Iэпкълъэпкъым и щыуагъэ

Сабийм и Iэпкълъэпкъым ныкъусаныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр иIэу дунейм къыщытехьэ щыIэщ, ар набдзэгубдзаплъэу зэпумыплъыхьми, къефыкIыр нэрылъагъуу. Абыхэм ящыщщ пщэ Iушэр, тхыцIэ зэмыпцIар, Iэпхъуамбэ, лъэпхъуамбэ лейхэр, кIапэ зыпытхэр, гидроцефалиер, нэгъуэщIхэри. Сыт ахэр къызыхэкIыр, щхьэ ныбэрылъым и Iэпкълъэпкъым апхуэдэ ныкъусаныгъэхэр игъуэтрэ?
Spina bifida жыхуиIэу щIэныгъэм ицIыху узыфэр ныбэрылъым къызэрефыкIыр УЗИ-м къегъэлъагъуэ иджыпсту. Нэхъапэм ар къызыхэкIымрэ зыхуахьынумрэ ямыщIэу, цIыхухэр иришынэу, мэжалIэм, гыбзэм, нэлатым и Iэужьу хуагъэфащэрт. Пэжыр жыпIэмэ, щIэныгъэр нобэ здынэсами къахуэхутакъым абы и щхьэусыгъуэр. Хуагъэфащэ цIыхум и генетикэм щыуагъэ гуэрхэр къыхэкIыу, щIыуэпсыр, хьэуар, псыр фIей зэрыхъуам и ягъэу, бзылъхугъэ уэндэгъум зрихьэлIа хущхъуэхэм ящыщ зэран хъууэ. Ауэ дызытепсэлъыхь узыфэр пасэми - цIыхум хущхъуэ зэримыхьэххэу щыщыта лъэхъэнэхэми щыIащ.
Биолог-эволюционист Хекстра Хопи и кIапцIэм дыркъуэ игъуэту, еIэзэн хуей щыхъум, тхыцIэм и кIапэу пхэдыкъуакъуэм деж щиухыж «кIапэр» зищIысымрэ абы и мыхьэнэмрэ къихутэну мурад ищIат. Апхуэдэу, Хекстра номинхэм я геномым къыщигъуэтащ Alu жыхуаIэ ДНК пычахуэр. А налъэр хабзэ гуэрым тету зэкIэлъыкIуэркъым, атIэ хэчыхьауэ ДНК-м хэту аращи, «къэзыпкIыхь ген» фIащащ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Alu пычахуэхэр пасэрей вирус гуэрым къыхэкIауэ, цIыхум и Iэпкълъэпкъым илъу аращ, ДНК-м и проценти I0-м хуэдиз хъууэ. Мис а пычахуэм щIэныгъэлIхэр «ириджэгуу», дзыгъуэхэм я ДНК-м хэтыр ягъэIэпхъуэм, зэрахъуэкIыурэ, хьэдэгъуэдахэ къахутащ: дзыгъуэхэм я кIапэр кIэщI хъурт е пымытыххэу къалъхурт.
Апхуэдэ дзыгъуэхэм я куцIым екIуалIэ псантхуэхэм зэхъуэкIыныгъэ ягъуэт. Аращ щхьэ куцIым и зы Iыхьэ гуэр чэму, я тхыцIэр зэмыпцIауэ сабийхэр къыщIалъхур, Spina bifida жыхуаIэж узыфэ шынагъуэр къызыхэкIыу зыхуагъэфащэр. КъызэрыщIэкIымкIэ, эволюцэм къриубыдэу цIыхум и кIапэр зэрыпыхуам щIита уасэр аращ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къалъхуагъащIэ I000-м хуэзэу зым къофыкI мы узыфэ шынагъуэр.
ЩIэныгъэлIхэм ящIэркъым дзыгъуэхэмрэ цIыхухэмрэ я Iуэхур зэхуэдэми, псэущхьэхэм къефыкI узыфэхэм щхьэусыгъуэ хуэхъу дыдэр цIыхухэм зэран къыхуэхъуми къыхуэмыхъуххэми. Къэпщытэныгъэхэр щIадзагъащIэу аращ. Ауэ, къуапи кIапи къэмынэу иджам хуэдэу, медицинэм чэнджэщ щхьэпэхэр зэбгретыкI: ныбэрылъыр узыншэу къызэтенэн, Spina bifida къемыфыкIын папщIэ, цIыхубз уэндэгъум, Iэмал имыIэу, фолиевая кислота жыхуаIэр зрихьэлIэн хуейщ.
Ныбэ ихъуа сабийр тхьэмахуи 3 - 4 щрикъум ирихьэлIэу и псантхуэ системэм бжьамийм хуэдэу зешыхь, и лэжьыгъэр зэтреублэри, а системэм тхыцIэмрэ щхьэ куцIымрэ къокIыкIыж. И чэзум ирихьэлIэу псантхуэхэм зызэхуамыщIмэ, Spina bifida жыхуаIэм зеужь: сабийм и тхыцIэм хуэзэу гъуанэ иIэу, е лым гъуанэ телъу къалъху, а гъуанэмкIэ куцI уэтэпс къикIыу. А гъуанэр инышхуэу щытынкIэ хъунущ, ныбэрылъым и сэкъатыр УЗИ-м къигъэлъагъуэу, гу лъумытэххэуи Iузэу щыIэщ, пщэдыкъыцым щIихъумэу, зэрымыщIэкIэ къахутэу, е ар зэриIэр ямыщIэу цIыхухэр мэпсэу.
Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ фолиевая кислота жыхуэтIэу, уэндэгъухэм ирахьэлIэ хущхъуэм зэрану пылъри. 20I8 гъэм кърахьэкIыу щытащ эпилепсие зиIэ бзылъхугъэхэм я ныбэрылъым а хущхъуэр сэбэпышхуэ зэрахуэхъур. 2022 гъэм къахутам тепщIыхьмэ, эпилиепсие зиIэ цIыхубзхэм, щыуэндэгъум фолиевая кислота ефахэм, лышх уз къефыкIыу къалъхуащ я сабийхэр, е иужькIэ сымаджэ хъуащ.
Гузэвэн щIадзэн хуейщ Инджылызым щыпсэухэм… А къэралым и щIэныгъэлIхэм я жэрдэмкIэ, гуэдз хьэжыгъэм фолиевая кислота халъхьэ. Сыту жыпIэмэ, бзылъхугъэм лажьэ зэриIэр занщIэу къыщыгурымыIуэ щыIэщ, ныбэрылъым и чэзум а кислотар къылъымысмэ, нэщIэбжьэ кърикIуэнкIэ хъунущи, ерыскъым хэлъу махуэ къэс Iэпкълъэпкъым къыIэрыхьэмэ нэхъыфIу къалъытащ. Инджылызым и закъуэкъым, къэралыгъуэ 80-м даIыгъащ а гупыжыр.
Пэжу, щIэныгъэлIхэм къахэкIат апхуэдиз кислотар лъэужьыншэ зэрымыхъунур, апхуэдэу пщIэ зэрымыхъунур жызыIахэри. Ауэ апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм щыхьэт техъуэну зы дунейпсо къэпщытэныгъи щыIэтэкъыми, нэхъ мащIэм жаIэм зыри едэIуакъым.
ГъэщIэгъуэныракъэ, фолиевая кислотам я гур хуэмыкIуэу, «псэкIэ» зыхащIэм хуэдэу, ар зыхуатх бзылъхугъэхэм я Iыхьэ щанэм зрахьэлIэркъым. Иужьрей уз зэрыцIалэу дунейр зыубыда коронавирусым зыкъыщигъэлъэгъуащ мыбдежи – фолиевая кислота зэзыхьэлIахэм нэхъ псынщIэу ковидыр къаубыдащ, нэхъ хьэлъэу къефыкIащ, нэхъыби илIыкIащ. Аращ UC Davis Health IуэхущIапIэмрэ Бирмингем щыIэ университетымрэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуар.

Заворотинская Наталье.
Поделиться:

Читать также: