Мадинэ хуэдэр зэрызщ

Бзылъхугъэ гуакIуэ, анэ гумащIэ, тележурналист Iэзэ, цIыху щабэ, «1 КъБР» къэрал телеканалым и редактор Жэман Мадинэ и лэжьыгъэм зэрыхуэIэижьым и закъуэкъым фIагъ нэхъыщхьэу бгъэдэлъыр, атIэ благъэхэми Iыхьлыхэми фIыуэ къалъагъуу, зыхэт гупми пщIэ къыхуащIу, зызрипщыт псоми хэзагъэу апхуэдэщ.

Ар щылажьэ «1 КъБР» каналым щригъэкIуэкI нэтынхэм укIэлъыплъмэ, пщIэ зиIэ IэщIагъэлIхэр, жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэтхэр, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щынэхъ пажэхэр, кIуэаракъэ, республикэм исхэм гъуазэ яхуэхъу цIыхухэр къызэрыхихыфым тепщIыхьмэ, и IэщIагъэм къыхуигъэщIащ зыхужаIэхэр Мадинэ хуэдэхэрщ.

Налшык къалэ дэт Педагогикэ училищэр къиуха нэужь, Мадинэ лэжьэн щыщIидзар сабий гъэсапIэрщ. ИлъэсипщIкIэ 44-нэ садым категорие нэхъыщхьэ зиIэ гъэсакIуэу щыIащ Жэманыр, зэрылажьэм хуэдэурэ, щIэныгъэ нэхъыщхьи зригъэгъуэтыжащ. 1990 гъэхэм ди къэралым къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр и щхьэусыгъуэу, лэжьапIэм къыIукIын хуей хъуащ ар. Ауэ щIэх дыдэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал телевиденэм ирагъэблэгъащ. Абы и япэ IэщIагъэм и лъэужь и хьэлым къыхэрыхэнам шэч хэлъкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гъэсакIуэм сабий къэс гулъытэ зэрахуищIым хуэдэущ дэри къызэрытхэтыр: упщIэ уиIэмэ, чэнджэщ и деж ущылъыхъуэмэ, гъуэгум я нэхъ захуэм утригъэувэнущ, гумащIагърэ шыIэныгъэрэ хэлъу и лэжьэгъухэм ябгъэдэтыфщ.

- Зэманым дызыхуишэнур тщIэртэкъым 90 гъэхэм. ФIыуэ слъагъуу къыхэсха IэщIагъэм сигу пэщыху сримылэжьауэ сыкъыIукIащ. А лъэхъэнэм си шыпхъур телевиденэм щылажьэти, си кIэн къикIри, къыкъуэкIа IэнатIэм и хъыбар зэхэсхащ. Машинисткэу сыкъащтэри, мазэ бжыгъэ фIэкIа сымылэжьауэ, хъыбарыщIэхэм срагъэблэгъащ. СыкъыздыIукIа лэжьыгъэмкIэ си гур щыIэу, къысхуагъэлъагъуэ Iуэхум сытемыгушхуащэу хъыбарыщIэхэмкIэ къудамэм лэжьэн щыщIэздзат. А лъэхъэнэм Жылэтэж Сэлэдин, Къуэдзокъуэ Хьэсэн, Тхьэмокъуэ Барэсбий, КIурашын БетIал сымэ сахэхуащ сэ. Мис ар си дежкIэ насыпышхуэт, - игу къегъэкIыж Мадинэ. - КIурашын БетIалт ди редактор нэхъыщхьэри, абы и лэжьыгъэм сэ дерсышхуэ къыхэсхащ, адрейхэми я сэбэп къызэкIащ.

Журналистикэм цIыхухъур нэхъыбэу щыщылэжьа зэманщ Мадинэ къыщыщIидзар. Дауи, абыхэм уахэтынуи IэщIагъэм зыхуебгъэсэнуи тыншу щытауэ къыщIэкIынукъым. Зэманри апхуэдэти, нобэ дэ техникэкIэ, Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ дыкъызэрызэгъэпэщам хуэдэтэкъым. Ауэ гъащIэми лэжьыгъэми хуэжыджэр пщащэр зэман куэд дэмыкIыу яхэсыхьащ, зыхыхьахэм я пщIэм и лъагагъымрэ я Iэзагъымрэ хуэнабдзэгубдзаплъэти, занщIэу задригъэкIуфащ.

Сабийхэм яхэта гъэсакIуэм республикэм теухуа хъыбарыщIэхэр зэрагъэхьэзыр щIыкIэр зэуэ къипхъуэтэныр Iуэху къызэрыгуэкIтэкъым, ауэ «лэжьыгъэр апхуэдизкIэ гъэщIэгъунти, занщIэу сыдихьэхат икIи зи гугъу сщIа цIыхухъухэри си дэIэпыкъуэгъути, сыхэзэгъащ», - игу къегъэкIыж Мадинэ.

Илъэс 23-рэ дэкIащ абы лъандэрэ. Нобэ Жэманыр тележурналист нэхъыфIхэм хабжэу мэлажьэ. «Узыншэу фыщыт», «Ди псэлъэгъухэр», «Унагъуэ» - апхуэдэ нэтынхэр цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуащ. Сыт Мадинэ къехъулIэр? Зи хъыбараррэ псэукIэрэ, зи IэщIагъэрэ гупсысэкIэрэ удихьэхыу узэдаIуэ, узэплъ лIыхъужьхэр къегъуэтыф. И псэлъэкIэ щабэмкIэ абыхэм япкърыупщIыхьурэ гъащIэм и щэхухэр, псэукIэм епха гурыгъугурыщIэхэр, цIыхум и къалэн нэхъыщхьэхэр, IэщIагъэфI зиIэр зэрынасыпыфIэр, унагъуэфI ухъуным нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр нэрылъагъу къытщещI.

- Ди республикэр мыин дыдэми, щIэх-щIэхыурэ уахуозэ цIыху гъэщIэгъуэнхэм, - жеIэ Мадинэ. - Ахэр дэ къыщытлъыхъуи, нэгъуэщIхэм къыщытхуагъэлъагъуи, дыкъыщалъыхъуи щыIэщ. Ауэ гъэщIэгъуэну хэлъыр пщIэрэ? ГъащIэр зэрызэхэлъыр къагъэлъэгъуэф телевиденэ нэтынхэм. Уэри гугъуехь къыпхузэмынэкIын упэщIэхуауэ къыпщыхъуу уи гур щыкIуэдкIэ, нэгъуэщI цIыху гъащIэ урохьэлIэ, абы хузэфIэкIам ущIодэIури, «зыкъыбощIэж», ар щапхъэу уиIэурэ нэхъыфIыж гуэр уи гъуэгу къытохьэ. Мис апхуэдэхэр къэбгъуэтыным, къэбгъэлъэгъуэным узыIэпешэ. А къэпта нэтыным цIыхухэр тепсэлъыхьыжу зэхэпхмэ, къэпсалъэрэ фIыщIэ къыпхуащIмэ, абы нэхъыбэжым утрегъэгушхуэ, къаруущIэ къыпхелъхьэ, гупсысэщIэхэм ухуашэ. Уэрамым уздрикIуэм укъацIыхужурэ къыббгъэдохьэ, ягу ирихь-иримыхьыр къыбжаIэ, чэнджэщ къуат - мис абыхэм, шэч хэмылъу, уигу хагъахъуэ.

ГъащIэр узэрыхуей дыдэу къохъулIэркъым, зэрыхабзэу. Жэманми иIэ хъунщ игу щIэныкъуэ, къемыхъулIа хъуэпсапIэ, зыхунэмыса мурад. Ауэ акъылыфIагърэ жыджэрагъкIэ куэдым къащхьэщыкI бзылъхугъэм хуэмурэ зыхуейхэр зыIэригъэхьэу, и бынхэр имыгъэхъуапсэу, зыдэлажьэхэр арэзы ищIыфу апхуэдэщ. Игурэ и щхьэрэ зэрызэтелъыр къыщежьэр а псори къыхэзылъхьа и адэ-анэм, нобэ къыкъуэт и анэкъилъхухэм я дежщ.

- Ди адэр цIыху щабэт, и Iэ къиIэтауи, и макъ дришеяуи сщIэжкъым, ауэ икIи къытхуэткIийт, - жеIэ Мадинэ. - Гидрометзаводым щылажьэрт, икIи IэпщIэлъапщIэти, ди лъапсэр езым и IэкIэ ищIащ. Илъэс 50-м щIигъуа къудейуэ дунейм ехыжащ ар. Ди анэр гугъу ехьащ, и закъуэу быниплIыр дыкъыхуэнэри. Ауэ иджы зэрытхузэфIэкIкIэ догъафIэ.

ЦIыхум и лъэр быдэу щытетыр и щIыбагъ зыгуэр къыдэтмэщ, и къэкIуэнур щыдахэр гугъапIэфIхэр зрипх бын къыщIэхъуэмэщ. Апхуэдэу лъэныкъуитIымкIи насыпыфIэщ Мадинэ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: