Хабзэмрэ бзэмрэ и лъабжьэу

Адыгэхэм нобэрей ди гьащIэмрэ махуэ тхуэхъуамрэ куэдым дрегьэгупсыс. Ар и Iэужьу къыщIэкIынщ лъэпкъым ди нэгу щIэкIамрэ дгъэвамрэ икIи а псор нэхъ куууэ къыдгурыIуэн, ди пщэдейм къытпэщылъыр нэхъыфI хъун папщIэ, а псор зыщыдмыгьэгьупщэу, дяпэ итахэм къакIуа гьуэгуанэ мытыншыр гьуэгугьэлъагьуэ тхуэхъуу дэтхэнэ зы адыгэри дыпсэун хуейщ.  

Зым дежкIи щэхукъым, тхыдэм куууэ ухэIэбэжмэ, адыгэ хэкур зэгуэр къэралыгьуэ ину, абы исхэм я зэфIэкIыр адрей лъэпкьхэм я щапхъэу зэрыщытар. Абы щыгъуэ зэтраубла хабзэмрэ цIыхугъэмрэщ адыгэр зыIэтари лъапIэ зыщIари, шыщхьэмыгьазэу зэрыщытамрэ лIыгьэу яхэлъамрэ я гугъу сщIыххэнкъыми. Уеблэмэ, ди бгъэм дыгушхуэу дезыгьэуэжыфри ди нобэми ахэращ. Адыгэ хабзэр цIыхум и напэр, и щытыкIэр, и хьэл-щэныр лъэныкъуэ псомкIи зыубзыхуф IэмэпсымэфIщ. Аращ адыгэм ди гьащIэр лъэныкъуэ псомкIи зэкIуэцIызыхыфыр. Хабзэм къыгуэхыпIэ имыIэу, и щIэгъэкъуэн лъэщу щIыгьущ адыгагъэр. АбыикI нэмыс, укIытэ, напэ, хьэтыр, гущIэгъу, Iулыдж жыхуэтIэхэр къызэщIеубыдэ. ИкIи арауэ къыщIэкIынщ ди хабзэмрэ адыгагъэмрэ къемыкIу икIи къемызэгъ гуэрхэр къыхалъхьэну щыхуежьэкIэ щэкI фIыцIэм Iуданэ хужь зэрыхэмызагъэм хуэдэу къыщIыхэщри. Ар къэмыхъун щхьэкIэщ хабзэмрэ адыгагъэмрэ зэкъуэпч щIэмыхъунур, сыту жыпIэмэ абы и купщIэр дилъми, ди пкъынэлынэми, ди псэми хэту дыкъэгъуэгурыкIуащи. Дэтхэнэ адыгэми ди къалэнщ тхыдэр, бзэр, щэнхабзэр тхуэзыхъумэу ди лъэпкъым къыхэкIа цIыху Iущхэр, акъылышхуэрэ щIэныгъэшхуэрэ ябгьэдэлъу гъащIэм хэтахэмрэ ди нобэкIи тхуэузыншэхэмрэ дгьэлъэпIэныр икIи тхъумэныр. Абы и закъуэ? А псор хъугъуэфIыгьуэ инщ щIэблэр ирибгъэсэнымкIэ, чэнджэщэгьу-ущиякIуэ яхуэпщIынымкIэ. Ар дэ тхузэфIэкIын хуейщ ди щIыпIэ дисыжщи икIи хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм бзэмрэ хабзэмрэ щызэIэпамыгъэхуакIэ дэркIэ укIытэгьуэшхуэщ а псор дгьэкIуэдыжыныр. ЗэрытщIэщи, адыгэм и гъащIэр зауэ хэмыкIыу ихьащ. Тхурикъунти Кавказ зауэжьу илъэсищэм щIигьукIэ къы дащIылIауэ щытар. Абы дэ къытхуихьащ гуIэгьуэ куэд, зэикI мыкIыжын дыркъуэуи лъэпкъым и «щIыфэм» къытенащ а псор, зэкъуэча-зэкIэщIэуда щIэхъуами ар и щхьэусыгъуэщ. Ауэ нэхъ кууужу ухэплъэмэ, псорикI зауэ екIуэкIам тетлъхьэу дытIысыж хъунукъым. Ди мыгъуагьэр езы адыгэхэм дяку илъа зэныкъуэкъуныгъэми къишащ. Мис абыикI лъэпкъым и лъэр щIихащ. Уэ езыр ущызэгурымыIуэжым деж, хамэм псынщIэ дыдэу лъэрымыхь узэрищIыфынури, ди жагъуэ зэрыхъунщи, къафIэIуэхущакъым.

Сытым дежи адыгэхэм адрей лъэпкьхэм пщIэшхуэ хуащIу, хабзэ-нэмыс кIэлъызэрахьэу щытащ икIи а псоми пщIэшхуэ къыпэкIуэжырт. А псом кърикIуэжырт зэхущытыкIэфIыр, я дзыхь кърагъэзыныр икIи ди япэ ита нэхъыжьыфIхэм ар къагурыIуэрэ абы иIэ мыхьэнэм гулъытэшхуэ хуащIу къэгъуэгурыкIуащ. Абы къокIыр адыгэм нэгъуэщI лъэпкъхэр фIыуэ ялъагьуу, къахыхьамэ хабзэкIи хьэщIагьэкIи зыкърамыгъэлу, цIыхугъэ лъагэкIэ бгъэдэту зэрыщытар.

Кавказ зауэжьым иужькIэ, зы заул дэкIри, революцэ иным и жьыбгъэр къыкъуэуащ. Жьыбгьэр жьыбгъэти шIы щхьэфэм хъунри мыхъунри трипхъуэтыкIащ - дин лэжьакIуэхэр, псэукIафIэхэр, пщы-уэркъхэр дуней нэхум трахужащ. Абдежми аргуэру зэ къыщыхэщIащ ди адыгэ лъэпкъыр, а псомикI хабзэри бзэри нэхъ лъэныкъуабэ дэхъуащ, къэунэхуа гъащIэщIэми зыдебгьэкIун фIэкIа зыкъыбдригъэкIунутэкъым.

Нобэрей гьащIэм укъыхэплъэмэ, ар тыншу пхужыIэнукъым. УиIэныгьэ-уимыIэныгъэр къызогьанэри, хаб­зэмрэ бзэмрэ зэрыбгъунлъэм укъыхегьащIэ. Ар зезыхьэн икIи зыIурылъын хуей нэхъыжьыфIхэри зэрымащIэ дыдэм укъегъэгузавэ. Бын къэплъхуныр, дунейм къытебгъэхьэныр хъарзынэщ, ауэ а зымкIэ зэфIэкIыркъым - адэ-анэм я къалэнщ ахэр ягъэсэныр, я бзэр ящIэу къагъэтэджыныр, нэхъ мыхъуми, нэхъыжь щыпсалъэкIэ я напIэр ехьэхарэ и псалъэр нырагьэгъэсу зы укIытэ гуэр яхэлъу ягъэсэныр. Сыт нобэ уэрамым дыкъытехьамэ ди щIалэгьуалэм (псорикI жысIэркъым) ядэтлъагъур? Я зыхуэпэкIэм и гугъу сщIыххэнкъыми, я щытыкIэр, ягъэлъагьуэ хьэлыр, я жьэм къыжьэдэкI фэсэдыгьэм уи гур хегьэщI. АтIэ, дэтхэнэ зыри зы унагъуэ гуэр къикIащ, хьэблэ, къуажэ къыдэкIащ. Ар ямылъагъуура, хьэмэрэ гу лъамытэу ара? ФIэщщIыгьуейщ. Быныр IэфIщ, Iэджэ щыхудэпчыхи къохъу, ауэ хьэлыншагьэмрэ хабзэншагъэмрэ ялэжьу; адэ-анэми, адэшхуэ-анэшхуэхэми, нэхъыжьхэми щIыхуадэн щыIэкьым. ГъащIэ къыщыбгъэщIакIэ, н э х ъ ы б э къыщыбгурыIуэкIэ уи къалэнщ ахэр къызыхуэкIуэным ебгъэгупсысыныр, Iейм пэщIэпхыныр, гьуэгу пхэнж теувэмэ абы кърикIуэнумрэ къыщыщIынымрэ къыгурыбгьэIуэныр. Си Iуэхущ, хабзэмрэ адыгагъэ лъэщымрэ абыкIэ щIэгьэкъуэн пхуэмыхъуми! ИкIи а псор Тхьэм IэджэкIэ нэхъ псынщIэ кьытщищIынт цIыху зэтет, акъыл жан, гупсысэ куу зыбгъэдэлъ, адыгэхэр дызэрыIыгъын зэрыхуейр хьэкъыпIэкIэ зыпхыкIа нэхъыжьыфIхэр ди нэхъыбатэмэ.

Дэтхэнэ зы адыгэри зэрыадыгэр ищIэжу, ищIэм егупсысу, мыхъумыщIагъэ-мыгъуагъэ гуэр игу ирилъхьамэ, къэзылъхуами, къызыхэкIа лъэпкъми, къызыдэкI хьэблэжьми пудыныгьэ ин къазэрыхуихьынум къигъэувыIэу, лъэпкъ напэр зэрихъумэным хущIэкъуу псэун хуейщ. Армырамэ, лъэпкъыр зэкIэрыщэщыжыпэнущ. ИтIанэ, куэдрэ урохьэлIэ я ныбжьри нэсауэ, щIэныгъи ябгъэдэлъу, ауэ я анэдэлъхубзэмкIэ къабзэу мылсэлъэфу икIи къемыджэфу. Ар езыр фIэфIу апхуэдэу щытми, е щхьэзыфIэфIагъым къыхихми, е и бзэр зэримыпэсыжми Тхьэм ещIэ, ауэ апхуэдэ цIыхум и жагъуэ иремыщI, лъэпкъыбзэм и кIуэдыжыным къежьапIэ зэрыхуэхъур жысIэмэ. Зэгуэр димылъэпкьэгъу гуэрым сеупщIат: «Урысыбзэри хъарзынэу уощIэ, ауэ уи бзэми фIы дыдэу узэрыхуэшэрыуэри зыхызощIэ. сыт ар къызыхэкIыр?» - жысIэри. Быдэу къызэплъри: «Сэ сызэрыцIыкIурэ сыкъэзылъхуахэми ди нэхъыжьыфIхэми зэикI къысхуагъэдэхакъым си бзэм япэ нэгъуэщI бзэ изгъэувэну», - къызжиIащ. Ар узэхъуапсэ хъун Iуэхугъуэкъэ! Дэ хэт къытпэрыуэр, хьэмэрэ зэран къытхуэхъур нэхъ мыхъуми ди унэ кIуэцI ди бзэмкIэ ди бынхэм депсэлъэжыну? Аращи, псорикI къыщежьэр унагъуэращ, адэ-анэм дежщ.

Иужьрей зэманым куэдрэ урохьэлIэ адыгэ хабзэм нэхъ диныфI дыхуейтэкъым жаIэу. Ар щыуагъэшхуэщ. Адыгэ хабзэр муслъымэн диным зыкъомкIэ тохуэ икIи арагъэнщ ди япэ итахэм нэхъ тыншу ар къыщIащтари. Ди лъэпкъ хабзэмрэ муслъымэн динымрэ зэрызэрыубыдрэ зэман кIыхьыфIи дэкIащ, а щIыкIэм тетуи зэхэуващ икIи зэпкърызэгъащ. Ауэ, итIаникI, а тIур зэхэкIакъым, ар къэхъунри Iэмал зимыIэщ, сыту жыпIэмэ адыгэм езым лIэщIыгъуэ IэджэкIэ ирихьэкIа гъащIэм къезэгъыр диным къыхикъузыкIри, адрей лейр гуигъэхуащ. ИтIанэ, ди хабзэр куэдкIэ нэхъыжьщ муслъымэн диным нэхърэ, а зы закъуэм а тIур зэпэщхьэхуэу егъэув. Аращи, зым и пIэм адрейр сыт умыщIами пхуигъэувэнукъым.

Европэм ис щIэныгьэлI, тхыдэтх, тхакIуэ, зыплъыхьакIуэ куэд ди щIыпIэм щыIащ икIи ди хабзэр зыфIэмыдэха ахэм къахэкIакъым. Ар къагьэна я Iэрытххэми хыболъагъуэ. Ди адыгэ хабзэр яфIэгъэщIэну щIаджари узыгъэгупсысэу, фIым укъыхуезыджэу, щIэблэр ирибгъэсэнымкIэ IэмэпсымэфIу зэрыщытыр къазэрыгурыIуарщ. Ди­ным и хабзэр зыубзыхур КъурIэныращ, абы зэхъуэкIыныгъэ зэикI иIэнукъым. Муслъымэн диным къигъэув хаб­зэмрэ адыгэ хабзэмрэ зэбгъурыту зехьэн хуейщ, ауэ ди лъэпкъым нэхъ хуэлажьэри икIи хуэлэжьэнури адыгэ хабзэращ. НэгъуэщI лъэпкъхэр нэхъ нэ лейкIэ къыдэзыгъэплъ, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа ди хабзэм ар и хуитыныгьэ къэмылэнджэжщ. ИтIанэ, динымрэ ди лъэпкъ хабзэмрэ зыуэ щытатэмэ, ди нэхъыжьхэм «адыгэ хабзэ», «дин хабзэ» жаIэу зэхагьэщхьэхукIынутэкъым. Абы къикIыркъым а тIур зэпэщIэбгьэувэу, хьэмэрэ зэмызэгъыу. А хабзитIыр зэрыIыгъщ, ауэ зэхэпщакъым, ар зэгъусэу зыгъэзэщIэфI цIыхуми нэмысрэ насыпрэ иIэнущ.

Си тхыгъэм и кIэухыу щIэджыкIакIуэхэм сызэрывэлъэIур зыщ - кхъыIэ, ди щIэблэм датевмыгьэплъэкъукI ди бзэкIи, ди хабзэкIи, ди цIыхугъэкIи. Аращ лъэпкьым и къэкIуэныр зейр, нтIэ щрет ахэр дахэу, екIуу, къызыхэкIа лъэпкъ уардэм хуэфэщэжу! ЗэикI дытевмыгьэзашэ мы Iуэхугьуэ щхьэпэм.

МЭЗКУУ Къан.
Поделиться: