НОБЭ

ЩIышылэм и 16, блыщхьэ

♦1922 гъэм Балъкъэрыр Горскэ АССР-м къыхэкIащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областыр РСФСР-м хэту къэхъуащ.

♦1929 гъэм къалъхуащ УФ-м и ЛIыхъужь, СССР-м щIыхь зиIэ и кхъухьлъатэзехуэ-къэхутакIуэ Мэзэхъу Владимир.

♦1932 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и член-корреспондент Тембот Аслъэнбий.

♦1943 гъэм къалъхуащ пшынауэ Iэзэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, АР-м и цIыхубэ артист ЛIыцIэрыIуэ Ким.

♦1956 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ Къашыргъэ Мухьэмэд.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 3, жэщым щIыIэр градуси 3 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Мыгъуащэрэ щымыуэрэ щыIэкъым.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

17.05.2024 - 07:16 Нобэ
16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ