Лъэпкъыбэ литературэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ

«Урысейм и лъэпкъыбэ литературэм хэлъ щэнхабзэ икIи эстетикэ зэкъуэтыныгъэр» фIэщыгъэ дахэ зиIэ щIэныгъэ зэужь гъэщIэгъуэныр иджыблагъэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси I00, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 90 щрикъум ирихьэлIэу дунейм къытехьа а лэжьыгъэшхуэм къызэщIиубыдащ кавказ лъэпкъхэм я литераурэм хэлъ щэнхабзэ, тхыдэ, дуней лъагъукIэ щхьэхуэныгъэхэр зэпкърызых, лъэпкъ литературэхэр урысейпсо тхыдэ-литературэ гъащIэм и зы Iыхьэу зэрыщытыр наIуэ къэзыщI Мэзкуурэ Кавказ Ищхъэрэмрэ щыщ литературэхутэхэм я IэдакъэщIэкIхэр.
НапэкIуэцI щихым щIигъу литературэхутэ зэужьым и пэублэм деж Урысейм ТхакIуэхэм я Зэгухьэныгъэм и унафэщI Иванов Николай къызэрыщыхигъэщащи, тхылъыр щIыналъэми еджапIэми я махуэщIым ирихьэлIэу къыдэкIами, дунейм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм яподжэж, цIыхур мы лъэхъэнэхэм зыгъэгузавэ Iуэхугъуэ куэдым жэуап яхуохъу. «Иджы хуэдэу лъэпкъыбэр зы зыщI, зэкъуэзыгъэувэ Iуэхугъуэхэр утыку щIыным мыхьэнэ щиIэ далэ куэд щIауэ къэхъуагъэнкъым. Кавказ лъэпкъхэм я щэнхабзэм, къакIуа тхыдэ гъуэгуанэми зэщхьэщыкIыныгъэхэр хэлъщ, уней нэщэнэхэр яIэщ, ауэ ахэр зэщхь зыщI псэкупсэ дуней яIэщ. Кавказым сыт щыгъуи псалъэм пщIэ щиIэу, Iулыдж хуащIу къэгъуэгурыкIуащ. ЗыкъомкIэ псалъэм хэлъ къарумрэ лъэкIыныгъэмрэ тещIыхьащ кавказ лъэпкъыбэ щэнхабзэр, ахэр зэришалIэу, зэпэблагъэ ищIу, арыххэуи, къэкIуэнум тригъэлажьэу. Арагъэнущ урысейпсо икIи кавказпсо литературэхэр зэгъунэгъу хъуныр, зым ижь адрейм щIихуныр къызыхэкIари. Мэзкуу, Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ингушым, Шэшэным, Осетие Ищхъэрэм, Дагъыстэным щыщ щIэныгъэлэжьхэм, литературэхутэм, къэхутакIуэхэм утыку къралъхьа лэжьыгъэхэм къыщыгъэлъэгъуащ лъэпкъ литературэхэр зэзыпх икIи зэкъуэзыгъэувэ къуэпсхэр нэрымылъагъуми, гъащIэм къыхэкIа Iуэхугъуэ куэдым быдэу зэрызэришалIэр.
Литературэ зэужьым жэуап игъуэтын хуейуэ зы упщIэм и жэуап къелъыхъуэ. «Сыт адэкIэ тщIэнур, дауэ дызэрыхъунур?» упщIэр зэ щхьэкIэ къызэрыгуэкIыу къыпщыхъуми, уимыгъэпIейтеинкIэ Iэмал иIэкъым. ГурыIуэгъуэщ нобэрей дунейм малъхъэдисым хуэдэу узэщIишэу, уи лъэпкъыщхьэр илъэщIу зэрыщытыр. Апхуэдэу щыт пэтми, кавказ лъэпкъхэр зы гъуэгу зэрызэдытетри, зэкъуэмытмэ, хэкIуэдэжынкIэ шынагъуэр къазэрыщхьэщытри пцIы зыхэмылъщ. Илъэсищэ ипэкIэ узэфIэбэкIыжмэ, лъэпкъ мащIэхэм я литературэхэр щызэфIэувэ къудейм, нахуэ хъуат зыр зым лъэIэсын щхьэкIэ, лъэбакъуэ пыухыкIахэр чын зэрыхуейр – тхыгъэхэр зэдзэкIыныр, зы лъэпкъым и литератуэр и махуэщIхэр нэгъуэщI лъэпкъыр щыпсэу щIыпIэм щегъэкIуэкIыныр, кIэщI-кIэщIурэ зэхыхьэныр, литературэ хасэхэр къызэгъэпэщыныр. НобэкIэ абыхэм ящыщ жэрдэм куэдыр къэнами, яхузэфIэкIыр къызэрымыкIуэу мащIэщ. Нахуэщ – литературэхэм гъащIэм хуаIэ щытыкIэмрэ еплъыкIэхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэн хуейщ. Псом япэ лъэпкъыбзэкIэ тха тхыгъэм и пщIэр къэIэтын, иужкIэ ар Iэмалыншэу утыку зэрихьэн, хэIущIыIу зэрыщIын хуей Iэмалхэр езэгърабгъуу зэгъэпэщын хуейщ.
Кавказ литературэхэм гъуэгуанэ хъарзынэ къызэпачащ. А гъуэгуанэр къазэрехъулIакIэ зэхуэмыдэми, гъащIэм къарита IэпэIэсэныгъэр яIэщ, и къэгъэсэбэпыкIэ хъунур, дяпэкIэ къапэщылъ дунейм зэрыхэувэнум и жэуапщ зэужьым къилъыхъуэр. Нэхъыщхьэр: сыт хуэдизу къакIуа тхыдэ-литературэ гъуэгуанэр зэмыщхьми, лъэпкъхэр зэкъуэту къэнащ, я эстетикэ щхьэхуэныгъэхэм зы щэнхабзэ дунейм зыщеужь.
«Урысейм и лъэпкъыбэ литературэм хэлъ щэнхабзэ икIи эстетикэ зэкъуэтыныгъэр» щIэныгъэ зэужьыр кавказ лъэпкъхэм зэгуэр къыхаха гъэгум адэкIэ зэрырикIуэнум, зрагъэгъуэта зыужьыныгъэр зэрамыгъэужьыхынум, IэмалыщIэхэр зэрызэрагъэуIун хуейм и хэкIыпIэхэр къэзыгъуэт, жэуапхэр къэзылъыхъуэ лэжьыгъэшхуэщи, къызэгуэзыхыну дэтхэнэми щIэщыгъуи хьэлэмэти зэрыщыхъунум шэч хэлъкъым.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:

Читать также: