АдыгагъэкIэ хьэщIэмрэ бысымымрэ яхуэгъэза хабзэхэр

Адыгэ хьэщIэ и щIасэщ.

ХьэщIэр Тхьэм и лIыкIуэщ.

Адыгэ псалъэжьхэщ.

Дуней псом лъэпкъыу тетым хьэщIэм ирахыу езыхэм я хабзэ яIэжщ. Кавказ лъэпкъхэр къапщтэмэ, хьэщIэ гъэхьэщIэнкIэ цIэрыIуэщ, абыкIэ къалъэщIыхьэр мащIэу куэдым къалъытэр.

Адыгэхэм я деж щыIауэ ятетхыхьа щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм яхэбгъуэтэнукъым адыгагъэкIэ хьэщIэм ехьэлIа хабзэхэр адыгэхэм нэгъэсауэ, дахэу, ягурэ я псэрэ къабгъэдэкIыу зэрагъэзащIэр зымыгъэщIэгъуа.

XIX-нэ лIэщIыгъуэм АдыгэщIым куэдрэ щыIа, куэдым кIэлъыплъа инджылыз тхакIуэ-журналист Лонгворт Джон и тхыгъэхэм мыпхуэдэу хэтщ: «Адыгэ Хэкум цIэрыIуэ ущыхъун щхьэкIэ IуэхугъуищкIэ зыбгъэлъэгъуэн хуейщ: лIыгъэкIэ, дахэу, Iущу псэлъэнкIэ, хьэщIэр нэгъэсауэ, хабзафIэу гъэхьэщIэнкIэ».

Илъэс 300-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Доминиканскэ орденым и монах Жан де Люк мыпхуэдэу итхыгъащ: «ГъэхьэщIэкIэкIэ, цIыхугъэкIэ адыгэхэм къатекIуэн лъэпкъ дунейм тету къыщIэкIынкъым!»

ХьэщIэкIэ хуэмыхуныр адыгэхэм сыт щыгъуи емыкIушхуэу къалъытэрт икIи абыкIэ губгъэн къэзыхьым фэ ираплътэкъым, пщIэ лъэпкъи иIэжтэкъым. Дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа мы адыгэ хабзэр ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къыдогъуэгурыкIуэ икIи абы дапщэ и ныбжьми зыми жиIэфынукъым. Абы и ныбжьыр езы лъэпкъым и ныбжьрагъэнущ. Пэжщ, лIэщIыгъуэ къэс езым и дамыгъэ а хабзэм трилъхьащ, зэман къэунэхум зэрекIу зэхъуэкIыныгъэ, егъэфIэкIуэныгъэ гуэрхэр хыхьэурэ кIуащ. Ауэ сыт хуэдизу а хабзэ хъарзынэр зэманым имыудыныщIами, имыIуэтами и купщIэр цIыхухэм къытхэнащ. Арагъэнщ щIыжаIари: «Адыгэм я нэхъ мыгъуэми шыгъурэ пIастэрэ къыпхуещтэ», - жиIэу.

ХьэщIэмрэ гъэхьэщIэкIэмрэ ехьэлIа адыгэ хабзэхэм зэпкърыхауэ, купщIафIэу тетхыхьащ адыгэ щIэныгъэлI тхакIуэ, къэхутакIуэ куэди. Абыхэм ящыщщ КIэрашэ Тембот, Бгъэжьнокъуэ Бэрэсбий, МафIэдз Сэрэбий, КъардэнгъущI Зырамыкурэ Щоджэн Хьэзешэрэ, Мамбэт Хьэлым, Мыжей Михаил, Мамхэгъ Рае сымэ, нэгъуэщIхэри. Хамэ цIыхухэу адыгэ гъэхьэщIэкIэр телъыджэ къызыщыхъуу абы тетхыхьыжахэм я бжыгъэр куэд дыдэ мэхъур.

Ди щIэныгъэлIхэм я тхыгъэхэм тегъэщIапIэ щащIащ ди нэхъыжьыфIхэм тхуахъума хабзэхэу цIыхухэм къахэнахэр, хьэщIэм, хьэщIагъэм теухуауэ ахэм жаIэжахэр, лIэщIыгъуэ блэкIахэм адыгэхэм ятетхыхьа щIэныгъэлIхэм къащIэна нэрылъагъу тхыгъэ-щыхьэтхэр.

А щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэм къызэрыхэщымкIэ, дэри дызэдэIуэну ди насып къихьа нэхъыжьыфIхэм жаIэжу зэхэтхамкIэ, лIэщIыгъуэ блэкIа жыжьэхэм ди лъэпкъым къыхыхьэу, къыкIэлъыплъу, ялъэгъуар зытхыжахэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, пасэ зэманым зи щхьэ бадзэ тезыхужыф дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми иIэу щытащ хьэщIэщ. Ар ягъэувт пщIантIэм и къыдыхьэпIэм пэгъунэгъуу, щхьэхуэу, и кIуэцIыр унагъуэм иIэ тепIэнщIэлъын нэхъыфIымкIэ зэлъыIухауэ, лей лъэпкъи щIэмылъуу, ауэ дэтхэнэ цIыхуми зыгъэпсэхупIэ хуэхъуу. (Адыгэхэм езыхэр зыщIэс унэхэр куэбжэм фIыуэ пыIудзауэ пщIантIэкум ирагъэувэрт, бий къатеуэ хъужыкъуэмэ, пщIантIэшхуэр къикIухьыху езыхэми зыгуэр ящIэфын хуэдэу).

Хэт къеблэгъами адыгэхэм ягъэхьэщIэрт, ауэ хьэщIэ псори зэхуэдэу ягъэхьэщIэу щытауэ жыIэгъуейщ. Абы елъытауэ хьэщIэхэр мыпхуэдэу зэхагъэкIырт: хьэщIэ лъапIэ, хьэщIэ къызэрыкIуэ, цIыхухъу хьэщIэ, бзылъхугъэ хьэщIэ, хьэщIэщ хьэщIэ, лэгъунэ хьэщIэ, хьэщIэ нахуэ, хьэщIэ щэху, хьэщIэ благъэ, хьэщIэ хамэ, зэджа хьэщIэ, зэмыджа хьэщIэ, бий хьэщIэ.

Нобэ хьэщIэм кIэлъызэрахьэ икIи кIэлъызэрахьэн хуей хабзэхэм кIэщIу дыкъытеувыIэнщ. ХьэщIэр Тхьэм щилIыкIуэкIэ, шэч хэмылъыжу, адыгагъэкIэ пщIэрэ нэмысрэ зылъысыпхъэ цIыхущ. ХьэщIэм зы мащIэкIи гурыщхъуэ ебгъэщI мыхъунщ къызэреблэгъар уимыгуапэу, ухуэщIыIэу. «Сыт хуэсщIэн хуейуэ къэзгъанэу пIэрэ, сыткIэ емыкIу къысхуищIыну пIэрэ?» - жыпIэу упылъыпхъэщ, узыкIэлъыплъыжыпхъэщ. Нобэ уэ убысыммэ, пщэдей ухьэщIэнкIэ мэхъу. Уэ къыпхуащIэмэ уи гуапэр уи хьэщIэми хуэщIапхъэщ. Ауэ жаIакъым: «ХьэщIэ къихьэмэ, хэгъэрейхэр мэгуфIэ», - жаIэу.

Адыгэ зи цIэр, «сэ сыадыгэщ», - жызыIэр хабзэм тету хьэщIэм пыкъуэкIыпхъэщ. Мы хабзэр зехьэныр елъытауэ щытын хуейкъым унагъуэм и псэукIэм. Уэ уиIэ мащIэри гу къабзэ – псэ къабзэкIэ хьэщIэм пепхьэжьэмэ нэхъ къабыл къыщыхъунщ, куэд уиIэу хьэщIэм къуагъ хуэпщIауэ гурыщхъуэ ебгъэщI нэхърэ. «Адыгэм я нэхъ мыгъуэри бысымщ!» - жыхуиIэ псалъэжьыр хэти ищIэну, игъэзэщIэну и пщэ илъщ.

Адыгэм хэти фэрыщIыгъэ хэмылъу жриIэн хуейщ «еблагъэ», хьэщIэ зэхэдзи ищIын хуейкъым. ХьэщIэр гуапэу егъэблэгъапхъэщ, ауэ ебгъэблэгъа нэужь «хъунщ узэрыщыIар е узэрыщысар» - жыпIэу къикIыу зыкIи гу зылъебгъатэ хъунукъым. ХьэщIэр ежьэжыным адыгэр зэи хуэпIащIэркъым, атIэ сыт щыгъуи жаIэ: «ХьэщIэм и къэкIуэным езыр хуитщ, и кIуэжыным хуитыр бысымырщ». ХьэщIэ къишэ щыIэщ нэхъ, хьэщIэ ишыж щыIэкъым.

ЦIыху зэхэгъэж хэмылъу, хьэщIагъэ ехыпхъэщ жьыми щIэми, бейми хуэмыщIами, цIыхухъуми бзылъхугъэми, ныбжьэгъуми жагъуэгъуми. Дяпэ итахэм ауэ къытхуагъэнакъым: «ХьэщIэ щIалэрэ хьэщIэ лейрэ щыIэкъым», «ХьэщIэу къыпхуэкIуамэ, уи жагъуэгъури уи ныбжьэгъущ», - жиIэу.

ХьэщIэ бжыгъэ зэтехуамэ, нэхъ пщIэ зиIэпхъэр нэхъ жыжьэ къикIарщ. «ХьэщIэ гъунэгъу нэхърэ хьэщIэ жыжьэр нэхъ лъапIэщ», - жеIэ псалъэжьым. ХьэщIэм и ныбжьым емылъытауэ сыт щыгъуи ижьрабгъу увыпIэр ират хабзэщ.

Пасэ зэманым адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуа хьэщIэщхэр иджы щымыIэжми, пэш куэду зэхэту нобэ цIыхухэр здэпсэу унэ бжьыфIэхэми яIэщ «пэш лейкIэ» еджэу зы пэш зэгъэпэща, езы унагъуэм щыщхэр абы щIэмылъу, хьэщIэ къакIуэмэ, абы хуагъэтIыгъуэу, абы ирагъэблагъэу.

Уи куэбжэ хьэщIэ къыIухьамэ ущыгуфIыкIыу, фIэхъус епхыу къебгъэблэгъэн хуейщ. ХьэщIэр куэдрэ пщIантIэм, щIыбым щыпIыгъыныр хабзэм екIукъым, фIэхъусыр зэфIэкIа нэужь унэм щIэшапхъэщ. Пэш лейм щIэпша нэужь хьэщIэм жьантIэр ибогъэлъагъури уогъэтIыс. ХьэщIэхэм щыгъын хуабэ ящыгъмэ, мытIыс щIыкIэ зыщебгъэхыу яхупыплъэн хуейщ. Телевизор, радио лажьэмэ, гъэункIыфIыпхъэщ. ХьэщIэхэр тIысу тэлай гуэр дэкIамэ, ущIэупщIэмэ хабзэщ я узыншагъэ зытетымкIэ, къызыхэкIахэм я щыIэкIэм, я хэгъуэгум щыхъыбархэм. ХьэщIэм е хьэщIэхэм я закъуэу пэшым къыщIэбнэныр, Iэнэм пэбгъэплъэныр емыкIущ. Уи хьэщIэ Iэнэ нэхъыщхьэр хьэзыр хъуху, ерыскъы хьэзыру щыIэр хутрагъэувэ, егъэщIыпхъэщ, «узрихьэлIэр ерыскъыфIщ» - жыхуаIэу. ХьэщIэр унагъуэм исыху хабзэщ абы и щыгъыным кIэлъыплъыныр, гъэкъэбзэныр, ету тедзэныр. А псори зи пщэрылъыр бысым унагъуэрщ. Унагъуэм исхэр абы зыкIи игъэикIэркъым, игъэдахэ, я пщIэр къиIэт мыхъумэ. ХьэщIэр щежьэжкIэ, хьэщIэ лъапIэу щытмэ, тыгъэ гуэр хуащI.

Шэрджэс Алийрэ Хьэкъун Мухьэмэдр ягъэхьэзыра «Адыгэхэмрэ абыхэм я хабзэхэмрэ» тхылъым къитхыжащ.
Поделиться: