НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 1, гъубж

♦Урысей Федерацэм и Суд Приставхэм я махуэщ

♦Урысейм менеджерым и махуэр щагъэлъапIэ

♦Белоруссием цIыхухэр къезышэкI и авиацэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ

♦1520 гъэм Магеллан и псы дэжыпIэр зэрыщыIэр къахутащ.

♦1800 гъэм США-м и унафэщIхэм ящыщу япэу Адамс Джон Iэпхъуащ президентхэм я хэщIапIэщIэм.

♦1857 гъэм Урысейм япэ пощт маркыр къыщыдагъэкIащ.

♦1894 гъэм Урысейм и пащтыхь тахътэр къылъысащ къэралым и иужьрей император Николай ЕтIуанэм.

♦1897 гъэм Турин дэт университетым и студентхэм къызэрагъэпэщащ «Ювентус» (Италие) футбол командэр. Иджы ар дуней псом щыцIэрыIуэ клуб лъэщщ.

♦1899 гъэм «Варяг» кхъухьыр тенджызым япэу техьащ.

♦1922 гъэм Налшык парт школ къыщызэIуахащ.

♦1936 гъэм Налшык Урыс къэрал драмэ театр къыщызэIуахащ.

♦1938 гъэм япэу ягъэунэхуащ Хэку зауэшхуэм и зэманым цIэрыIуэ дыдэ хъуауэ щыта «Катюша» Iэщэм и къарур.

♦1941 гъэм США-мрэ Канадэрэ я зэхуакум, Ниагарэ псыкъелъэм щхьэщыту, лъэмыж къыщызэIуахащ. Абы лэгъупыкъу лъэмыжкIэ йоджэ.

♦1993 гъэм Европэ зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ. Абы къэрал 27-рэ хохьэ.

♦1997 гъэм «Культура» каналым лэжьэн щIидзащ.

♦1578 гъэм къалъхуащ дзэ, къэрал къулыкъущIэ, Урысейм и лъэпкъ лIыхъужь Пожарский Дмитрий.

♦1911 гъэм къалъхуащ совет актёр, РСФСР-м и цIыхубэ артист, Сталиным и саугъэтым и япэ нагъыщэр зыхуагъэфэща Столяров Сергей.

♦1917 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Лениным и саугъэтым, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат Кулиев Къайсын.

♦1938 гъэм къалъхуащ къэрал жылагъуэ лэжьакIуэ щIэныгъэлI, УФ-м щIыхь зиIэ и экономист ГуэбэщIыкI Жантемыр.

♦1947 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Шыгъушэ Хьэсэн.

♦1966 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъШР-м щIыхь зиIэ и экономист Уэзы Аслъэн.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 7 - 8, жэщым градус 1 - 4 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Лэжьыгъэм хэзэгъар щIэныгъэми хогъуазэ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ