КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЕгъэджакIуэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу хуэзащ ди республикэм и школхэм щылажьэ егъэджакIуэ ныб­жьы­щIэхэм. ЗэIущIэм хэтащ пэщIэдзэ классхэм, гуп нэхъыжьхэм гуманитар, естественнэ-щIэныгъэ предметхэр, ин­форматикэр, физкульту-рэм­рэ ОБЖ-рэ щезыгъэ­джхэу, щIэ­ныгъэ гуэдзэн щрагъэгъуэт IуэхущапIэхэм щылажьэхэу IэнатIэм пэрыувагъащIэ IэщIагъэлIхэр. Абы кърих­ьэлIащ ­КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэ­ны­гъэмкIэ и министр Езауэ  Анзор.

ГуфIэгъуэ зэхуэсым хэтащ Worldskills Russia лъэпкъ проектым, НыбжьыщIэхэм щIэныгъэ гуэдзэн егъэгъуэтынымкIэ IэнатIэм и IэщIагъэлIхэм я къэралпсо зэ­пеуэм и щIыналъэ Iыхьэм, Класс унафэщIхэм я урысейпсо зэхыхьэм, егъэджакIуэхэм я дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэ щыхъуа IэщIагъэлIхэр, школакIуэхэм я олимпиадэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм щытекIуа ныбжьыщIэ куэд зыгъэхьэзыра егъэджакIуэ Iэзэ­хэр. Апхуэдэхэт Налшык дэт ку­рыт школ №29-м пэщIэдзэ классхэр щезыгъаджэ Къумахуэ Лилианэ, Прохладнэ къалэм и лицей №3-м биологиер щезыгъэдж Казанцевэ Екатеринэ, Бахъ­сэн къалэ дэт курыт школ №3-м урысыбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Хьэ­щIэрылI Каринэ, Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэт курыт школ №3-м тхыдэмрэ обществознаниемрэ щезыгъэдж Успанов Щэмил, Шордакъ жылэм дэт курыт школым физикэр щезыгъэдж Щоджэн Марьянэ, Щхьэлыкъуэ и курыт школ №2-м пэщIэдзэ классхэр щезыгъаджэ Хъутат Миланэ, Балъкъэр Ипщэм дэт курыт школ №1-м географиер щезыгъэдж Занибековэ Жамиля, Ташлы-Тала, Лэскэн Ипщэ жылэхэм я курыт школхэм щеджэхэм щIэныгъэ гуэдзэн езыгъэгъуэт Байсиев Ильяс, Майскэ къалэм дэт курыт школ №14-м урысыбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Брыкинэ Марие, Тэрч къалэм дэт курыт школ №3-м инджылызыбзэр щезыгъэдж Уэрсей Iэминэ, Малакановскэ къуажэм и курыт школым физкультурэмрэ ОБЖ-кIэ и егъэджакIуэ Квелашвили Георгий, Джэрмэншык дэт курыт школым физкультурэмкIэ и егъэджакIуэ Мэз Аслъэн, Тырныауз къалэм дэт курыт школ №3-м информатикэмрэ 3D моделированиемрэ щезыгъэдж Батырбиев Тамерлан.
Республикэм и Iэтащхьэм псалъэмакъ хьэлэмэт икIи куп­щIафIэ ядригъэкIуэкIащ егъэ-джакIуэхэм. Школ лэжьакIуэхэр тепсэлъыхьащ IэнатIэм пэрытхэм я Iэзагъымрэ зэфIэкIымрэ нэхъри хэгъэхъуа зэрыхъунум, урысейпсо утыкум пщIэ лъагэ щызыгъуэта егъэджакIуэ IэкIуэ­лъакIуэхэм мастер-классхэр ирагъэкIуэкIыныр къызэгъэпэ-щы­ным ехьэлIа Iуэхухэм. Апхуэдэу ахэр къытеувыIащ республикэм  и еджапIэ нэхъыщхьэхэм естественнэ-щIэныгъэ унэтIыныгъэмкIэ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр педагогикэ факультет къыщызэгъэпэщыпхъэу къызэралъытэм, физикэр, химиер, биологиер, математикэр езыгъэджхэм щIыналъэр хуэмыныкъуэн папщIэ. ­Къи­щынэмыщIауэ, и гугъу ящIащ егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэнри зыгъэпсэхунри щы­зэдахь хъуну гъэмахуэ школхэр къызэIухыным. Гулъытэ хуащIащ егъэджакIуэхэр зыпыщIа дэф-тэрхэм, зэлIалIэ тхылъымпIэхэм ящыщ гуэрхэм кIэрыбгъэху зэрыхъунуми къуажэхэм дэт курыт школхэм физкультурэмрэ спортымкIэ IэнатIэхэр къыщызэгъэ-пэщынми.
- Фи жэрдэмхэм ящыщу зыри гулъытэншэу къэнэнукъым. Ахэр набдзэгубдзаплъэу дджынущ, нэхъыфIхэр лэжьыгъэм къы- щы­д­гъэсэбэпынущ, - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек, егъэджакIуэхэм къыхалъхьэ Iуэху­гъуэ­щIэхэм тепсэлъыхьу.
Абы жиIащ ди республикэр егъэджакIуэ IэзэхэмкIэ, зэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъхэмкIэ дапщэщи зэрыцIэрыIуэр, абыхэм ящыщ куэдым я цIэхэр фIыкIэ урысей утыкушхуэхэм зэрыщы­Iуар. Къапщтэмэ, Къэбэрдей-­Балъкъэрым и лIыкIуэхэр илъэситI зэкIэлъыкIуэм хъуащ «ЕгъэджакIуэ нэхъыфI» къэралпсо зэпеуэм и лауреат. Апхуэдэщ 2021гъэм зи цIэр фIыкIэ ираIуа, Май къалэм дэт курыт школ ­№2-м инджылызыбзэр щезыгъэдж Къущхьэ Каринэрэ мыгъэрей зэпеуэм мызэ-мытIэу къыхэжаныкIа, Налшык и лицей №2-м физикэмрэ астрономиемрэ щезыгъэдж Къэшэж Аслъэнрэ. Ар яхэхуащ Урысей Федерацэм нэхъыфIу къыщалъыта егъэджакIуэ 15-м, УФ-м и Президент Путин Владимир зыхуэза егъэджакIуэ нэхъыфIитхуми ящыщащ.
 - Дэ дыхуейщ зи цIэ къисIуа егъэджакIуэхэм хуэдэ куэд ди щIыналъэм къихъуэну. Абы папщIэ а IэщIагъэр уи гумрэ уи псэмрэ хэлъу, ббгъэдэлъ зэфIэ­кIыр егъэфIэкIуэным уелIалIэу, зэ­маным къигъэув мардэхэм уа­пэхъуу ущытын хуейщ. Дауи, а псоми IэмалыфIхэр къыхузэгъэпэщыпхъэщ, - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
Федеральнэ, щIыналъэпсо программэхэм, лъэпкъ проектхэм къриубыдэу, Къэбэрдей-Балъ­къэрым щофIакIуэ егъэ­джэныгъэ IэнатIэр, нэхъ лъагэ мэхъу щIэныгъэу ныбжьыщIэхэм иратым и фIагъыр, нэхъри зопэщ школхэм я мылъку-техникэ лъабжьэр. БлэкIа илъэсищым къриубыдэу республикэм щау­хуащ ныбжьыщIэ 3335-рэ зэ­кIуалIэ школыщIэу 6, 2025 гъэм нэс абыхэм иджыри къахэхъуэнущ школыщIэу 18. Мы зэманым яухуэ школи 10, къэкIуэну илъэситIым къриубыдэу зыхуей ­хуа­гъэ­­зэжынущ, зыхуэныкъуэ тех­никэкIи къызэрагъэпэщы- нущ еджапIэ 50. Егъэджэныгъэ IэнатIэм мы зэманым гулъы­тэшхуэ зыщыхуащIхэм ящыщщ «Къэ­кIуэну лъэхъэнэм и егъэджакIуэ» проектыр. Ар зыхуэгъэпсар IэнатIэм пэрыт лэжьа-кIуэхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIымрэ щIэныгъэмрэ нэхъри хагъэ­хъуэнырщ.
 Егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрытхэм жылагъуэм щаIэ увыпIэр ­хэхауэ зэрыщытыр къигъэлъа­гъуэу, УФ-м и Президент Путин Владимир 2023 гъэр триухуащ ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу. Абы къриубыдэу Урысей Федерацэм щекIуэкIынущ щIыналъэпсо, федеральнэпсо мы-хьэнэ зиIэ Iуэхугъуэ куэд. Мы зэманми ди республикэм щокIуэкI егъэджэныгъэм пэрытхэм я Iуэхур егъэфIэкIуэным хуэгъэп-са лэжьыгъэхэр. Апхуэдэу, къэ­ралпсо зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм я федеральнэ, щIыналъэ Iыхьэхэм щытекIуа ныбжьы­щIэхэр ­зыгъэхьэзыр егъэджа­кIуэхэр саугъэт зэмылIэужьыгъуэ­хэмкIэ ягъэ­­лъапIэ, къуажэхэм щылажьэ IэщIагъэлIхэм щхьэщах коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм хуэкIуэ уасэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым ехъулIэныгъэ пылъу щолажьэ «Къуажэ егъэджакIуэ» къэрал программэр. Абы и фIыгъэкIэ жылэ пхыдзахэм дэт школхэр зыхуэныкъуэ егъэджакIуэхэмкIэ къызэгъэпэщащ. А программэм ипкъ иткIэ блэкIа илъэси 3-м ­къриубыдэу егъэджакIуэ 21-м яIэрыхьащ сом мелуан зырыз хъу грантыр.
ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм методикэ дэIэпыкъуныгъэ еты­ным хуэунэтIауэ мэлажьэ «IэнатIэм пэрыувагъащIэ егъэджа­кIуэм и школ» программэри.
Нэгъабэ хуэдэу, мы гъэми шыщ­хьэуIум и 1-м ирихьэлIэу республикэм и егъэджакIуэхэм я улахуэм проценти 10-кIэ хагъэ­хъуащ. ЩIыналъэм и Iэтащхьэм зэрыжиIамкIэ, мы зэманым йолэжь IэнатIэм пэрытхэм улахуэ зэретыпхъэм хуэщIа хабзэщIэм. Абы ипкъ иткIэ егъэджакIуэм ­нэхъ мащIэ дыдэу къихьыпхъэ улахуэр процент 40-кIэ хагъэ­хъуэнурэ сом 12500-м нагъэсынущ. КъищынэмыщIауэ, егъэ­джа­­кIуэхэм мазэ къэс иратынущ нэгъуэщI ахъшэхэри.
 - Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм Iэмал къыдитынущ илъэсым и иужьрей мазищым ди егъэджакIуэхэм я улахуэр къэтIэтыну, ику иту ар хъунущ мин 31-рэ, - къыхигъэщащ щIыналъэм и Iэ­тащ­хьэм. - 2021 гъэм республикэ бюджетым къыхэкIыу егъэджэ­ныгъэ IэнатIэм меларди 3,7-рэ хухэтхауэ щытамэ, мы гъэм ар меларди 4,5-м нос, 2023 гъэм абы хуэдутIыпщынущ сом меларди 5-м щIигъу.
 Къэбгъэлъагъуэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэ IэнатIэм щыпэрытхэм ящыщу зи ныбжьыр илъэс 35-м нэмысахэм я бжыгъэр 1152-рэ мэхъу (процент 16), илъэс нэхърэ нэхъ мащIэу  а  IэщIагъэм иролажьэ цIыху 493-рэ (проценти 7). ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм защы­хуигъазэм КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрытхэм зи щIалэгъуэ куэд яхыхьэныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэу зэрыщытыр, апхуэдэуи а зи щIалэгъуэхэм унэтIакIуэ тэ­мэм яIэнми гулъытэ зэры­хуэ­щIыпхъэри жиIащ.
- Си гуапэ хъуащ псоми дифI зыхэлъ псалъэмакъ купщIафIэ икIи хьэлэмэт ди зэIущIэм зэрыщекIуэкIар. ФIыщIэ ин фхузощI республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэр езыгъэфIэкIуэну, совет зэманым щыIа Iуэху зехьэкIэм хэлъа мардэ нэхъыфIхэр зи тегъэщIапIэ жэрдэмыщIэхэмрэ еп­лъыкIэщIэхэмрэ фи куэду лэжьыгъэм фызэрыпэрытым папщIэ, - жиIащ зэхуэсым и кIэухыу КIуэкIуэ Казбек. - Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу фэри а IэнатIэм Къэбэр­дей-Балъкъэрми Урысей Фе­дера­цэми щыпэрыт псоми. Нэхъ лэжьыгъэ хьэлэл щыIэкъым сабийхэр бгъэсэн, щIэныгъэ ябгъэдэплъхьэн нэхърэ. Зи цIэр фIыкIэ Iуа, ехъулIэныгъэфIхэр лэжьыгъэм щызэзыгъэгъуэтахэм дяпэкIи дазэрыIущIэнум шэч къытесхьэркъым.  

 

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: