Къамэм теухуауэ

 Адыгэ къамэ зылъэгъуам гу лъимытэнкIэ Iэмал иIэкъым къамэдзэм лэдэх зэрытелъым. А лэдэххэм щхьэкIэ адыгэхэм джуд (е жуд), жаIэ. Къамэ щыIэщ жуд темылъу, къамэдзэр гъущI джафэу. Апхуэдэ къамэ зыхуащIхэр щIалэ цIыкIухэрт, къану япIу атэлыкъым и деж щыIэхэм я ныбжьыр илъэсиблым нэсамэ. АбыкIэ щIалэ цIыкIухэм загъасэрт къамэ яIыгъыфу, зэрахьэфу, къагъэсэбэпын хъумэ, хуэсакъыу. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зызыхуагъасэр IэщакIуэ зэрыхъунум и закъуэтэкъым. Уеблэмэ нэхъыщхьэр аратэкъым. АтIэ сытым щхьэкIи и къамэ Iэпщэ емыпхъуэу, къамэр къримыгъэлъэту есэнырт. Адыгэхэм жаIэрт: утэмакъкIэщIу къамэ къыумых, къипхауэ ар йомылъхьэж.
Абы щIапIыкIа щIалэм, лIым, езым и щхьэ зэрыхуигъэфэщэжкIэ, и зышыIэныгъэм елъытауэ, жуд зытелъ къамэхэр зрагъэгъуэту, зэрагъэпэщу щытащ. Къамэ щыIащ зы жуд телъу, жудитI иIэу, жудищ телъу. ЩIалэ цIыкIухэм я къамэ зытемылъымкIэ, ар кърихрэ зыгуэру зэранамэ, ешхыдэ мыхъумэ абы фIэкIыртэкъым, ар щIалагъэ делагъэу ялъытэу. АдэкIэ къамэ къизыхам и тезырыр елъытат абы къриха къамэм телъ жуд бжыгъэм. АтIэми къамэ кърихамкIэ зэран гуэр ищIамэ, зыгуэр иуIуамэ. АдыгэлIым шыIэ нэс схэлъ хъуащ, зыхужимыIэжауэ жудищ зытелъ къамэ зэригъэпэщыртэкъым. Жудищ зытелъ къамэ лIым цIыкIуфэкIукIэ кърихынутэкъым икIи, пэж дыдэу, кърихауэ ар пщIэншэу ирилъхьэжынутэкъым. Жудищ зиIэ къамэм лIым и пащхьэ иригъэувэ къалэнышхуэр арагъэнущ апхуэдэ къамэхэр мащIэ дыдэу щIыщытари.
Къамэм ехьэлIауэ мы хабзэри щыIэт. Адыгэхэм емыкIушхуэу ябжу къекIуэкIырт къамэкIэ упыджэныр. КъамэкIэ пыджэртэкъым, атIэ къраупщIэхыу арат, къамэдзэр къыдэгъэзеяуэ мыхъуу, егъэзыхауэ, къамэ Iэпщэр яIыгъыу.
Мыхэр цIыкIу щIыкIэ зылъагъу, зэхэзых, абы щIапIыкI щIалэгъуалэр, нэхъыжь и псалъэ фIэлIыкIым и мызакъуэу и щхьэ, и адэ-анэм я щIыхь, я лъэпкъым и пщIэ, я нэмысым хуэсакъыу къэхъурт, дэнэ и дежи, сыт щыгъуи мыхэр сымыгъэукIытащэрэт, ди нэхъыжьхэм яхуэфащэу сыщытащэрэт, жиIэу.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, нэхъыжьым я пщIэм, я щIыхьым, я псалъэм куэд иIыгът. ИтIанэ абы текъузи хэгъэзыхьи хэлътэкъым. Ар нэхъ зэлъытар езы нэхъыжьым хабзэ зэрищIэ, Iуэху зехьэкIэм зэрыщыгъуазэрт, «бжьынэ зэрына» зэригъэкIыфу, пэж жиIэфу, а пэжми тетыфу. Ар япэкIэ гупсысэм и мызакъуэу, плъэфуи щытын хуейт. Зи акъылрэ зи пэжагъкIэ цIыхур къэзыхьэхуфхэр лъэпкъым я набдзэт, бэм я жыIакIуэт, хеящIэт, уэчылт. ИкIи куэдрэ къэхъуртэкъым ахэр щыуэу. Апхуэдэ нэхъыжьхэр тхьэрыIуэ щыхьэту увхэрт, ахэр шэсыпIэ ихьэхэрт, зыхуихьам и Iуэхум шэч къытрахьэжыртэкъым.
КъызэрыщIэкIымкIэ, уегупсысмэ, щIалэм е лIым езым и щхьэ хуигъэфэщэж къамэ къыхихырт зы жуд, жудитI е жудищ телъу, ауэ нэхъыжьыр, лIыр жыIакIуэ хъунуми, хеящIэ ящIынуми, адэкIэ Iэби тхьэрыIуэ щыхьэту къащтэнуми зэлъытар абы цIыхур зэригъэпэжыфырт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, апхуэдэ нэхъыжьым и гъащIэ псомкIэ къигъэлъагъуэу арат и адыгагъэмрэ и цIыхугъэмрэ. ПщIэмрэ щIыхьымрэ зы махуэкIи, зы илъэскIи зэрагъэпэщыртэкъым. Псори зэпэлъытат: и лъэпкъым сыт я псэукIэ, и адэ-анэм сыт хуэдэ губзыгъагъэ къапиха, и щIалэгъуэм щыгъуэ сыт и зэфIэкIт, щизэманыгъуэм дауэ цIыхум яхэтыфа. А псом къамэ къыхэхыкIэри, а къамэм и къэгъэсэбэпыкIэри хэту. 
Нэхъыжьыгъэр къызэралъытэр ныбжькIэт. Зэшхэм, зэныбжьэгъухэм, зэгъусэхэм я нэхъыжьыр я Iэтащхьэт. ЗэтIолъхуэныкъуэхэм я нэхъыжьыр яужь дунейм къытехьар арат. Зэдэлъху-зэшыпхъум зэрагъэхьышхуэ щымыIэмэ, щIалэ цIыкIум зэрыцIыхухъум щхьэкIэ пщIэ лей ирату нэхъыжьыгъуэр хуагъэфэщэнкIэ хъунут, абы и жыIэр нэхъ ягъэзащIэу, абы ящIэнумкIэ ечэнджэщу.
Хабзэ щIэныгъэр Iуэхушхуэм и мызакъуэу, икIи Iуэху инщ. Ар зэи цIыхум зэран хуэхъуакъым. Зэран хъур щIэщыгъуэщIу, дэтхэнэ зыми ядэплъагъур уемыгупсысу уи гъащIэм хэплъхьэну, хыупщэну ущыхэтырщ, уи хабзэ дахэм и пIэкIэ. Абы ехьэлIауэ адыгэхэм щIэнакIалъэ куэд яIэт, ауэ мы псалъэжьхэр дигу къэдгъэкIыжмэ нэхъыфIу къыщIэкIынущ: «ХабзэмыщIэр щIыкIейщ», «Хабзэншэр напэтехщ», «ХабзэмыщIэ жьантIакIуэщ», «ХабзэмыщIэ зыхамыщIэ тэджауэ зегъэпсчэIу». Ахэр ауэ сытми лъэпкъым къигупсысакъым.
Къызыщыхъу щыIэщ хабзэ умыгъэзащIэу узэрыхуейм хуэдэу упсэумэ, нэхъ тыншу, нэхъыфIу. Дауи, узэрыадыгэр пщыгъупщэжауэ, уи ныбэрэ уи фэрэ фIэкIа нэгъуэщI къыпфIэмыIуэхуу щытмэ, упсэуху упсэунущ. Ауэ щхьэхуещагъэмрэ щхьэхуэфIыгъэмрэ псори щIебгъэхъумэмэ, узэрыцIыхум къикIыж щыIэкъым. Зи нэхъыжь зымыгъэнэхъыжьым, зи адэ-анэ елъэстауэм, зи бзэ, зи хабзэ лъэныкъуэ езыгъэзым сыт хуэдэ щIэпхъаджагъэри ищIэфыну ялъытэрти, апхуэдэхэм адыгэхэм я дзыхь ирагъэзыртэкъым. ЖаIэрт: «Бзаджэр уи цей къуащIэ къытетIысхьэмэ, пыупщIи къэгъанэ».

 

 

МафIэдз Сэрэбий. «Адыгэ хабзэ» тхылъым къитхыжащ.
Поделиться: