Си усэ – си уэрэд

• ТхылъыщIэ

Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ адыгэбзэкIэ къыщыдэкIащ «Си усэ – си уэрэд» фIэщыгъэ дахэр зыгъуэта усэ тхылъ гъэщIэгъуэныр. Хэку лъагъуныгъэ, псэм и къабзагъэ, гумащIагъэ, цIыхугъэ – аращ усэ зэужьым купщIэ хуэхъуар, ар дунейм къытезыгъэхьа усакIуэ бзылъхугъэми и гурыщIэхэм псынащхьэ яхуэхъуар.

Зи теплъэр узыIэпишэу зэхэлъхьа хъуа тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Акъбащ Ипщэ (Астемырей) къуажэм къыщалъхуа Бэгъэтыр Нинэщ. Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ къудамэм IэщIагъэ щызэригъэгъуэта нэужь, абы щалъхуа къуажэм анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэу игъэзэжащ. 1983 гъэм Бэгъэтырыр радиом и дикторхэм я хэгъэгупсо зэпеуэм хыхьэри, и макъ дахэмрэ псалъэкIэм хэлъын хуей зыхэщIэмкIэ къэпщытакIуэхэр къыдихьэхащ, куэд дыдэ дэмыкIыуи лэжьыгъэ радиом къыщыхуагъэлъэгъуащ. Абы лъандэрэ илъэс плIыщI дэкIащ, ауэ бзылъхугъэ щыпкъэр къыхиха гъуэгум хуэпэжу ар ражиом щолажьэ. Багъэтыр Нинэ нобэ ралионэтынхэр гъэхьэзырынмкIэ икIи утыку ихьэнымкIэ къудамэм и редактор нэхъыщхьэщ. Абы IэщIагъэм нэсу зэрыхищIыкIыр, и гъащIэр зрита IэнатIэр фIыуэ зэрилъагъур, гурэ псэкIэ абы зэрыбгъэдэтыр зыхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым «Макъамэ», «Ди зэIущIапIэм» фIэщыгъэхэр зиIэ и уней нэтынхэм уедэIуа нэужь. Мы лъэхъэнэм Бэгъэтырым и зэфIэкIымрэ и щIэныгъэмрэ щIэблэщIэм ябгъэдилъхьэу мэлажьэ, унэтIакIуэ емышыжщ, лэжьыгъэмкIэ жэрдэмщIакIуэ гъэщIэгъуэнщ.
Бэгъэтыр Нинэ УФ-м Журналистхэм я Зэгухьэныгъэм хэтщ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. ЦIыху усакIуэпсэр къызэрацIыхур радиом щригъэкIуэкI и лэжьыгъэм и закъуэкъым. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ уэрэд зыбжанэ, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуауэ, дзапэ уэрэду зэрахьэу. 2007 гъэм дунейм къытехьа абы и япэ альбомыр, «Гъуэгу махуэ!» зыфIищар, абы Къэбэрдей-р Урысейм зэреувалIэрэ илъэс 450-рэ щрикъум ирихьэлIэу игъэхьэзыращ, а къэхъукъащIэми фэеплъ хуищIащ. Зеущэ Iэуес и гъусэу Бэгъэтырым игъэхьэзыра а альбомым уэрэд 16 къызэщIэзубыдэ. Абы хэтщ «Гуащэней теухуа балладэр», «ЕфIакIуэ, Джалыхъстэней!» «КъэкIуэж, адыгэ!», «Астемырей», «Си Ботэщей», «Уей, си шагъдий!» уэрэд цIэрыIуэхэр.
УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Бэрэгъун Марианнэ и гъусэу игъэхьэзыра, «ГъащIэм и уэрэд» зи фIэщыгъэ къыкIэлъыкIуэ уэрэд альбомри щIэупщIэ зыгъуэта щэнхабзэ къэгъэщIыгъэщ. Абы хиубыдащ «Сыдэпхьэхащ», «ГъащIэм и уэрэд», «Джэгум», «Уэ уогушыIэ», «Дэнэ ущыхэт?», «Мазэу узолъагъу», «Лъагъуныгъэм къегъэзэж» уэрэд хьэлэмэтхэр.
Бэгъэтырым и къалэмыпэ къыщIэкIащ хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зыгъэгушхуэ, абыхэм я дунейр хэкурысхэм къапызыщIэ псэкупсэ уэрэдхэри. Абыхэм ящыщ куэд Тыркум щыпсэу адыгэхэм гукIэ ящIэ, уеблэмэ Iэджэрэ утыкушхуэхэм щагъэIу. Бэрэгъун Марианнэ коцертышхуэ Анкара къалэм дэт, Хьикмэт Назым и цIэр зезыхьэ Концерт гъэлъэгъуапIэм щиту, цIыхубэр къелъэIури Бэгъэтырым и уэрэдхэр щыжрагъэIауэ щыташ.
Иджы Бэгъэтыр Нинэ ди пащхьэ усакIуэу къоувэ. Абы и япэ тхылъым и уэрэдхэр зытрищIыкIыжа усэхэм я текстхэр ихуащ, ауэ, абыхэм къадэкIуэу, бзылъхугъэр зыгъэпIейтей, гукIэ къилъыхъуэ, зыгъэнщхъей, зыгъэгуфIэ Iуэхугъуэ куэдым ехьэлIа усыгъэхэри абы итщ. и IэдакъэщIэкIхэр утыку кърихьэным ар тригъэгушхуащ илъэс зыбжанэ хъуауэ зэхилъхьэ уэрэдхэм цIыхухэр къапэджэжу зэрыщытым, ар зэIэпахыу икIи дзапэ уэрэду къызэрырахьэкIым. Хуабагърэ щабагърэ зэбэкI усэбзэм, шэч хэлъкъым, щIэджыкIакIуэр гуапэу зэрыIущIэнум, тхылъыщIэм щIэупщIэ зэригъуэтынум.
Дэ ди гуапэщ зи макъ гуакIуэр радиом къиIукI Бэгъэтыр Нинэ и IэдакъэщIэкIым гъуэгу игъуэтыну икIи апхуэдэ гукъыдэж дахэ куэд жэрдэм ищIрэ цIыхур игъэгуфIэу къытхэтыну дыхуохъуахъуэ.
 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: