НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 23

мэрем

         УФ-м Экологие, технологие, атом кIэлъыплъыныгъэхэмкIэ и къулыкъум (Ростехнадзор) и махуэщ

         Урысейм и Дзэ-Хьэрш Къарухэм гъуэгуанэ кIыхь зэпызычыф я авиацэм и махуэщ

         1905 гъэм Тэрч областым зауэ щытыкIэ щагъэувауэ щытащ.

         1947 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ ищIащ ИлъэсыщIэр къыщихьэ щIышылэм и 1-р гъэ къэс гъэлъэпIэным икIи ар мылэжьэгъуэ махуэу гъэувыным теухуауэ.

         1905 гъэм къалъхуащ Иорданием щыщ дохутыр, дипломат, адыгэ лъэпкъым и блэкIар джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, тхылъ зыбжанэ къыдэзыгъэкIа Хьэбжокъуэ Шэукэт.

         1952 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист ЖьакIэмыкъуэ Iэминат.

         1960 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор Азэщокъуэ Геннадий.

        

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ.  Хуабэр махуэм градус 1-5, жэщым  градус 0-1 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Псым и жапIэр езым къегъуэтыж.

 

 

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ