. Абы хэлъхьэн хуей Iауи къысщыхъуркъым,-жиIащ Урысейм и хьэрычэтщIакIуэхэм я унафэщI Бунич Сергей.
Абы къыхигъэщащ къалэ, щIыналъэ къэс япэм щыIа потребкооперацэхэр зэфIэгъэувэжын зэрыхуейр,, цIыху къэс езым и хадэхэкIыр, пхъэщхьэмыщхьэр, гъэшыр, лыр зэрыхуейуэ яриту. Иджыпсту къэралыгъуэ куэдыр абы тету мэлажьэ. Псом япэ ар зиар дэрати, тхъумакъым. Ауэ къэсащ ар къэдгъэщIэрэщIэжын щыхуей зэманыр. Езыхэм ящэжмэ нэхъ къэзыщтэхэм, санитарнэ тхылъ яIыгъын хуейуэ аращ.
Потребительскэ кооперацэр зэфIэгъэувэжын папщIэ псом япэу IыхыпIэ щIыпIэхэм пэмыжыжьэу пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI хъумапIэхэр къыщызэIухын хуейщ. АбыкIэ къэралыр субсидиехэмкIэ къадэIэпыкъуамэ, Iуэхур псынщIэу ипэкIэ кIуэтэнут, цIыхухэм яфIэфIыпсу щIы IэнэщIрэ хадэу яутIыпщыжар къащтэжынут, агрооборотри ипIэм иувэжынут,-жиIащ унафэщIым.
Ди щIыналъэм а Iуэхур нэрылъагъуу щофIакIуэ. Головком и уэрамым тет «Магнит» тыкуэным и бжэIупэм пэмыжыжьэу бжьыхьэ хуэкIуэ зэрыхъуу адыгэ нанэ цIыкIуитIрэ зы урыс цIыхубзрэ къытотIысхьэ, жыг щIагъ жьауэр увыIэпIэ яхуэхъуауэ. Кэнжэ щыщ нанэхэм я хадэм кърахар яIыгъщ: мэ гуакIуэ щыууэ пасэрей мыIэрысэ, куэдрэ узримыхьэлIэж къыпцIэ хъурей плъыжь; урыс цIыхубзым мамкъутрэ езым и IэкIэ игъэкIа удз гъэгъа дахащэхэмрэ. ТIуми яIыгъыр зы сыхьэтыпэм ящэхури йожьэж. ЗэманкIэ ахэр абдеж къамыгъэтIысыжу екIуэкIащ, цIыхухэр щIэупщIэу. Иджыпсту абыхэм зыми я гугъу ящIыжыркъым, хуиту я сатур ящI, абдеж щыпсэухэм, жармыкIэ жыжьэм мыкIуэу, пхъэщхьэмыщхьэр хадэм къызэрырахам хуэдэу къабзэу къыщащэху мэхъу.

Лъостэн Музэ.
Поделиться: