Сурэт техыным гугъуехьхэр пыщIат

Иджыри илъэс 200-м щIигъу ипэкIэ сурэт щхъуэкIэплъыкIэу тепх хъууэ щытакъым. Дунейр зэрыщхъуэкIэплъыкIэр, зэрызэмыфэгъур къэзыгъэлъэгъуэфыр сурэтыщIхэм я закъуэт.

1840 гъэхэм франджы Беккерель Эдмон хлор зыхэлъ дыжьын пIащIэпсым (пластинэм) плъыфэхэр IэпапIэу япэу тригъэубыдэфащ. АрщхьэкIэ, пластинэр кIыфIыпIэм щыхъумэн хуей хъурт, нэхум хэпхьэмэ, щIэхыу текIыжырти. Американ Хилл Ливай 1853 гъэм сурэт щхъуэкIэплъыкIэ зэрытрах Iэмал гуэр къигупсысри, абы и патент зэригъэпэщынуи и ужь ихьауэ щытащ. Ауэ куэдым ар къалъытащ лэч (краскэ) зэмыфэгъухэмкIэ сурэтхэм хэцIэлыхь гъэпцIакIуэу.

Япэ сурэт зэмыфэгъуу къалъытэ Британием щыщ Максвелл Джеймс и лентI щхъуэкIэплъыкIэр, 1861 гъэм хэIущIыIу ищIар. Сыт хуэдэ плъыфэри плъыжьым, удзыфэм, щIыхум къазэрытепщIыкIыфыр къэзыхутауэ щыта физик цIэрыIуэм а и къэхутэныгъэр сурэт Iуэхуми къыщигъэсэбэпащ. Плъыфэ лIэужьыгъуищым чэзуурэ лентIэр ятрилъхьэурэ сурэт трихащ. Нэху зытридзэ фильтркIэ упхыплъмэ, сурэтхэр щхъуэкIэплъыкIэт.

Зыгуэрым требгъэубыдэу уеплъын хуей мыхъуу къэунэхуа япэ сурэт щхъуэкIэплъыкIэр къигупсысащ Орон дю Луи. Сурэт техыным абы къыщигъэсэбэпащ пигментыр. Пэжщ, плъыфэхэр IупщI дыдэу къагъэлъагъуэу пхужыIэнутэкъым. Апхуэдэми, пигментхэр къыщыгъэсэбэпа сурэтхэр куэдкIэ нэхъ зехьэгъуафIэт, текIыжыртэкъым.

1891 гъэм Липпман Габриэль пигменти, зэралэ лэчи къыумыгъэсэбэпу, нэхум и фIыгъэкIэ сурэт тепх зэрыхъур къигъэлъэгъуащ. 1908 гъэм абы и къэхутэныгъэм къыхуагъэфэщащ Нобель и саугъэтыр.

Зэман дэкIри, сурэттех Iэмэпсымэр къэунэхуащ. 1907 гъэм франджы Льюер зэкъуэшхэм сурэт пластинкэ щхъуэкIэплъыкIэхэр къагупсысащ. Абыхэм я къэхутэныгъэм къыщагъэсэбэпащ зэмыфэгъуу ла кIэртIоф крахмал.

А зэманым урыс сурэттех нэхъ цIэрыIуэу зыкъигъэлъэгъуауэ щытащ Прокудин-Горский Сергей. Абы хэлъхьэныгъэ хуищIащ сурэттех Iуэхум. Сурэт зытрихыр къызэриубыд зэманыр зы меданкIэ нэхъ хуэм ищIын хузэфIэкIащ, сурэт техахэр бжыгъэ куэд хъууэ къыщIэбгъэкIыж зэрыхъу Iэмали къигупсысащ. 1903 гъэм щегъэжьауэ 1916 гъэ пщIондэ Прокудин-Горскэм Урысейм и плIанэпэ зэхуэмыдэхэм щытрихащ сурэт зэмыфэгъуу мини 3-м щIигъу.

1912 гъэм нэмыцэ Фишер Рудольф сурэтхэр тхылъымпIэ щытрадзэкIэ къагъэсэбэп лэчхэм химикат (пкъыгъуэ зэмыфэгъу) къазэрыхэкIым гу лъитащ. Ахэр эмульсием хилъхьэу къэзыублар аращ, хромогеннэ сурэтхэр ищIу.

1924 гъэм Маннес Леопольдрэ Годовский Леопольдрэ эмульсие щхьэфитIу зэтелъ сурэт плёнкэм и патент зэрагъэпэщащ. Япэ щхьэфэр удзыфэт е щIыхуфэ-удзыфафэт, етIуанэр плъыжьт. 1935 гъэм я къэхутэныгъэр ирагъэфIэкIуащ, плёнкэр щыуэ зэтелъу ящIри. «Kodachrome» плёнкэ зэмыфэгъур апхуэдэу къежьащ. Сурэт тезыхым и плёнкэр сурэтщIыжым хуигъэхьырти, абы сурэтхэр хьэзыру къритыжырт. Сурэт тезыхым ар езым тхылъымпIэм тридзэу япэу щыхъуар Германиерщ. «Agfacolor» плёнкэр 1936 гъэм ящэ хъуащ. 1941 гъэм «Kodak»-м зэригъэпэщащ тхылъымпIэ щхъуэкIэплъыкIэр. Сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэр трихрэ асыхьэтуи къыщIэзыгъэкIыж «Polaroid» сурэттехыр 1963 гъэм къежьащ.

1980 гъэхэм плёнкэ зыдэмылъ, бжыгъэкIэ лажьэ сурэттеххэр къэунэхуащ. Иджы сурэтхэр электроннэ щIыкIэу пхъумэ хъурт. Интернет Iэмалыр хуит хъури, сурэтхэр къыщIэгъэкIыжыным щIагъуэу хуэмыныкъуэ хъуащ. Нэхъыбэу ахэр зэIэпах электроннэ Iэмалыр къагъэсэбэпу.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: