Тхылъхэр IэщIыб фщIыну фымыпIащIэ

Куэд щIауэ схъумэ тхылъхэм сыздыхэплъэжым сигу къэкIыжахэрщ мы тхыгъэр зытеухуар.

«Деджэнщи къыпхуэтхьыжынщ», - жаIэу, сIахауэ къысIэрымыхьэжахэми ядыгъуахэми химыубыда тхылъхэм ди адыгэ тхыдэм, анэдэлъхубзэм, IуэрыIуатэм, ипэм щыгъуэ школхэм дызэрыщеджэу щытахэм я напэкIуэцIхэм ущриплъэжкIэ къэди уигу къагъэкIыж, теплъэкIэ тIэурысэ хъуами узыщымыгъуэза, зи мыхьэнэр мыкIуэдыжа куэди къуагъащIэ. Тхылъым пщIэшхуэ зэрыхуащIыу щытамрэ и мыхьэнэмрэ IупщIу къэзыгъэлъагъуэ зы щапхъэщ етхуанэ классым щеджэ цIыкIухэм папщIэ хрестоматием, 1984 гъэм къыдэкIам и пэублэ напэкIуэцIым иплъагъуэр:

«ЕджакIуэ цIыкIухэ! Илъэс псэум фызэреджэну мы тхылъыр къыдэгъэкIыным цIыху куэд елэжьащ, ПщIэ хуэфщI абыхэм я лэжьыгъэм.

 Фыхуэсакъ, и напэхэр къыдэвмыч, фхъумэ ар. Зыщывмыгъэгъупщэ, абыкIэ еджэнухэщ фи къуэш, шыпхъу, дэлъху нэхъыщIэ цIыкIухэр, яIэрывгъыхьэ абыхэм тхылъыр псэурэ къабзэу.Фыхъу абыхэм щапхъэ зытрах!»

Си гугъэщ, щIэблэм хуэгъэза апхуэдэ къыхуеджэныгъэр щхьэпэу щытауэ. Ауэ сабийм нэхъыбэу ищIэнур жепIэракъым, атIэ илъагъуращ. КъэтIэта Iуэхугъуэм ехьэлIауэ зэман-зэманкIэрэ гъэщIэгъуэн куэд ди нэгу щIэкIащ.

Хэти и унагъуэм исхэм я псэр щIэныгъэм хуэпабгъэу фэ зытригъэуэн мурад иIэу нэхъ теплъэ дахэ зиIэ, классикхэм я тхылъ гъуэтыгъуей икIи лъэпIейуэ щытахэмкIэ и унэлъащIэр игъэщIэращIэт, хэти, нэхъ телъыджэлажьэжращи, хьэкум мафIэ щырищIэкIэ къигъэсэбэпт. Компьютэрхэм я зэманыр къэунэхуа иужь, тхылъеджэхэм я бжыгъэр псынщIэ дыдэу мащIэ хъуащ, тхылъеджапIэхэми щыплъагъуну щIэджыкIакIуэхэри закъуэтIакъуэщ.

ЩыIэу къыщIэкIынкъым технологиещIэхэм тыншыгъуэ куэд къызэрытхуахьамрэ я мыхьэнэр зэрыинымрэ къызыгурымыIуэ. Ауэ хэт жиIэфын тхылъым ибгъуэтэнур быдэу абы пхуихъумэну, техникэм пыщIа лъэпощхьэпо уIумыуэну. Хьэмэрэ ди мащIэу пхужыIэну компьютер, планшет, жып телефон къэзымыщэхуфхэмрэ къэзымыгъэсэбэпыфхэмрэ.

Зэи сщымыгъупщэжын Iуэхугъуэ мызэ-мытIу си нэгу щIэкIауэ щытащ. Зы адыгэ жылагъуэ дэт тхылъ хъумапIэм и бжэIупэм зэман-зэманкIэ тхылъ хъушэ щыхыфIадзэрт, нэхъыкIэжращи, щагъэст. Си ныбжь теухуауэ, унафэ гуэр абы хэслъхьэну хуитыныгъэ сиIэтэкъым, схузыфIэкIрати мафIэм къысхуегъэлымрэ схузыщIэкъуэмрэ си унэ къэсхьырт. ГъэщIэгъуэнракъэ, а тхылъхэм хэлът ухуей хъумэ къыпхуэмыгъуэтыжын куэд. Ныбжьышхуэ зэраIэм къыхэкIыу зыри а тхыгъэхэм хуэмеижу къалъытэу арат. Лей хъуахэм ящыщт 50, 60 гъэхэм адыгэ щIэныгъэлI, узэщIакIуэ, тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэхэу, нобэ къытхэмытыжхэм я лэжьыгъэ. Тхылъхэм яхэбгъуэтэнут ди лъэпкъ тхыдэм, политикэм,экономикэм, культурэм щэнхабзэм, гъуазджэм, литературэм, нэгъуэщI Iуэху щхьэпэ куэдым ятеухуахэр. Ахэм я ныхъыбэм, къэрал гъэпсыкIэм къызэригъэувым хуэдэу, коммунист парт бгъэдыхьэкIэ ягъуэтами, я купщIэр жьы е сэбэпыншэ хъуауэ пхужыIэнутэкъым. Дауэт я акъылрэ зэфIэкIкIэ цIэрыIуэ хъуа цIыху щэджащэхэу, узэщIакIуэхэу адыгэ лъэпкъым псэ хьэлэлкIэ хуэлэжьэным зи гъащIэр щIэзытауэ дызэрыпагэхэм ятхам щIэныгъэ, Iущагъэ, дерс къызэрыхомыхынур.

Уи гуапэ мыхъуу къанэркъым, гукъэкIрэ цIыхугъэрэ зиIэхэр мымащIэу иджыри зэрыщыIэр. Абы и щыхьэтщ ди паркхэм, цIыху щыпэкIу щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм тхылъ къамыгъэсэбэпыжхэр хыфIамыдзэу, ямыгъэсу къызэрытралъхьэр. Тхыдэм ухэплъэжмэ, куэдыкIейуэ ущрохьэлIэ хуэмеижын ягугъэу Iумпэм ящIар иужькIэ къалъыхъуэжкIэ ямыгъуэтыжу.

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться: