ПщIэр и гуащIэм къыпэкIуащ

Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Урожайнэ къуажэм 1939 гъэм сентябрым и 10-м къыщалъхуащ парт лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и етIуанэ, ещанэ зэхуэшэсыгъуэхэм я депутат Сэхъу Владимир Къасболэт и къуэр. 
1963 гъэм Сэхъум инженер-ухуакIуэ IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. КПСС-м и ЦК-м и деж Жылагъуэ щIэныгъэхэмкIэ щыIэ академиер 1980 гъэм къиухащ. 1963 гъэм «Къэббалъкъпромстрой» IуэхущIапIэм и прорабт. «Къэббалъкъпромстрой» гъущI, бетон заводым инженеруи инженер нэхъыжьуи щылэжьащ. 1969 – 1975 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ, КъБР-м и Министрхэм я Советым УхуэныгъэхэмкIэ и IуэхущIапIэм и инженер нэхъыщхьэ IэнатIэхэм пэрытащ. 1980 – 198  гъэхэм КПСС-м и Налшык къалэ комитетым ухуэныгъэмкIэ и къудамэм и инструкторт. 1981 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым ухуэныгъэхэмрэ архитектурэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщI ящIащ. 1982 – 1986 гъэхэм ар и унафэщIу щытащ Налшык къалэ Советым и гъэзэщIакIуэ комитетым. 1986 гъэм щегъэжьауэ 1988 гъэ пщIондэ КъБР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIым и къуэдзэщ, 1991 – 1995 гъэхэм КъБР-м и Премьер-министрым и къуэдзэу мэлажьэ. 1995 гъэм декабрым и 17-м УФ-м и Къэрал Думэм и етIуанэ зэхуэсыгъуэм, 1999 гъэм декабрым и 19-м УФ-м и Къэрал Думэм и ещанэ зэхуэсыгъуэм и депутату хахащ. Ар хагъэхьащ Къэрал Думэм бюджетымрэ налогхэмкIэ и комитетым. 
Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысей Федерацэми я жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшым куэд ищIащ ди республикэм и экономикэм зиужьыным, абы ис лъэпкъхэр зэгурыIуэным, цIыхубэм я псэукIэр ефIэкIуэным теухуауэ. Абы ирогушухуэ къыщалъхуа, къыщыхъуа Джылахъстэней щIыналъэм и цIыхухэри республикэри. Iуэху дэзыщIахэми, и ныбжьэгъухэм къыхагъэщ ар гурэ псэкIэ республикэм зэрыхуэлэжьар, и хьэл-щэнкIэ цIыху пэжу, IуэхукIэ бгъэдыхьэр къимыгъэщIэхъуу, чэнджэщэгъу къахуэхъуу къызэрыгъуэгурыкIуар. IэнатIэу зыпэрытар пщIэрэ щIыхьрэ пылъу зэрырихьэкIар къалъытэу, Сэхъу Владимир «Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденыр къыхуагъэфэщащ. 

 

Иджыри и къару хелъхьэ
 

Илъэс куэд щIауэ республикэм и къулыкъущIэхэм яхэт Зумакулов Борис и цIэр фIыкIэ къраIуэу къогъуэгурыкIуэ. И псалъэм пщIэ иIэщ, и Iуэху бгъэдыхьэкIэм арэзы укъещI.
1940 гъэм январым и I5-м Тырныауз къыщалъхуащ парт, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ хъуа Зумакулов Борис. Абы и къыдэкIуэтеигъуэр техуат республикэр хэлъэт зиIэ щIалэщIэхэм щахуэныкъуэ зэманым. Зумакуловым хэлът а псор: ищIэм нэхърэ нэхъыбэ къищIэну хущIэкъурт, Iуэху гуэр и пщэ далъхьэмэ, узыщигъэтхъуу игъэзащIэрт. 1962 гъэм, и ныбжьыр илъэс 22-м иту, ВЛКСМ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и секретару, иужькIи и япэ секретару хах. Зумакуловым и Iуэху дэхыкIэм гу къылъатэри, 1972 гъэм ВЛКСМ-м и ЦК-м щылэжьэну яшэ, Лениным и цIэр зезыхьэ Союзпсо пионер зэгухьэныгъэм и совет нэхъыщхьэм и унафэщIым и къуэдзэ IэнатIэр кърат. 1975 гъэм Зумакуловыр КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым къашэж – щIалэм республикэр хуэныкъуэт.
КПСС-м и обкомым и къудамэм и унафэщIу, и секретару, и етIуанэ, и япэ секретару щытащ ар.
Партым и лъэлъэжыгъуэм абы къыдэлэжьа куэд утыкум икIыжащ, ауэ тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, иужькIэ и доктор лэжьыгъэри пхызыгъэкIа Зумакуловым пищащ и гъуэгуанэм.
КПСС-м и ЦК-м жылагъуэ щIэныгъэхэмкIэ и академиер къэзыуха политик жыджэрыр 1992 – 2001 гъэхэм КъБР-м социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэмкIэ и министру лэжьащ.
Зумакулов Борис итхащ щIэныгъэ лэжьыгъэ куэд, статьяхэр, тхылъ щхьэхуэхэр, методикэ лэжьыгъэхэр.
2001 гъэм Зумакуловыр КъБР-м цIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ хъуащ. А IэнатIэм зэрыпэрытрэ абы «КъБР-м жылагъуэм, цIыхум я хуитыныгъэр зэрыщызэтеувэр» серием щIэту тхылъ 12 къыдигъэкIащ.
И ныбжькIэ пенсэ кIуэгъуэ хъуами, ар жыджэру и IэнатIэм пэрытщ, республикэм и зыужьыныгъэм и гуащIэ хелъхьэ.
Зумакуловым и тхылъ нэхъыфIхэм ящыщщ «О времени и о себе» зыфIищар. Абы и гукъэкIыжхэм дыкъыщоджэ Гагарин Юрий, итальян тхакIуэ цIэрыIуэ Родари Джанни, Чилим и компартым и унафэщI Корвалан Луис, Совет Союзым и Маршалхэу Баграмян Иван, Голиков Филипп, Конев Иван сымэ ятеухуа гъэщIэгъуэн куэдым.
Зумакулов Борис илъэгъуамрэ илэжьамрэ цIыху гъащIэ зыбжанэм тебгуашэми, гуащIэкIэ хуэгъэнщIынут. АтIэми, ар зы цIыху гъащIэм къотIасэ.

 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: