ГъащIэ узыншэм хуаущий![]()
«Урысейм и сабийхэр-2022» зыфIаща профилактикэ Iуэхум хыхьэу Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм и лэжьакIуэхэр яхуэзащ Налшык дэт курыт еджапIэ №29-м и школакIуэхэм. СтIол хъурей щытыкIэм тету екIуэкIа зэIущIэм полицейхэр щытепсэлъыхьащ наркотикхэм зэраныгъэу пылъым, хабзэншагъэкIэ ар зыщэхэр жэуапым зэрырашалIэм.
ЕджакIуэхэм жаIащ спортым зэрыдихьэхыр, ар еджэныгъэми сэбэп къазэрыщыхуэхъур. Апхуэдэуи къахуеблэгъахэм яфIэгъэщIэгъуэн упщIэхэмкIэ зыхуагъэзати, жэуап зэпкърыха къратыжащ.
ЗэIущIэм и кIэухыу школакIуэхэр ирагъэплъащ хабзэр къызэпызыудхэм ирагъэхь тезырым теухуа видеоролик.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





