Мамкъутыр яхуэбэгъуащ

Бахъсэн щIыналъэм и мамкъут (малинэ) губгъуэхэм я инагъыр гектари 3,5-м нос. Абы елэжь хозяйствэхэм пхъэщхьэмыщхьэр кIэрыхуншэу къызэрырахьэлIэжыным уэфIу екIуэкI зы махуэри къыхуагъэсэбэп.
Иджырей Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмрэ псы щIэгъэлъэдэкIэ мардэхэмрэ тету къагъэкIа мамкъутым зы гектарым хуэзэу тонн 32-рэ къытрах. ЩIыналъэм и хозяйствэ нэхъ инхэм ящыщ зым и IэщIагъэлIхэм дызэрыщагъэгъуэзамкIэ, щIым зэрелэжь иджырей Iэмалхэм я фIыгъэкIэ пхъэщхьэмыщхьэу кърахьэлIэр куэдкIэ нэхъыбэщ, фIагъкIи къызыхуэт щыIэкъым. Нэхъ зехьэгъуафIи хъуащ. Къудамэ зыбжанэу зэхэт мамкъутхэр куэд хуейкъым, къудамэхэм уемыгуауэу зыхуеину щIыгъэпшэрхэр и чэзум кIэщIэлъхьэн хуейуэ аркъудейщ.
Пхъэщхьэмыщхьэр къызэрырахьэлIэжыр IэкIэщ. ЛэжьакIуэхэр Iуэхум жьыуэ пэрохьэри, шэджагъуэм яух.
Бахъсэн щIыналъэм къыщагъэкIа мамкъутыр щащэр ди республикэ кIуэцIырщ.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: