«Гузэсэжын»

Iуэтэж

Нэчыхьытх къэкIуэнухэм пэплъэу пэшым щIэс  гупым зылI къахэпсэлъыкIри, «сэ фызэмыдэIуэн гуэр фезгъэдэIуэнщ», - яжриIащ. ЖьантIэм дэс нэхъыжьым ар щызэхихым: «Тхьэ соIуэ, Мухьэжид, ар гупыж пщIыуэ къыщебгъэжьакIэ, гъэщIэгъуэн гуэру гурыщхъуэ сощIмэ, къэIуатэ мыдэ», - къритыжащ жэуап.

АтIэ, фыкъэдаIуэ. ГъунэгъуфI гуэр диIащ ЯмыдэкIэ еджэу, ауэ нэхъыбэр абы зэреджэн Гузэсэжынт. Абы цIэ лей щIыфIащами хъыбар иIэщ. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ди къуажэм къыщыдыхьам, Ямыдэхэ я пэш ипщэм зы нэмыцэ офицер къыщIэтIысхьати, Ямыдэу плъагъур абы ирибампIэу шхыдэрт. «Алыхь къыщIэзмыгъэтIысхьэн, дэр фIэкIа игъуэтыркъэ мы гузэсэжыным», - щыжиIэкIэ, фашистым Iуэхур зытетыр къыгурыIуауэ и нэхэр Ямыдэ къытриубыдауэ къеплъырт.

Ямыдэ и щхьэгъусэ Мурадин къэгузэвауэ и щхьэгъусэм хуогубжь: «Уи тIуалэр зэтепIэ, мыхэр зэрыгущIэгъуншэр умыщIэу ара? УаукIынщи, псэ ягъэнауи къащымыхъуу емыжьэжмэ».

Къуажэм жэщкIэ партизанхэр къыдыхьэурэ, нэмыцэхэр зэкъуэхуауэ зэраукIыр  офицер къэрабгъэжьым щызэхихым, пшапэр зэрызэхэуэу пэгуныжьыр щIехьэ, пэшыр и кIуэцIкIэ къегъэбыдэжри, мыдыму нэху щыху щIэсщ. Пщэдджыжьым пэгуныр къыщIихыурэ бжэIупэм къыIуикIэрти, куэд дэмыкIыу бжэIупэм уIумыхьэфу бамэ къыIуих хъуат, унэгуащэр абы иризэгуэпырт. Пщэдджыжь гуэрым, Ямыдэ  жэмыш къыщIэкIауэ, пэгун иIыгъыу пырхъуэм тет офицерым ирихьэлIащ. Ямыдэ куэд щIауэ зыхузэгуэп нэмыцэм и щIыбкIэ къыдыхьэри «Это не кабардинскэ закон, гузэсэжын», - жеIэ йоIунщIри, офицерыр пырхъуэм къреутIыпщхьэх. Ар зылъэгъуа Парий  къожэри  фашистым йопхъуэ, нэмыцэ гужьейм здигъэзэнури ищIэнури имыщIэу, кIэрахъуэу зыкъомырэ щытащ, итIанэ зыкъищIэжри, унэм щIэлъэдэжащ и кIэрахъуэр къыщIихыну, апщIондэху Ямыдэ зигъэбзэхащ. Зэрызехьэ макъыр зэхэзыха Мурадин къэхъуар къыгурымыIуэу къыщIэкIмэ, Парий лъыпсыр къыпыжу щылъщ,  Ямыдэ щимылъагъум, Iуэхур зытетыр къыгурыIуэри, щIыхьэжащ.

Зэмани дэкIыжащ абы лъандэрэ, нэмыцэхэри хэкум ирахужри, дунейр мамыр хъужащ. Ямыди нобэр къыздэсым зытригъэгусэркъым цIыхухэм къыфIаща цIэ лейм.

Абы хэту щIалэ пIырыпI цIыкIур, «нэчыхьытхыр къэсащ», - жиIэурэ пэшым къыщIэлъэдащ.

ЯХЭГУАУЭ Берд.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ