Театр цIэрыIуэм и пщыхьэщхьитI

Иджыблагъэ Налшык щыхьэщIащ «Современник» театр цIэрыIуэм и артистхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрыри­къум и щIыхькIэ ар къызэригъэпэщащ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм. Зэуэ къыхэгъэщыпхъэщ ди щIыналъэм щыпсэу куэд абы зэрыщыгуфIыкIар. 

Абыхэм ди деж щагъэлъэгъуащ Шоу Бернард и «Пигмалион» пьесэм къытращIыкIа спектаклыр. Зыгъэувар Волчек ­Галинэщ.
Спектаклыр ягъэлъэгъуэн ипэ къызэрагъэпэща пресс-конференцым хэтащ ­Москва къалэ дэт «Современник» теат­рым и унафэщIым и къуэдзэ Барановэ ­Татьянэ, Урысейм и цIыхубэ артист Маковецкий Сергей, Урысейм щIыхь зиIэ и артисткэ Бабенкэ Алёнэ, «Современник» театрым и артисткэ Хазовэ Маринэ сымэ.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и ­къуэдзэ Карчаевэ Iэминат жиIащ мы Iуэхум театрыр фIыуэ зылъагъухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр. 
ФокIадэм и кIэхэм, Къэбэрдей-­Балъ­къэрым щэнхабзэмкIэ и махуэхэр ­Москва щыщекIуэкIам, «Современник» театрым и утыкум ди театрищми спек­такль гъэ­щIэгъуэнхэр щагъэлъэ­гъуащ. Театреплъ­хэр гуапэу къапэджэжащ абы­хэм. Шэч хэмылъу, фIы­гъуэшхуэщ театр цIэрыIуэм и лэжьыгъэ ди унэ дисыжу ди нэгу зэры­щIэкIыр, - жиIащ Карчаевэм. 
Барановэ Татьянэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ мы зэIущIэр «Современник»-мрэ ди театрхэмрэ я зэныбжьэгъугъэм, ахэр зэдэлэжьэным къежьапIэ хуэ­хъуну зэрыщыгугъыр.
Маковецкий Сергей иджы япэу Налшык къэкIуауэ арат. Абы журналистхэм яжри­Iэжащ режиссёр Волчек Галинэ 2004 гъэм мы спектаклым щигъэджэгуну ­иригъэблэгъауэ зэрыщытар. Зэман кIэ­щIым къриубыдэу абы зригъэщIат жи­Iэн хуейр, ар мащIэтэкъым, напэкIуэцI 90 ­хъурт. ­Дауи, гугъут артист цIэрыIуэ Гафт Ва­лентин игъэзащIэу щыта ролым ­зеппщытыну. Ауэ пэлъэщащ, езым зэрыжиIэщи, «Пигма­лион»-р езым нэхъыфIу илъагъу спектаклхэм ящыщ хъуащ. Илъэсибл дэкIа иужьщ спектаклым Бабенкэ Алёнэ къыщыхыхьар (Яковлевэ Еленэ и пIэ­кIэ).
Бабенкэ Алёни иджы япэу ди деж къе­блэгъауэ арат. Ауэ нэхъапэкIэ ди къалэм теухуа хъыбар куэд зэхихат. Къызэ­рыщIэкIамкIэ, Алёнэ и нысэр (и къуэм и щхьэгъусэр) къыщалъхуар ди щIыналъэращ.
- Налшык сыкъыщыкIуа япэ махуэ дыдэм бгы, уэс, дыгъэпс дуней гуэрым сепщIыхьащ, - жеIэ къыкIэлъыкIуэу ­псалъэ зрата Хазовэ Маринэ. - ПщIы­хьэпIэм апхуэдизкIэ сфIэфIу сыхэтащи, шэч къытесхьэркъым фIым зэрыхуэслъэгъуар. ЩIыналъэм и дахагъыр схуэIуэтэщIыркъым, хьэуаращи, зыщу­мыгъэнщIу къабзэщ. Кхъухьлъатэм сыкъызэрибэкъукIыу абы гу лъыстащ. Апхуэдэ дунейм щыпсэу фэ егъэлеяуэ узыншагъэшхуэрэ къарурэ фиIэн хуейуэ къысщохъу.
ПщыхьэщхьитIкIэ зыкъагъэлъэгъуащ «Современник» театрым и артистхэм, дауи, абыхэм театреплъхэр ятхьэкъуат. Абы и щыхьэтт Iэгуауэ мыухыжхэр. КъыжыIапхъэщ пщыхьэщхьитIми пэшым цIыхур щIэзу къызэрекIуэлIар.
ГушыIэ спектаклым лъабжьэ хуэхъуа хъыбарым куэд щыгъуазэми, зыгъэзащIэхэм я фIыгъэкIэ щIэщыгъуэ хъуат. Зэманым жьы, фагъуэ дэмыхъу спектаклым гупсысэрэ псэлъафэу къыхэпхынур мащIэкъым.
1995 гъэм ягъэувауэ щыта «Пигмалион» спектаклыр нобэми театрым зэпыу имыIэу щагъэлъагъуэхэм ящыщщ. ЛIыхъужь нэхъыщхьэхэм я ролхэр ягъэзэщIащ Урысейм и цIыхубэ артист Маковецкий Сергейрэ Урысейм и цIыхубэ артисткэ Бабенкэ Алёнэрэ. Кинохэм куэдрэ щыт­лъагъу артистхэр спектаклым щыджэгуу еплъыну щIэхъуэпсхэр мащIэтэкъым. Ар зыхащIэм хуэдэу, езы артистхэри я зэфIэкI еблэжакъым. 
Театр цIэрыIуэр щежьэжым, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Му­хьэдин фIыщIэ псалъэкIэ захуи­гъазэри, дяпэкIи зэрыщIэну, зэдэлэжьэну зэрыщыгугъыр дыщIигъужащ.

ЩОМАХУЭ Залинэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться: