Чэфу рулым дэст

Шэрэдж районым суд щытращIыхьащ чэфу автомашинэр зезыгъакIуэм.

Районым и прокурорым и дэIэпыкъуэгъу Вовк Алексей арэзы техъуащ Х. зэрагъэкъуаншэ уголовнэ Iуэхум.

ЗэрызэхагъэкIамкIэ, суд зытращIыхьыр 2022 гъэм и бадзэуэгъуэм яубыдащ чэфу рулым дэсу. Фадэ ефарэ емыфарэ зэхагъэкIын папщIэ медицинэ къэпщытэныгъэм яхупхымыкIыу административнэ къуэды тралъхьауэ щытащ абы нэхъ пасэу.

Судым Х. къуаншэу къилъытащ икIи къыхуагъэлъагъуэ лэжьыгъэр сыхьэт 250-кIэ игъэзэщIэну хуагъэуващ, илъэситIкIэ рулым дэтIысхьэнуи хуиткъым.

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться:

Читать также: