ТкIыбжьыгъэ зыхэлъ цIыхугъэ

Iуэтэж

ХьэтIохъущокъуэмрэ Къанокъуэмрэ  зэбийт. Пщыхэм я къыкIэлъыкIуэ зэIущIэм игъэнэIуэнут нэхъ лъэщыр дэрами, ауэ гурыIуэгъуэт лъыгъажэ хэмыту Iуэхур зэрызэфIэмыкIынур. А лъэхъэнэм  Къанокъуэр хьэжрэтти Псыжь ( Кубань) щыпсэурт.

         Зэгуэрым ХьэтIохъущокъуэм и гупыр дэщIыгъуу  зекIуэ ежьауэ  беслъэнеипщым  и Iэхэлъахэм   ихьащ икIи, Къанокъуэр игъэунэхун мурадкIэ, хъыбар  иригъэщIащ. Мыдрейми зигъэгувакъым, шу гуп зэщIигъури, къэбэрдеипщым къыпежьащ. Уанэншу шым тесрэ и Iэщэр гъэпкIауэ  псом япэ иту Къанокъуэм и щIалэ нэхъыщIэр къажэрт.   ПсынщIэу   къапэблагъэ шууейм игу фIы зэримылъыр  игъэлъагъуэу, ХьэтIохъущокъуэм и  блыгущIэтхэм  я нэхъ шэрыуэм и Iэщэр  щIалэщIэм тригъэпсащ. Ауэ  пщым ар къыхуидакъым «шэрэ лъырэ зэхыумыгъэлъадэ» - жиIэри (щIалэр фIэсабийт). Ауэ щыхъукIи, щIалэщIэр къэсри, ХьэтIохъущокъуэм и укIыпIэм техуэу къеуащ. А зэпэщIэувэныгъэм  къэбэрдеипщымрэ  Къанокъуэм и щIалитIрэ хэкIуэдащ.

         А щыми я хьэдэр Къанокъуэ жылэжьым къахьыжри, хьэщIэщым зэгъусэу щIалъхьат.  Пщым и щIалитIым пщIэ хуащIу жьантIэмкIэ далъхьэри, ХьэтIохъущокъуэм ейр щIэкIыпIэ дыдэм деж ягъэтIылъат.

         Хьэдэгурышэу къыхуашэжа и къуитIыр зыщIэлъ  пэшым Къанокъуэм и щхьэгъусэр    щIыхьэри, и нэпс къудамэ Iэпымыхуу щIалэхэм  я щхьэм Iэ дилъэри, жиIащ: «Си щIалэхэ, лIы хуэфэщэну  дунейм фехыжащ. Фи гъащIэр  пщIэншэу фтакъым».  Бзылъхугъэм ХьэтIохъущокъуэм и  хьэдэмкIэ  зыкъигъазэри, жиIащ: «Пщыр жьантIэм дэфлъхьэ. Ар ди  хьэщIэщ дэ…»

 

 

ГъукIэмыхъу Iэбубэчыр.
Поделиться:

Читать также: