Псы уэрым пэлъэщакъымКъэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым щыпэщIэт-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэм и къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым бадзэуэгъуэм и 16-м сыхьэт 20-м хъыбар къыIэрыхьащ Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм щыщ цIыхубзыр зэрыкIуэдамкIэ. ЩIыпIэм занщIэу кIуащ ПСО-м и плъыр гуп, Мэсей Алим зи пашэр. КъызэрыщIэкIамкIэ, цIыхубзыр (1947 гъэм къалъхуар) бадзэуэгъуэм и 16-м сыхьэт 19-хэм гу цIыкIу IэрыгъажэкIэ кIэрыху-бжьэрыхур дишри, Бахъсэн псы Iуфэм кIуащ. Ар щыщхьэпридзым, езыр лъэпэрапэри, псы уэрым хэхуащ икIи псынщIэу ирихьэхыу щIидзащ. Бзылъхугъэм и кIий макъыр зэхихащ и гъунэгъухэм я зым, а зэманым а щIыпIэм метр 200-кIэ пэIэщIэу щытам, занщIэуи унагъуэм хъыбар яригъэщIащ.
Поделиться:
Читать также:
22.04.2024 - 15:05 →
Дэнэ фи газетыр къыщытщэхунур?
15.03.2024 - 14:18 →
Таурыхъым хуокIуэж
13.02.2024 - 15:00 →
Испы унэхэр
22.01.2024 - 15:27 →
ДжэдыкIэщIэ къыщIагъэкI
19.01.2024 - 14:00 →
Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыжыр щIэныгъэлIырщ
|