«Нартхэм я фIыгъуэхэр» Налшык щагъэлъагъуэСабий, щIалэгъуалэ творчествэмкIэ уардэунэм щагъэлъэгъуащ «Нартхэм я фIыгъуэхэр» Х дунейпсо сабий-ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэм щытекIуахэмрэ абы и лауреатхэмрэ, «Дети России за мир в Сирии» япэ арт-марафоным хэтахэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр. Утыку къыщрахьахэм ящыщщ КъБР-м щыпсэу Сирием щыщ ди лъахэгъу ныбжьыщIэхэу зэпеуэм и лауреатхэмрэ дипломхэр зыхуагъэфэщахэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр. Мэзкуу къалэм лъэпкъ политикэмрэ щIыналъэхэм я зэпыщIэныгъэмкIэ и департаментыр, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, Лъэпкъхэм я унэу Мэзкуу дэтыр, Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэр и щIэгъэкъуэну, сурэтыщI-модельер ТIажь Альбинэ и фондым иригъэкIуэкI сабий-ныбжьыщIэ зэпеуэ-фестивалым нэхъри зеубгъу.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
14.04.2024 - 10:54 →
Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьа
10.04.2024 - 12:00 →
ЕгъэджакIуэр ящыгъупщэркъым
31.03.2024 - 09:22 →
Зыужьыныгъэм и лъагъуэм ирокIуэ
17.03.2024 - 11:10 →
Илъэс 40 гъуэгуанэ
17.03.2024 - 10:08 →
СурэтыщI, егъэджакIуэ
|