Унафэ щIыным къикIыр

Мэлбахъуэ Тимборэ илъэси 105-рэ щрикъум ирихьэлIэу, ди щIэджыкIакIуэхэм ягу къыдогъэкIыж «Мэлбахъуэм и блокнотхэр» зыфIаща тхылъым щыщ пычыгъуэхэр. И IэнатIэм пэрытыху, лIыщхьэм гу зылъитахэм, цIыхухэм ядилъэгъуахэм зыхуаша гупсысэхэрщ абы щызэхуэхьэсар. 

Япэ Iыхьэ. 

«Унафэ щIын» жиIэм къикIыр псы Iуфэм уIуту псыр здэжэм уеплъынракъым. Псым унафэ хуэпщIыфынукъым, ар здрижэну гъуэгур нэхъ пасэу бунэтIауэ щымытмэ. Апхуэдэ дыдэу нартыхум и къэкIыкIэм и псын-щIагъыр хьэмэрэ комбайныр е тракторыр зэрылэжьэну щIыкIэр къыпхухэхынукъым: абы гъэхьэзырыгъуэ иIэщ, къэмыс щIыкIэ къэплъагъун хуейуэ. Къалэныр пэжу узыхуэкIуэну плъапIэмрэ узэрыкIуэну щIыкIэмрэ зэхэгъэкIынырщ. Унафэр зезыгъакIуэ IумпIэр зэпымычын е зэрымынэн щхьэкIэ, ар зэпычмэ икIэщIыпIэкIэ зэрыдзэн, зэрынэмэ - тэмакъкIыхьу зэрыхыжын хуейщ. «Унафэ щIыным» къикIыр «къэхъунур къэщIэн» жиIэу аращ. КъэпщIа псори къэмыхъункIэ зэрыхъунури къыбгурыIуэу. 
Куэдрэ щыхьэт сыхуэхъуащ цIыхур хэхъуэ, зиузэщI пэтрэ къызэфIа-гъэщIыжу щызэIыхьэ. Зыхуэсакъын хуейр: щIалэгъуалэр мыгъэжэкъуэным, абы я щхьэр егъэуназэ; нэхъыжьхэм емыгииIуэным - гузэрыдзэ пхуащIу, щIэ псоми я щIыб хуамыгъэзэн папщIэ. 
Дэ ди гузэвэгъуэр хэтми сытми гъуазэрэ щапхъэу ахъшэр къызэры-хуэнарщ. 
Къалэм ещхьу къуажэ куэд уиIэмэ нэхъыфIщ, къуажэм ещхьу къалэ куэд уиIэ нэхърэ. 
Ди унафэщIхэм я нэхъыбэм яхуримыкъу гупсысэр езыхэм хуэдэ, уеблэмэ ефIэкI куэд зэрыщыIэрщ. 
«Лей къызытехьа» языныкъуэхэм я тезырыр езыхэм къыхахыжыну хэтщ. Къуэншам иджыри саугъэт къызэфт жи. Ди дзыхьыр зымыгъэпэжа унафэщIыр, зэхигъэзэрыхьахэр зэхедгъэхыжыным и пIэкIэ, нэгъуэщI къу-лыкъу пэрыдогъэувэ, нэгъуэщI цIыху гуп и IэмыщIэ идолъхьэ.
Иныкъуэхэр дыщэ плъыжьым, адрейхэр гъущI фIыцIэм къыхэщIы-кIауэ хуэбгъэфащэ хъунукъым, Алыхьым зым нэхъыбэ иритауэ, адрейм хущысхьауэ ущIегупсысыни щыIэкъым. Хьэуэ, псоми я «пхъуантэдэлъыр» зэхуэдэщ, ар къызэрыбгъэсэбэпращ Iуэхур зэлъытар. 
Хэт унафэр зыIэщIэслъхьэнур? Зым цIыхугъэ хэлъщ, ауэ фейдэ мэлъыхъуэ. Адрейри фейдэ мэлъыхъуэ, ауэ Iущщ. Iуэхур зыхуэныкъуэр - фейдэ мылъыхъуэ Iущыгъэрэ цIыхугъэрэщ. 
Къулыкъум фыхуэмыпабгъэ, саугъэтхэмрэ утыкумрэ фахуэмынэпсей. Фи напэр къабзэу фи IэнатIэр ефхьэкI. Фи къарумрэ акъылымрэ зэщIыгъуу, зы Iэмэпсымэ абрагъуэм и Iыхьэ къудейуэ фызэрыщытыр фщIэжу фIыуэ фылажьэмэ, езыр-езыру фыкъалъагъунущ. Къулыкъу лъагэхэри цIэ лъапIэхэри фемыджауэ къыфхуеблэгъэнущ. 
Лэжьэфын къэгъуэтыным нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зиIэ щыIэкъым. Сэ абы зезгъэсэфакъым. Республикэм къэмыхъупхъэу къыщыхъуахэр арагъэнщ къызыхэкIари. Я пщIэм тегужьеикIа цIыхухэм къулыкъухэр си зэранкIэ къаIэрыхьэурэ, си щыуагъэхэр абы дэбэгъуащ. 

ГъащIэмрэ цIыхумрэ

Зи зэхэщIыкIыр, цIыху хэтыкIэр, Iущыгъэр къызэмэщIэкIыр нэгъуэщIым и зэхэщIыкIым, Iущыгъэм, цIыху хэтыкIэм щапхъэ трихыу псэун хуейщ. Ар губзыгъагъэщ апхуэдэ цIыхум и дежкIэ. Ар зымыщIэр сытым дежи унафэ пхэнжым щIэтынущ. Iущыгъэм я нэхъ лъагэр цIыхухэр зылъэIэсам укIэлъыплъурэ уэри ар зыхэплъхьэнращ. 
ГъащIэр дэ ди унафэм щIэту къызыфIэбгъэщI хъунукъым. Зэманыр, дэ дытыншын щхьэкIэ, махуэрэ жэщу ухуауэ аращ.
Щэхур - жьэкIэ жамыIаращ. Нэхъ ныбжьэгъуфI дыдэм жепIари щэху хъужыркъым.
ЦIыху щыпкъэу щытыну хуейм ищIапхъэщ ныбжьэгъухэм ящIыгъуу жагъуэгъуи зэриIэнур.
Иныкъуэхэм деж ди телевизорхэм ущеплъкIэ, цIыхубзхэм ещхьу гъэщIэрэщIа щIалэжь щхьэцэ гуп къилъадэу уолъагъу. Я къафэхэми уэрэдхэми уедаIуэмэ, хьэр банэ е къугъ фIэкIа пщIэнкъым. Абыхэм ди щIалэгъуалэр йоплъри щапхъэ трах. «ЩIэуэ къежьащ». ЩIэуэ къызэрежьар гурыIуэгъуэщ, ауэ фIыр фIыуэ къежьаращ. ЩIалэгъуалэм ахэр зэхагъэкIыфу егъэсэн хуейщ.
Упсэуну тыншкъым. УлIэну гугъущ. Ауэ псом нэхъейр зыпIэжьэ-Iуэнращ, ар гъащIэрауи лэжьыгъэрауи ирехъу. Имычэзууэ улIэным нэхърэ нэхъ Iейщ ар. Ауэ хэт апхуэдэ Iэзагъ телъыджэ зиIэр, и ежьэжыгъуэр къызэрысар къыхуэубыду. Къиубыдыпауи сощIри, дэнэ «Куэдщ» жозыгъэ-Iэфыну лIыгъэ къыздикIынур. 
Дунейм псори нэгъэсыпауэ щызэгъэзэхуащ. Псори и чэзум къохъу. Удзхэр и чэзум мэгъагъэри, и чэзум мэгъуэлэж. КъэкIыгъэхэри, жыгхэри, псыхэри, бзухэри, псэущхьэхэри, езы щIылъэри, дыгъэ дыдэри зэи текIыр-къым я пIалъэм. ЩIалэфIхэм языхэзым ар щыгъупщэмэ, игу къэгъэкIыжын хуейщ: «Ныбжьэгъу, уи чэзур икIащ!»
Iэзагъыр къэхъугъэм и ехъулIэныгъэщ. Ар уафэхъуэпскIым хуэдэу зэ къаблэу ункIыфIыж гуэрщ. Талантыр лэжьыгъэщ. МэкъумэшыщIэм и лэжьыгъэ хьэлъэщ. Iущыгъэщ, цIыху хэтыкIэкIэ гъэбэгъуауэ. Абы гупсысэм и кууа-гъыр хэлъщ. Талантыр телъыджэкъым, ауэ псори къызэщIеубыдэ. 
Iэзагъ гуэр зыбгъэдэлъ цIыхухэм тхыдэм лъэужь къыщыщагъанэр я Iэзагъым талант щIыгъумэщ. ИтIанэ ахэр нэгъэсауэ щыпкъэ мэхъури, я цIэ-хэр политикэм, щIэныгъэм, литературэм къыхонэ! 

И  щхьэ  хужеIэж

Хьэл дахэхэр щагуэшым сэ зыри къыслъысакъым, сатырым и кIэ дыдэм сыпыт хъунт. Апхуэдэу куэд егупсыс къыщIэкIынщ. Сэ, псалъэм папщIэ, дахагъэм и зы Iыхьи къысIэрыхьакъым. Ауэ дэтхэнэ зыри егупсысыпхъэщ къилэжь псори къыбгъэдалъхьауэ. А зэманым благъагъи ныбжьэгъугъи щыIэтэкъым, Алыхьми зэхэгъэж ищIыртэкъым, зыгуэрым нэ лейкIэ сеплъынщи адрейр къэзгъэнэнщ жиIэу. Анэм къыбдимылъхуар зыми къуитыжынукъым. 
Лэжьыгъэм фIэкIа зыри зыфIэмыхьэлэмэт щихъыу сакъыщохъу сэ зыгуэрхэм. Ар пэжкъым. Адрейхэм тыншу сыпсэууэ, куэд сшхыуэ икIи сефэу къащохъу - ари пэжкъым. Сэ дэтхэнэ зы цIыху къызэрыгуэкIыр зэрыпсэум хуэдэу сопсэу, зыми зыкIи сы-къыфщхьэщыкIыркъым. 
Сэ Къэбэрдей-Балъкъэрым сримафIэ ужьыхыжщ. ХъуаскIэу сыщытамэ нэхъ къэсщтэнут, зэкъуэтыныгъэр, ныбжьэгъугъэр, Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэр нэхъ ину блэн хуэдэу. Ауэ цIыху гуэрхэр къыкъуэкIащ хэкум и мафIэр ягъэункIыфIыну хуейуэ, икIи ягъэункIыфащ. Ей, мы цIыхухэри, мы цIыхухэр! КъызэщIагъэнэну хуей хуэдэу защIурэ мафIэм йопщэ, ауэ я мурадыр ар ягъэункIы-фIынырщ. КъайхъулIакIэщ! Апхуэдэхэм псори къайхъулIэнущ!

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться: