НОБЭ

♦КIэнфетхэм я дунейпсо махуэщ

♦ЦIыхухъухэм я джанэхэм далъхьэ пщэдэлъым и дунейпсо махуэщ

♦Азербайджаным и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ

♦1867 гъэм Аляскэ хытIыгуныкъуэр США-м зэрыращам теухуа дэфтэрхэр зэIэпахащ. Жэпуэгъуэм и I8-м илъэс къэс а къэралым щагъэлъапIэ Аляскэм и махуэр.

♦1723 гъэм Пётр Езанэм Кронштадт быдапIэм и лъабжьэр игъэтIылъащ.

♦1918 гъэм Чехословакие республикэр къызэрагъэпэщащ.

♦1921 гъэм Кърым АССР-р Урысейм хыхьэу къызэрызэрагъэпэщым теухуа декретыр къыдэкIащ. 1945 гъэм автономиер Кърым область хъуащ, 1954 гъэм Кърымыр Украинэм хагъэхьащ. Абы и автономиер 1991 гъэм зэфIагъэувэжащ, 2014 гъэм гъатхэпэм и 18-м къыщыщIэдзауэ УФ-м и щIыналъэ хъужащ.

♦1922 гъэм Инджылызым и «BBC» радиокомпаниер къызэрагъэпэщащ.

♦1924 гъэм СССР-м и ЦIыхубэ комиссархэм я советым унафэ ищIащ къэралым ис псоми фэрэкIым зэребэн мастэ халъхьэным теухуауэ.

♦1942 гъэм нэмыцэдзэхэм къаувыхьауэ дыхьэпIи дэкIыпIи зимыIэ Ленинград къыщызэIуахащ Комиссаржевская Верэ и цIэр зезыхьэ театрыр.

♦1944 гъэм советыдзэхэр Чехословакием ихьащ къэралыр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжыну.

♦1967 гъэм «Венера-4» совет хьэрш аппаратыр ЩIым нэхъ пэгъунэгъу дыдэ Венерэ планетэм тетIысхьащ.

♦1990 гъэм Ямало-Ненецкэ автономнэ округыр Тюмень областым къызэрыхэкIым теухуа унафэ къищтащ.

♦1991 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и иужьрей зэIущIэр екIуэкIащ.

♦1991 гъэм РСФСР-м и Президент Ельцин Борис Iэ щIидзащ «Политикэ залымыгъэ кIэлъызэрахьэу ягъэкIуэдахэм щIэбгъэкъуэншэн хабзэншагъэ зэрамылэжьар къэлъытэным теухуауэ» законым.

♦2011 гъэм Урысейм, Украинэм, Белоруссием, Казахстаным, Армением, Къыргъызым, Молдавиемрэ Таджикистанымрэ Iэ щIадзащ СНГ-м хуиту сату щыщIыным теухуа зэгурыIуэныгъэм.

♦1941 гъэм къалъхуащ КъБР-м и япэ Президенту щыта къэрал лэжьакIуэ, политик Iэзэ КIуэкIуэ Валерий.

♦1942 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, РАЕН-м и академик, КъБР-м и цIыхубэ дохутыр ХьэцIыкIу Борис.

♦1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Емкъуж Лиуан.

♦1960 гъэм къалъхуащ США-м щыщ актёр цIэрыIуэ, кинорежиссёр, сценарийхэр зытх Жан-Клод Ван Дамм.

♦1968 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретару илъэс куэдкIэ лэжьа, КъБР-м и Парламентым, УФ-м Связымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэм я ЩIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэща Гъурыжь Мадинэ.

♦1973 гъэм къалъхуащ Урысей актёр цIэрыIуэ, режиссёр, УФ-м и цIыхубэ артист, Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтыр зрата Безруков Сергей.

♦1982 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, Пермскэ крайм и губернатор Махонин Дмитрий.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 - 15, жэщым градуси 7 - 9 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Щэныншагъэр узщи, Iэзэгъуэ зимыIэр делагъэщ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ