Иджырей адыгэ пщащэ

Газетеджэхэм ди гуапэу фыдогъэцIыху Адыгэ Республикэм,  Мейкъуапэ къалэм, щекIуэкIа «Адыгэ пщащэ» фестиваль-зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщызыхьа, Бахъсэн районым хыхьэ Куба къуажэм и Щэнхабзэ-зыгъэпсэхупIэ центрым и унафэщI Беслъэней Замирэ. Зэхьэзэхуэр Адыгэ Республикэм ЦIыхубэ щэнхабзэмкIэ и центрым къызэригъэпэщат, ЩэнхабзэмкIэ министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу. Зэхыхьэ дахэр ящыщщ Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсым зэфIаха IуэхуфIхэм.

- Бахъсэн район администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Тхьэмэдокъуэ Зерэ къызжиIащ фIыуэ слъагъу Къэбэрдей-Балъкъэрым, сызыщыщ районым, къуажэм  я цIэкIэ апхуэдэ зэхыхьэшхуэм зыкъыщызгъэлъэгъуэну дзыхь къызэрысхуащIар. Ар, дауи, сэркIэ жэуаплыныгъэ ин зыпылъ Iуэхут, - жеIэ Беслъэней Замирэ. – Фестивалым хыхьэу къыспэщылъ къалэнхэр екIуу гъэзэщIэным теухуа си пщэрылъхэм сыпэмылъэщыным сримыгузэвауэ жысIэмэ, пцIы сыупсынущ. Район унафэщIхэр, щэнхабзэмкIэ къудамэм и лэжьакIуэхэр, си Iыхьлыхэмрэ си лэжьэгъухэмрэ Iуэхур къызэрежьэрэ сыткIи къызэрыздэIэпыкъуамкIэ фIыщIэ яхузощI. Сэри зи дзыхь къызэзыгъэзахэр зэрызгъэпэжыным сыхущIэкъуащ. Апхуэдиз цIыхум си зэфIэкIыр я фIэщ хъууэ япэ сищыну къызэрысщыгугъым нэхъри сытригъэгушхуащ, дамэ къыстригъакIэу. ЖыпIэнуракъэ, апхуэдэ дэIэпыкъуэгъухэр уиIэу утемыкIуэныр къезэгътэкъым.

Замирэ зэрыжиIэмкIэ, зэхьэзэхуэм и япэ махуитIыр зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ. Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэмрэ Краснодар краймрэ ящыщу зэпеуэм хэт и хьэрхуэрэгъу пщащэхэр щызригъэцIыхум, абы къыгурыIуат дэтхэнэми «Адыгэ пщащэ» щIыхьыцIэр зэрихьэну зэрыхуэфащэр. Егъэлеяуэ гуапэ щыхъуат езым цIыху куэд къызэрыдэщIыр. Ди республикэм икIри, Замирэ и гъусэу Мейкъуапэ кIуащ Тхьэмэдокъуэ Зерэ, «Кавказ» уэрэджыIакIуэ ансамблым и унафэщI Жылау Арсен,  пшынауэ Къунаш СэIихьэт, пхъэцIычауэ Бакъей Мурат, уэрэджыIакIуэ ШыкIэбахъуэ Ислъам сымэ, нэгъуэщIхэри. Япэу апхуэдэ зэпеуэм хэта пщащэм и дежкIэ уасэншэт гуп зэрыIыгъ и щIыбагъ къызэрыдэтыр. Зэхыхьэм хэтхэр ягъэщIагъуэу къыщIэупщIэрт Замирэ и дэIэпыкъуэгъухэр и унагъуэм щыщ и Iыхьлыуэ къафIэщIу.

Пхъэидзэм кърикIуам тету, Беслъэней Замирэ къылъысащ япэу утыку къихьэу зэпеуэр къызэIуихыну икIи ар гукъинэжу къехъулIащ, ди уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ и дэIэпыкъуэгъуу. КъэпщытакIуэхэм ягу дыхьэнтэкъэ Жылау Арсенрэ Беслъэней Замирэрэ зэхьэзэхуэр къызэрызэIуаха ди «Уэркъ къафэр»?! Къафэм къыдэкIуэу, Замирэ абдеж щигъэлъэгъуащ пхъэцIыч макъамэ IэмэпсымэмкIи иIэ зэфIэкIыр. АдэкIэ кърихьэлIахэр хигъэгъуэзащ дэзыхьэх Iуэхугъуэхэм. Анэдэлъхубзэр зэраIурылъым къыдэкIуэу, лъэпкъ тхыдэм теухуауэ пщащэхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэри къалъытащ къэпщытакIуэхэм. Къыхэгъэщыпхъэщ, Тыркум къикIа хьэщIэ, ди лъэпкъэгъу пшынауэ цIэрыIуэ Джымыкъу Тамбии къэпщытакIуэхэм зэрахэтар.

«Адыгэ пщащэ» зэпеуэм хыхьэу ягъэлъэгъуащ анэдэлъхубзэр зэрагъэшэрыуэр, я унагъуэм, лъэпкъым я тхыдэм, щэнхабзэм зэрыщыгъуазэр, я IэпщIэлъапщIагъэр, пщэфIэнымкIэ, къэфэнымкIэ я зэфIэкIхэр. КъищынэмыщIауэ, къэпщытакIуэ гупым хэтхэм я упщIэхэм жэуап иратащ. Зэхьэзэхуэм хыхьэу къызэрагъэпэщащ щIэныгъэ-практикэ конференцэ щхьэпэхэр, декоративно-прикладной гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэхэм, дыщэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэтхэр, «Адыгэ бзылъхугъэ цIэрыIуэхэр» Iуэхур. Пушкин Александр и цIэр зезыхьэ цIыхубэ унэм зэпеуэм хэтахэр щыIущIащ АР-м Цей Ибрэхьим и цIэр зезыхьэ и Лъэпкъ театрым фэилъхьэгъуэхэмкIэ и художник-модельер, АР-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Даур Людмилэрэ Адыгейм гъуазджэхэмкIэ Тхьэбысым Умар и цIэр зезыхьэ и колледжым щэнхабзэмкIэ, театр тхыдэмрэ драматургиемкIэ щезыгъаджэ, АР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щхьэлахъуэ Светланэрэ.

- ЗэхьэзэкIуэр дэгъуэу къызэрагъэпэщащ, пщащэхэри Iуэхум фIыуэ зэрыхуэхьэзырыр нэрылъагъут. Апхуэдиз фIым уахэдэу я нэхъыфIыр къыхэпхыну гугъут. Хъыджэбзхэм я дахагъэм къыдэкIуэу, ябгъэдэлъ Iущагъри къапщытащ. Адыгэ цIыхубзым и теплъэри, и дуней тетыкIэри, хьэл-щэнри зым адрейм къыгуэхыпIэ имыIэу зэпхащ. Тхыдэм уриплъэжмэ, пасэм ди щIыналъэм и хьэщIахэм адыгэ пщащэм и дахагъэмрэ гъэсэныгъэмрэ теухуауэ ятха лъапIэныгъэхэм хуэдэ нобэ тхуэзыхъумэхэрщ зэпеуэм хэтахэр, - жиIащ къэпщытакIуэ гупым я унафэщI, АР-м Цей Ибрэхьим и цIэр зезыхьэ и Лъэпкъ театрым и художественнэ унафэщI, УФ-м и цIыхубэ артист Куэкуэн Мурат. 

- Къапщтэмэ, сыт хуэдэ зэпеуи ирехъуи, тыншкъым. Жэуаплыныгъэ пылъу, ерыщу узыпэрыувэ Iуэхум сыт щыгъуи фIыгъуэ гуэр къыпокIуэж. Си текIуэныгъэр я фIыщIэщ сызыхуэарэзы, щIэгъэкъуэн къысхуэхъуа куэдым, - жеIэ Замирэ. – «Адыгэ пщащэ» зэпеуэм сызэрыхэтам икIи абы сызэрыщытекIуам сэркIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Си щхьэ закъуэкъым текIуэныгъэм сыщIыхущIэкъуар, фIыуэ слъагъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэри фIыкIэ згъэIуну сыщIэхъуэпст. А махуэхэм сщIыгъуа дэтхэнэми ди зэфIэкIщ а ехъулIэныгъэр. Дэтхэнэми пщIэрэ фIыщIэрэ яхузощI. КъищынэмыщIауэ, зэхьэзэхуэр IэмалыфIт ди лъэпкъ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ дриплъэжынымкIэ, щIэ куэд къэтщIэнымкIэ, IэщIыб тщIа, махуэ къэс къэдмыгъэсэбэп псалъэхэр зэдгъэщIэжынымкIэ. Гуапэ сщыхъуащ зэпеуэр и пэм щыщIэдзауэ и кIэ пщIондэ адыгэбзэкIэ зэрекIуэкIар. Дэтхэнэм и дежкIи нэрылъагъут дызэрыпсалъэ «псалъалъэм» нэхърэ ди адыгэбзэр куэдкIэ зэрынэхъкъулейр, дахэр икIи шэрыуэр.

2019 гъэ лъандэрэ ар и IэнатIэм пэрытщ, зэпымыууэ щIэ гуэрхэр къилъыхъуэурэ и щIэныгъэм, Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм хигъахъуэу. Замирэ центрым къекIуалIэ ныбжьыщIэхэр хегъэгъуазэ театр, прикладной, къафэ гъуазджэхэм, гъэсэныгъэмрэ хабзэмрэ. ЩIэблэр фIэфIу къокIуалIэ абы игъэлажьэ «Артист ныбжьыщIэхэр», «IэпщIэлъапщIэхэр», «Лъэпкъ къафэхэр», «Адыгэхэм я гъэсэныгъэмрэ хабзэмрэ» гупжьейхэм. Лъэпкъым и Iуэху зэIумыбзхэм гулъытэ зэрыхуищIым и щыхьэтщ Замирэ ди лъэпкъ хабзэхэм, бзэм нэхъ пасэм яIэу щыта пщIэм зэрыхэщIыр жагъуэ зэрыщыхъур. Зэманыр ипэкIэ кIуатэми, зыпэпщI хъун щымыIэ ди анэдэлъхубзэр, бзэр, хабзэр, щэнхабзэр, гъэсэныгъэр хъумэным хэлъхьэныгъэ хуэщIыныр и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу къелъытэр.

Зэхьэзэхуэм зи зэфIэкI щеплъыжахэм яхэтат ди республикэм щыщу иджыри зы пщащэ. Ар «Адыгэ пщащэ-2014» зэпеуэм щытекIуа ЖьэкIэмыхъу Даринэщ. Кэнжэ къуажэм икIа хъыджэбзым къыхуагъэфэщащ «Пщащэ гъэса» цIэ лъапIэр. Апхуэдэу, зэпеуэм хэта пщащэхэм унэтIыныгъэ щхьэхуэхэм цIэ лъапIэхэр къыщыхуагъэфэщащ. Мейкъуапэ щыщ Агъыржанокъуэ Суандэ - «Пщащэ Iэдэб». Куэшхьэблэ районым икIа Брантэ Данэ - «Пщащэ Iущабэ». Теучэж районым щыщ Благъуэз Аидэ - «Пщащэ акъыл жан» цIэр къратащ. Мейкъуапэ щыщ СулътIан Эльмирэ - «Пщащэ къэфакIуэ» хъуащ. Адыгейск щыщ ЖэнылI Iэсият - «Пщащэ хабзэщIэкъу» цIэр хуэфащэу къалъытащ. Краснодар щыщ Губий Софие «Пщащэ Iущ» цIэ лъапIэхэр фIащащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: