ЩIыхуэр зытригъэкIащ хамэ къэрал зыщигъэпсэхун папщIэ

Урысей ФССП-м и управ­ленэу КъБР-м щыIэм и Май район къудамэм щIэлът щIы­пIэм щыпсэум ехьэлIа тхы­лъыр. ЦIыхухъум балигъ мыхъуа и къуэр ипIынымкIэ и ­къалэным зэман кIыхькIэ зыпыIуидзат икIи сом мини 120-рэ щIыхуэу къытехуат. 

Сабийм и хуитыныгъэр зэ­фIигъэувэжащ суд приставым. Абы щIыхуэ зытелъыр щы­гъуазэ ищIащ и къалэнхэр имыгъэзащIэмэ, жэуап зэрихьынум. 
ЦIыхухъум и мурадт и зыгъэпсэхугъуэр нэгъуэщI къэралым щигъэкIуэнуи, и сабийм и щIыхуэ зэрытелъыр зэран къы­хуэхъуащ икIи Урысей Федерацэм икIыну хуит ящIакъым.
Щыпсэум къигъэзэжа нэужь майдэсым ахъшэр зэрипшынамкIэ тхылъыр суд приставым иритащ. Абы зэритымкIэ, адэм телъ щIыхуэр нэсу зытригъэкIыжащ. 
 

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться: