МащIэ къигъэщIами, куэдым хунэсат

Ди газетым хъыбар зэрытетащи, анэдэлъхубзэр хъумэным хуэунэтIауэ Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и Жылагъуэ палатэм иджыблагъэ зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, мыбы пэублэу икIи убгъуауэ къыщыпсэлъащ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ Министр Езауэ Анзор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, зи лэжьыгъэр бзэм егъэщIылIа щIэныгъэлIхэр, егъэджакIуэхэр.

90-гъэхэм ди къэралым щрагъэкIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм мыхъумыщIагъэ куэд хэлъащ, ауэ пхужыIэнукъым псори Iеяуэ. Псалъэм папщIэ, лъэпкъ мащIэхэм я бзэр, хабзэр, тхыдэр нэхъ куууэ зэращIэным хущIэкъухэм я бжыгъэр хэхъуащ. Абы ехьэлIауи лэжьыгъэ щхьэпэ икIи мымащIэ къызэрызрагъэпэщым гур хигъахъуэрт. ЩIэныгъэлIхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр, журналистхэр нэхъ щхьэхуит зэрыхъуам и фIыщIэкIэ, ипэм щыгъуэ утепсэлъыхьыну дзыхьщIыгъуэджэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къаIэт, утыку къралъхьэ хъуат. Абы и фIыщIэкIэ адыгэхэми Iэмал ягъуэтащ я тхыдэр, я бзэр, я хабзэр нэхъ куууэ яджыну. Псом ящхьэрщи, Урысей Федерацэм исхэри хамэ къэрал щыпсэу адыгэри зэкIэлъыкIуэну, зэлъыгъуэзэну Iэмал къалъыкъуэкIат.

Иджы ди республикэм и Жылагъуэ палатэм анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ теухуауэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм сигу къигъэкIыжам теухуау. Мыбы къыщыпсэлъахэр нэхъ тегъэчыныхьауэ къызэтеувыIар адэ-анэхэм, гъэсакIуэхэм, егъэджакIуэхэм ящIапхъэрщ щIэблэм анэдэлъхубзэр фIыуэ егъэлъэгъуным теухуауэ.

Щапхъэу бгъэлъагъуэ хъуну, пщIэрэ щIыхьрэ яIэу, фIыщIэ лей хуэфащэу, гъэсакIуэу, егъэджакIуэу адыгэхэм диIар мащIэу пхужыIэнукъым. Ноби я цIэр фIыкIэ къипIуэ хъуну, а лэжьыгъэ мытыншым гурэ псэкIэ бгъэдэту ди сабий садхэм, школхэм щыIэхэр узыгъэгушхуэщ.

Сыхуейт гум имыхуж апхуэдэ зы цIыху телъыджэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ къытхэмытыжым, и гугъу фхуэсщIыну. Ар зи гъащIэри гуащIэри адыгэпсэ хэлъу щIэблэр къэгъэхъуным тезухуа, лъэпкъым хуэпэжу, цIыхугъэшхуэ хэлъу дунейм тета Бемырзэ Мухьэдинщ. Абы къиIуэтэж хъыбархэм, и гушыIэ дахэм, хабзэ хэлъымрэ и щэнымрэ апхуэдизкIэ узэIэпашэрти, кIэухыншэу уедэIуэфынут. Адыгэхэм ятехуауэ зэхимыха гуэр хуэпIуатэмэ фIэгъэщIэгъуэну, щыму уи псалъэр икIэм нэсыху къодэIуэнут. ЖыпIэнуращи, нэхъуеиншэу зи адыгэ лъэпкъыр фIыуэ зылъахъу щIалэт. Зыдэс къуажэм удыхьамэ, хьэщIагъэ нэс къуимыхауэ, адыгэ тхылъкIэ къыпхуэмыупсауэ, Къэбэрдейм ис адыгэхэм я хъыбар гупсэхуу зэримыгъэщIауэ укъиутIыпщынутэкъым. Куэд щIауэ пфIэкIуэда уи зэш лъапIэ къэбгъуэтыжауэ къыпщигъэхъут. Зэманыр зэрыкIуар зыхэдмыщIэу нэху къыщыттещхьи къэхъурт.

Куэд къимыгъэщIами, лэжьыгъэфI мымащIэ зыхузыфIэкIа, къызэрыхэдгъэщауэ, адыгэлI нэсу щыта, Къэрэшей-Шэрджэсым «ЩIыхь зиIэ и егъэджакIуэ», и «ЦIыхубэ усакIуэ», Урысейм и тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта Бемырзэ Мухьэдин теухуауэ филологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIэныгъэхэхэмкIэ Адыгэ Дунейпсо Академием и академик БакIуу Хъанджэрий Бемырзэм итхыгъауэ щытащ: «Тхьэм ирещIи, дунеишхуэм тету къыщIэкIынкъым зы цIыху, гукIэ уэрэд жимыIэу е усэ зэхимылъхьэу. Гъунэжщ а гурыщIэм къалэмыр къригъэпхъуатэу усэ зытххэри, ауэ мащIэ дыдэщ усэныр гупсэ зыхуэхъухэр. Усыгъэм уи макъ щыбгъэIун папщIэ, уи цIэр жебгъэIэн щхьэкIэ жьэнахуэу, набдзэгудзаплъэу ущытыныр мащIэщ: куууэ хэпщIыкIын хуейщ философием, искусствэм, психологием, тхыдэм.

Ди усыгъэм зэрызиужьам зи фIыщIэ ин хэлъхэм ящыщщ Бемырзэ Мухьэдин Хьэмид и къуэр.Ар I948 гъэм, мэлыжьыхьым (апрелым) и 7-м къыщалъхуащ иджырей адыгэ усакIуэхэм я «Мэчэ» хъуа Али-Бэрдыкъуэ (Хьэгъундыкъуей) къуажэ дахэм. Курыт еджапIэм иужь къиухащ Къэрэшей-Шэрджэс пединститутыр.1971 гъэм къыщыщIэдзауэ и къуажэ еджапIэм щрегъэдж адыгэбзэмрэ литературэмрэ. Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIэблэм щIэныгъэ етынымкIэ и нэхъ лэжьакIуэ пажэхэм ящыщ зыщ.

Мухьэдин гъащIэм куууэ пхроплъыр, цIыхубэм и гукъеуэр езым и гукъеуэщ, и гуфIэгъуэр езыми и гуфIэгъуэщ, телъыджэу ядилъагъухэри егъэлъапIэр. Абы и дуней лъагъукIэри и жыIэгъуэхэри зыми хэзэрыхькъым, иIэжщ езым и Iуэху еплъыкIэ, и усэхэм ятелъщ Бемырзэ Мухьэдин зэрейр къозыгъащIэ дамыгъэхэр.

Абы и IэдакъэщIэкIыу дунейм къытехьащ: «Зэкъуажэгъухэ», «ЛIыгъэм и тхыдэ», «Уэрэду сиIэр уэрщ», «ДыгъафIэ уэс», нэгъуэщI тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэри.

Хэкум, абы и тхыдэм, цIыхухэм яхуиIэ лъагъуныгъэ къабзэр, фэрыщI гуэри хэмылъу, гущIэм къызэрыщежьэр наIуэ къэзыщI усэ сатырхэр адыгэ литературэм, усыгъэм хэлъхьэныгъэфI хуэхъуащ. Апхуэдэхэщ усыгъэр фIыуэ зылъагъухэм гурыхь ящыхъуа «Уадыгэным къикIыр», «ЩыIэжкъым япэрей лIыжьхэр», «УкIытэ», «Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм», «ХъуэпсапIэ» усэхэр, нэгъуэщIхэри.

Бемырзэм и усыгъэм зэрызиужьым, тхакIуэм игукIэ зэригъэзахуэ Iуэхугъуэхэм зэрыхэхъуэм, и къалэмыр и мурадым зэрыпэлъэщыжым и щыхьэтщ 1987 - 1991 гъэхэм итха «Поэмэ нэщхъейр». И адэм фэеплъ хуищIа тхыгъэмкIэ Мухьэдин хузэфIэкIащ ЕтIуанэ Дунейпсо зауэм и пэ, и кIэ лъэхъэнэм зи щIалэгъуэр щхьэузыхь хуэзыщIа щIэблэм и гъащIэр, и нэгу щIэкIар къызэщIиубыдэну. «Поэмэ нэщхъейр» адыгэ литературэм и псалъэщIэ зэрыхъуам шэч хэлъкъым.

Бемырзэ Мухьэдин егъэджакIуэ Iэзэу, литературэм и фIыщIэм щыгъуазэу зэрыщытыр къэзыгъэлъагъуэщ 9-нэ классым папщIэ абы къыдигъэкIа «Адыгэ литературэр».

Бемырзэм хужыпIэфынур зыщ- Тхьэр фIыкIэ къыхуэупсащ».

БакIуу Хъанджэрий егъэджакIуэм, усакIуэм, цIыху телъыджэм хуэгъэзауэ итха псалъэ гуапэхэм пысщэу жысIэну сызыхуейр зыт:цIыхум къыхиха щIэныгъэр, IэщIагъэр гурэ псэкIэ илъагъум куэд хузэфIэкIынущ. Аращ Бемырзэ Мухьэдин дэслъэгъуари, сфIэигъуэщ иджыри зэ дигу къэдгъэкIыжыныр.Си фIэщ хъуртэкъым щэныфIагъэрэ акъылыфIагъэкIэ абы къыдимыхьэхын щыIэу.Мухьэдин и усэхэм, и къалэмыпэм къыщIэкIа нэгъуэщI тхыгъэхэм, егъэджакIуэ нэсу, щIэныгъэлI щэджащэу зэрыщытам тетхыхьар мащIэкъым, иджыри абы зэрыпащэнум, и дуней тетыкIар щапхъэу куэдрэ зэрагъэлъэгъуэнум шэч къытесхьэркъым.

Сыхуейт, Бемырзэм и сатыриплI гум къинэжар си тхыгъэм кIэух хуэсщIыну:

 Уи Хэкум куэдрэ уэ хуумыщI тхьэлъанэ,

«СылIэнщ уэр щхьэкIэ!» - жыпIэу умыув,

 Iуэхуншэу упэмыплъэу ущылIэнум,

 УиIэхукIэ гъащIэ - Хэкум хуэпсэуф.

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться: