Лъэпщ и къуэ

Хы ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэр. Сочэ. Мы псалъэхэм къару хуабэ гуэр щIэлъщ Тыркум щыпсэу адыгэхэм я дежкIэ. Мызэ-мытIэу дгъэунэхуащ ар. Дэфтэр гуэри, мыхъури, псалъэ леи - зыри хуэныкъуэн ухъуркъым – я бжэр къыпхузэIуах. ЩIэупщIэркъым ныбжьми къулыкъуми – сыт хуэдэ IуэхукIэ захуэбгъазэми, гуапэу къыпIуощIэ. Сыт атIэ абы нэхъыбэ зыхуейр хамэщIым щыпсэу и лъэпкъэгъухэм я гъащIэм кIэлъыплъ журналистыр?! Нэхъыщхьэ дыдэр Хы фIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъ цIэрщ. А цIэр зепхьэу уахыхьа нэужь, узытепсэлъыхьынури куэд мэхъу, газет тхыгъэхэм папщIэ лIыхъужь екIухэри хьэзырщ. Тыркум, адыгэхэр куэду щыпсэу и щIыпIэхэм ущыблэжкIэ, уи нэм къыфIэнэ дамыгъэ гуэрхэр, щIыпIэр къызэрыпцIыхужыну ухуэныгъэ щхьэхуэхэр уигу зэрибубыдэным и ужь уитщ. Сыту жыпIэмэ, мыбдеж щыIэ адыгэ къуажэхэм зы плъыфэ яIэщ: мэжджыт, уэрам бгъузэхэр, теплъэкIэ зэщхь унэхэр, жыг хадэхэр, губгъуэхэр. Къуажэ къэс и зы дамыгъэ гуэр уигу йомыубыдэмэ, пIалъэ дэкIа нэужь, къыпхуэцIыхужынукъым – къуажэцIэрщ уи щхьэм къинэнур…
Берсирхьэблэ бгылъэ къуажэр картэм деж къыщыбгъуэтыну гугъущ, къуажэр зэрыцIыкIум къыхэкIыу. Ауэ абы иIэщ къозыгъэцIыху щхьэхуэныгъэ: адыгэ шум и фэеплъ ухуэныгъэр зыдэт къуажэр псоми яцIыху.
- Куэд щIауэ дегупсысырт къуажэр дауэ духуэнуми, - жеIэ къуажэм и унафэщI Брантэ Нэжеттин, - арати, дигу къэкIащ: псоми я нэм къыфIэнэрэ я гум имыхужын хуэдэу зы дамыгъэ диIэн хуейщ. Дамыгъэм иIэн хуейщ тхыдэ мыхьэнэ, ауэ щыхъукIи апхуэдэ дамыгъэр ди къуажэм нэмыщI нэгъуэщIыпIэ щыIэн хуейкъым. ЩIалэгъуалэм къыхалъхьащ Кавказым и мухьэжырхэм я фэеплъ къуажэкум, паркым ищIыхьыныр. Нэхъыжьхэми ар хуагъэдэхащ. Арати, Iуэхум и ужь дихьащ. Берсирхьэблэ щыпсэухэм я кIэн къикIащ: апхуэдэ фэеплъыр зыухуэнури тыншу къагъуэтащ, ар зрагъэщIыну мылъкури пIалъэ кIэщIкIэ зэхуахьэсащ.
- Сэ щIэх-щIэхыурэ сыкъокIуэ мы къуажэм, сигуми си псэми дохьэ. Къару узыIэпызышэ гуэр дэлъщ къуажэм – ар зыхащIэ Тыркум щыпсэу адыгэхэм нэмыщI, Кавказым къикIхэми, - къыддогуашэ
Истамбыл щыпсэу Ачин Нухь. Хы ФIыцIэ Iуфэм къикIа адыгэ журналист Берсирхьэблэ щыхьэщIэу зэхэсхати, зысIэтри сыкъэкIуащ. Зэгуэрым къуажэдэс нэхъыжьхэм сепсэлъылIэу, къызжаIащ фэеплъ яухуэну мурад зэраIэр. Сэ занщIэу гъэщIэгъуэн сщыхъуащ ар. ИкIэщIыпIэкIэ фэеплъым и къупхъэр стхащ – адыгэлIыр адыгэшым шэсауэ. Сурэту сщIар псоми ягу ирихьащ, сэри лэжьыгъэм сигу хыхьэу сеувэлIащ.
Тырку унэцIэ зэрихьэ пэтми, Нухь Тлъэпщокъуэ шапсыгъ лъэпкъым къахэкIащ. И анэр Чачыхухэ ящыщщ. СурэтыщI, скульптор Тлъэпщыкъуэ Нухь хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я деж щыцIэрыIуэщ. Езым экономикэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ иIэщ. Ауэ и IэщIагъэм зэи ирилэжьакъым.
- СызэрыцIыкIурэ сурэт щIыным сыдихьэхырт, - игу къегъэкIыж Нухь, - сэ абы сыхуезыгъэсэн сиIэтэкъыми, тхылъхэр зыIэрызгъэхьэурэ седжэрт. Студент сыхъуа нэужь, сурэт, скульптурэ щIыным нэхъ тегъэщIауэ зыхэзгъэгъуэзащ. СурэтыщI цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм сыкIэлъыплъырт, я лэжьыгъэхэм гупсысэ къыхэсхырт. ИкIи сэ езым си хъэтI къэслъыхъуэжырт.
Тыркум и тхыдэм къыхэна цIыху цIэрыIуэхэм, политикхэм, жылагъуэ лэжьакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм я фэеплъ скульптурэхэр, апхуэдэуи, цIыкIухэм папщIэ щыIэ таурыхъхэмрэ шыпсэхэмрэ хэт лIыхъужьхэм я теплъэхэр, сабий садхэмрэ пэщIэдзэ еджапIэхэмрэ я пщIантIэхэр зэрагъэдахэ, псэущхьэ, къэкIыгъэ теплъэхэр зиIэ лэжьыгъэхэр ирагъэщI IэпщIэлъапщIэм. Нухь абы и щIакхъуэ Iыхьэр къырелэжь. Дихьэхыу, игурэ и псэрэ хыхьэу ар зэлэжьыр адыгэ Iуэхум теухуахэрщ. СурэтыщIыр нэхъыбэм щылажьэр щIыбырщ, апхуэдэу щIыуэпсым и дахагъымкIэ зепсыхь. Истамбыл дэт и лъапсэр музей хуэдэу игъэдэхащ Нухь – и IэдакъэщIэкIхэм нэри пэри яхь.
    - ТIуапсы и Iэхэлъахэм щыпсэууэ щыта си адэжьхэр Кавказ зауэм и иужь илъэсхэм Тыркум къэIэпхъуэныр къахуиухауэ щытащ, - жеIэж Нухь. Ауэ адрейхэм хуэдэу ахэр хым къытехьэу, кхъухькIэ къэкIуакъым, атIэ КавказщIыб гъуэгукIэ Хэкум къикIащ. Япэ щIыкIэ Эрзурум къалэм пэмыжыжьэу, тыркухэм зэхакъутауэ щыта ермэлы къуажэм щытIысащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ къэралым нэхъ и кум зыщагъэбыдащ.
    Нухь нэхъыжьхэм я хъыбархэм къыщIэтэджыкIащ. БлэкIар игу къэзыгъэкIыж сурэти, унагъуэ хьэпшыпи Хэкум ирахауэ къащIэнакъым и нэхъыжьхэм. Абы лъэпкъым и щэнхабзэмрэ и тхыдэ къулеймрэ куууэ едж. ИкIи тхылърэ дэфтэркIэ зыщигъэгъуазэ къудей мыхъуу, адыгэхэр щыпсэу къэрал зэхуэмыдэхэр къызэхекIухь, Хэкум къокIуэж. Нартхэм гъукIатхьэу яIа Лъэпщ хуэдэу, Нухь Кавказымрэ Черкесиемрэ я тхыдэм зи цIэр къыхэна лIыхъужьхэм я теплъэр къигъэщIыжу щIидзащ. IэпщIэлъапщIэм и унэм щиIэ музейм щыплъагъунущ Кавказ зауэм и лIыхъужьхэм я фэеплъхэр. Апхуэдэхэщ Дыгъэмыкъуэ Бэрзэдж Хьэжы, Дыгъужьокъуэ Къазбэч, Бэлэтокъуэ Жамболэт, Шупакъуэ Къалэбатэ, имам Шамиль, щихъ Мансур, имам Хьэмзэт, Хьэжы-Мурат сымэ, Мысырым щытепща мамлюкхэм, нэгъуэщI куэдми я теплъэ къигъэщIыжахэр. Щыплъагъунущ абдеж адыгэ IуэрыIуэтэм къыхэщыж лIыхъужьхэм я теплъи.
    - Берсирхьэблэ папщIэ сщIа фэеплъым метритI и лъагагъщ. Абы мазитIкIэ селэжьащ,- жеIэ Нухь. - Ар пIалъэ мащIэм щIын сухмэ сфIэфIти, адрей си Iуэхухэр езгъэтIылъэкIащ. Си гуи, си пси етат а Iуэхум – къару гуапэ гуэр къысхилъхьэрт, сигъэгушхуэрт. ЛъыкIи псэкIи къызгухьэ си лъэпкъэгъухэм папщIэ, гуауэ мыухыж зи нэгу щIэкIа си лъэпкъым папщIэ сэ а фэеплъыр тыгъэ хуэсщIащ адыгэ къуажэм. Ар бын къалэнт - сыкъызыщIэхъуа лъэпкъым си гуащIэ къихькIэ сыпэджэжыну.
    Кавказ зауэжьым хэкIуэда ди лъэпкъэгъухэм Тыркум дэт я фэеплъым и къупхъэри Ачин Нухьщ зыщIар.
- Зауэжьым хэкIуэда ди адэжьхэм я фэеплъ сыным и теплъэрщ сщIар. Мыр уэ япэу узогъэлъагъу – зыми илъэгъуакIэкъым, - жиIэри, Ачын Нухь фэеплъым и сурэтыр зытет тхылъымпIэ Iувыр си пащхьэм кърилъхьауэ щытащ: АдыгэлI уардэ, и плIэм щIакIуэ илъу, адыгэ пыIэ щхьэрыгъыу. И щIыбагъым бгыхэр къыдэтщ. – Фэеплъым лей кIэрызмылъхьэмэ нэхъ къэсщтащ – абы и мыхьэнэр тыншу къагурыIуэу щытын хуейщ дэтхэнэми: дэ - адыгэхэми, Тыркум щыпсэу лъэпкъхэми, къэралым къихьэ хамэхэми.
    - Кавказ зауэм хэкIуэда ди дадэжьхэм фэеплъ хуэгъэувын мурадыр 2000 гъэхэм лъандэрэ щыIэт, - къыздогуашэ Нухь. – Километри 350 хуэдизкIэ Истамбыл къыпэщылъ Эскешехир къалэм и хасэр а Iуэхум илъэс куэд щIауэ йолэжь: цIыхухэм я гупсысэм едэIуащ, проект нэхъыфI къыщыхахыну зэпеуэ яублащ, фэеплъыр щIыным текIуэдэну мылъкури зэпалъытащ.
    Лэжьыгъэу зыхэплъам Ачин Нухь ейр къыхахащ. Лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэ куу зиIэ, тхыдэм пэджэж лэжьыгъэр дзыхь къызэрыхуащIам Нухь игъэгушхуащ.
    IэпщIэлъапщIэ куэд зэлэжьа фэеплъ сыныр Эскешехир къыщызэIуахауэ щытащ 20I7 гъэм, накъыгъэм и 21-м. Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министрым и арэзы зыкърагъэщIри, фэеплъыр къалэ университетым пэгъунэгъуу ягъэуващ. Ар къыщызэIуахым кърихьэлIащ Анадолэ университетым и ректор Гюндоган Наси, Эскешехир щыIэ Кавказ щэнхабзэ центрым и тхьэмадэ Эрток Чихан, адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.

Ныбэ Анзор. Сочэ-Истамбыл-Берсирхьэблэ-Сочэ.
Поделиться: