ГъащIэ купщIафIэ

Япэ итахэр
 

Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, къэбэрдей тхакIуэ, егъэджагъэшхуэ Къардэн Бубэ Мацыкъ и къуэр къызэралъхурэ мы махуэхэм илъэси 105-рэ ирокъу. 
ГъащIэ купщIафIэ, Iуэхугъуэ куэдкIэ гъэнщIа къипсэуащ Къардэным. Ар 1917 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм Дыгулыбгъуей къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школыр къиуха нэужь,Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щеджащ. 1941 гъэм еджэныр ехъулIэныгъэкIэ зэфIихащ, арщхьэкIэ лэжьэну хунэмысу фронтым Iухьащ, Хэку зауэшхуэр къэхъеяти. Хахуагъэрэ лIыхъужьыгъэрэ къигъэлъагъуэу бийм пэщIэтащ Къардэныр. А илъэсхэм абы къыхуагъэфэщащ Бэракъ Плъыжь ордену тIу, Хэку зауэ орденым и 2-нэ нагъыщэр, Вагъуэ Плъыжь орденыр, медаль зыбжани. 
Зауэ нэужь илъэсхэм щIидзэри, дунейм ехыжыху егъэджэныгъэ-щIэныгъэ Iуэхум пэрытащ Къардэныр. Абы ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ щIэныгъэ нэсыр зи лъабжьэ и кандидат, доктор диссертацэхэр. ИлъэситIкIэ ар щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и тхьэмадэу. ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ еджагъэшхуэр а илъэсхэм еш имыщIэу хуэлэжьащ лъэпкъым: зыпэрыт IэнатIэм щызэфIих лэжьыгъэхэм къадэкIуэу курыт школхэм урысыбзэр зэрыщрагъэджын тхылъхэр, хрестоматиехэр зэхилъхьащ, къэхутэныгъэхэри иригъэкIуэкIащ.
Еджагъэшхуэр, офицер хахуэр, зэдзэкIакIуэ Iэзэр 1988 гъэм дунейм ехыжащ. Ар и лэжьыгъэхэмкIэ, и IуэхущIафэкIэ, и лIыгъэкIэ лъэпкъ тхыдэм къыхэнащ. Илъэситху ипэкIэ, 2017 гъэм, Къардэн Бубэ и фэеплъ къыщызэIуахащ ар къыщалъхуа Дыгулыбгъуей къуажэм. Лъэпкъ еджагъэшхуэм и цIэр фIащащ Бахъсэн къалэм дэт курыт школхэм ящыщ зым. 

ЛIыгъэкIэ гъэнщIа гъуэгуанэ

Къардэн Бубэ и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ ятеухуа тхыгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм нобэ фи пащхьэм итлъхьэр. Ар зи къалэмыпэм къыпыкIар филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, лъэпкъ еджагъэшхуэу щыта ХьэкIуащэ Андрейщ.
«Адыгэ лъэпкъым и бын пэрытым лIыгъэкIэ гъэнщIа гъащIэ гъуэгуанэ гъэщIэгъуэн къикIуащ, еш имыщIэу псэуху зыхуэлэжьа къыдалъхуахэм ягу, я псэ къыщIинэн, щIыхьрэ пщIэрэ хуащIу абы и цIэ лъапIэр щIызэрахьэн Iуэху телъыджэхэр абыхэм яхуилэжьащ, и IэдакъэщIэкI гъуэзэджэхэмкIэ лъэпкъ литературэмрэ щIэныгъэмрэ увыпIэ пыухыкIахэр щиубыдын хузэфIэкIащ. Куэдрэ IумыщIахэм, фIыуэ зымыцIыхухэм ткIиифэ ираплъ, псэлъэгъуей къафIэщIу щыта щхьэкIэ, тхакIуэр псэ щабэрэ къабзэрэ зиIэ, акъыл жанрэ гушыIэшхуэрэ зыбгъэдэлъ, ныбжьэгъугъэм хуэпэж, щIаукIынур арами пэжыр жызыIэф, абы сытым щыгъуи щIэбэныф адыгэлI щыпкъэу псэуху дунейм тетащ, апхуэдэущ ар и Iыхьлы-ныбжьэгъухэми иригъэджа псоми ягу къызэринар, куэдрэ абы зэрыщагъэфIэнуми шэч хэлъкъым.
Къардэн Бубэ тхэн щыщIидзар пединститутым и иужьрей курсхэм щыщеджарщ. Езым къиIуэтэжу зэрыщытамкIэ, абы ар къыхуэзыгъэушар а илъэсхэм цIыхугъэ зыхуэхъуа ЩоджэнцIыкIу Алийщ. Зауэм ипэкIэ зэридзэкIа урыс тхыгъэ зырызхэм я гугъу умыщIмэ, лъэпкъ литературэм япэ лъэбакъуэхэр абы щыхичар зауэ нэужь илъэсхэрщ. Адрей лъэпкъ тхакIуэхэм къащхьэщыкIыуи тхэн зэрыщIидзэрэ ар зыхуэпэжыр езыр и щхьэкIэ зыхэта Хэку зауэшхуэрщ, абы и нэгу щыщIэкIахэрщ.
Хэку зауэшхуэм хэта цIыху куэдым я образ зэхуэмыдэхэр Къардэн Бубэ и тхыгъэхэм гукъинэжу щызэфIэгъэуващ. И лIыхъужьхэм языхэзри къызэригъэлъагъуэр, ар зыхуэдэр зэрызэхигъэкIыр хамэ щIыпIэ къикIа зэрыпхъуакIуэхэм къыдащIылIа зауэм зэрыхущытырщ, и лъахэм и щIыхьыр, и щхьэхуитыныгъэр зэрихъумэжырщ, бий пащхьэм текIуэныгъэ къыщихьын папщIэ абы и щхьэкIэ илэжьырщ. Сыт хуэдэ лIэщIыгъуэми цIыхум и пэжагъыр, и фIагъыр къызэрапщытэр ар и адэжь щIыналъэм зэрыхущытырщ, абы хуиIэ лъагъуныгъэрщ, Iуэху щхьэпэ хуилэжьырщ.
Къардэн Бубэ и повесть зыбжанэм щызэфIэгъэуващ хэкум къыщхьэщыж, абы и щхьэхуитыныгъэр хъумэжыныр зи гъащIэ къалэну зылъытэж, ди лъахэм и ныбжьыщIэхэм я образ щыпкъэхэр. Апхуэдэщ «Сэри сэлэт сохъу» повестыр.
Хэку зауэшхуэм и япэ махуэхэм адыгэ щIалэгъуалэр зыгъэпIейтея гурылъ-гурыщIэхэр, я лъахэм хуаIэ лъагъуныгъэ къабзэр, зылI и быну абы и щIыхьыр яхъумэжыну ахэр къызэрызэщIэтэджар къэгъэлъэгъуэнырщ тхакIуэм и етIуанэ повесть «ЩIэдзапIэ хьэлъэ» жыхуиIэр зыхуэгъэпсар.
И япэ тхыгъитIым Къардэн Бубэ къыщигъэлъэгъуэжыр зауэ емынэм и пэщIэдзэрщ, ныбжьыщIэхэм абы щача япэ лъэбакъуэ гугъухэрщ. Хэкум, абы и цIыхухэм я дежкIэ тыншакъым зауэм и пэщIэдзэр, хъийм икIа бий хьэщхьэрыIуэ зыкъызыфIэщIыжам пэрыуэншэу лъахэм и щIыпIэ куэдыр щиубыда махуэ псэзэпылъхьэпIэхэр. Ауэ цIыхухэм я гур мащIэ-мащIэурэ къызэрогъуэтыж, зэуэкIэм и щэхухэр къахутэ, лIыгъэкIэ, акъылкIэ, IэмалкIэ бийм ефIэкI мэхъу. ИлъэсиплI енкIэ а мафIэм хэта тхакIуэми ди зауэлIхэм я деж къыщыхъуа а зэхъуэкIыныгъэхэм гу лъимытэнкIи, и тхыгъэхэм абы и гугъу щимыщIынкIи Iэмал иIакъым.
ЛIыгъэ, зэфIэкI бгъэдэлъхэм нэмыщI зауэм и щэхухэр къэзыхутэфа, сэлэтхэр къэзыгъэдэIуэф, текIуэныгъэм ахэр хуэзышэф, адэ папщIэу абыхэм ящхьэщыт дзэ унафэщI акъылыфIэм и образ уардэ Къардэн Бубэ щызэригъэпэщащ «КIыхьщ зауэ гъуэгур» повестым.
1945 гъэм ди Хэку иным зыIэригъэхьа ТекIуэныгъэшхуэм и зы хэкIыпIэу щытар къэралым ис лъэпкъхэм яку дэлъа зэныбжьэгъугъэрщ. Щеджэ зэманхэми зауаем и махуэ хьэлъэхэми зэшыгъэ нэсым щIапIыкIа, абы и къарур пасэу зыхэзыщIа Къардэн Бубэ и тхыгъэхэми сытым щыгъуи ар щегъэлъапIэ, а Iуэху еплъыкIэ тэмэмым тетщ. Лъэпкъ зэшыгъэм ар зэрыхуэпэжым и щыхьэту къэпхь хъунущ тхакIуэм и къалэмыпэм къыщIэкIахэу «Комбат», «Георгий Ликос» повестхэр. Япэрей и IэдакъэщIэкIхэм къащхьэщыкIыу мы тхыгъэхэм гъэщIэгъуэныгъэ гуэрхэр ядыболъагъу. 
Акъыл куукIэ, зэфIэкI инхэмкIэ Тхьэр зыхуэупса Къардэн Бубэ гъащIэм къалэн зэхуэмыдэ куэд щигъэзэщIащи, абыхэм я гугъу умыщIыныр къезэгъыркъым. Илъэс 40-м щIигъукIэ ар егъэджакIуэу пединститутымрэ университетымрэ щылэжьащ, абы щIэныгъэ куу зрита, гъуэгу тэмэм тригъэува куэд нобэ егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрытщ. И зэманым щытхъу хуамыгъэшами, цIэ лъапIэхэр къыхуамыгъэфэщами, Къардэным ехъулIэныгъэфIхэр иIэу кандидат, доктор диссертацэхэр пхигъэкIащ.
Зыхилъхьэ щымыIэу псэкIэ илъагъу и хэкумрэ и лъэпкъымрэ илъэс щэ ныкъуэм щIигъукIэ еш имыщIэу, и къарурэ и зэфIэкIрэ емыблэжу хуэлэжьащ Къардэн Бубэ. И лъахэр псэзэпылъхьэпIэм щихуам абы япэу къыщхьэщыжахэм ар яхэтащ, абы и щхьэхуитыныгъэр пщIэрэ щIыхьрэ иIэу ихъумащ, а зыхэта зауаем и щытыкIэ пэжыр Iэзагъышхуэ хэлъу и тхыгъэхэм къыщигъэлъэгъуэжащ, анэдэлъхубзэм, лъэпкъ щIэныгъэм я зыужьыныгъэм, къэхъу щIэблэщIэм щIэныгъэ нэс етыным, ахэр гъэсэным и гъащIэ псор щхьэузыхь хуищIащ. Абыхэм языхэзми папщIэ, Къардэн Бубэ къыдалъхуахэм я фIыщIэрэ щытхъурэ къелэжь. Ар абы икIи хуэфащэщ. Аращ адыгэ литературэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм абы увыпIэ лъагэ щIыщылъысри, а цIыху телъыджэм и IуэхущIафэ хьэлэмэтхэр нобэ дигу къыщIэдгъэкIыжри, къэхъу щIэблэщIэм ар нэхъыфIу яцIыхумэ, дыщIигуапэри».
 

Зыгъэхьэзырар КЪАРДЭН Маритэщ.
Поделиться: