НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 14, мэрем
 

Мардэхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм и мэзкъуэдыхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
Белоруссием анэм и махуэр щагъэлъапIэ
1851 гъэм
Лондон къыщызэрагъэпэщащ «Рейтер» инджылыз хъыбарегъащIэ агентствэр. 
1860 гъэм Петербург Мариинскэ опернэ театр къыщызэIуахащ.
1944 гъэм МКъУ-м нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и факультетыр и лъабжьэу къызэрагъэпэщащ Москва дэт, къэрал зэпыщIэныгъэхэмкIэ къэрал институтыр.
1957 гъэм и лъэщагъ псомкIи лажьэу яутIыпщащ Волгэ псым тращIыхьа ГЭС-р.
1964 гъэм Хрущев Никитэ КПСС-м и ЦК-м и Япэ секретарь, СССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщI къулыкъухэм къытрагъэкIащ.
1964 гъэм Брежнев Леонид КПСС-м и ЦК-м и Секретарь нэхъыщхьэ къулыкъум ягъэуващ. 
1946 гъэм къалъхуащ кинорежиссёр, актёр, сценарийхэр зытх, оператор, УФ-м и цIыхубэ артист Чухрай Павел.
1948 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Темрокъуэ Риммэ. 
1952 гъэм къалъхуащ гимнаст цIэрыIуэ, Олимп Джэгухэм медаль 15 (абыхэм ящыщу блыр дыщэу) къыщызыхьа Андрианов Николай.
1959 гъэм къалъхуащ хоккеист, гъэсакIуэ, Олимп Джэгухэм тIэунейрэ я чемпион, къэралым, Европэм, дунейм я чемпионатхэм мазэ-мытIэу щытекIуа Касатонов Алексей.
1963 гъэм къалъхуащ модельер, УФ-м и цIыхубэ художник Юдашкин Валентин.
1969 гъэм къалъхуащ урысей футболист, Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и еплIанэ нагъыщэр, ЩIыхь орденыр зыхуагъэфэща Онопкэ Виктор. 

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 14-17, жэщым градуси 9-11 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Гъуэгум и кIыхьагъым хуэдизи и бгъуагъщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

07.05.2024 - 09:12 НОБЭ
06.05.2024 - 13:11 НОБЭ
03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ