Зэхыхьэ гуапэ

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зэрихьэу Налшык дэт ЩэнхабзэмкIэ фондым иджыблагъэ литературэ пшыхь гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ.

- ИлъэсыщIэм къызэдгъэпэща ди япэ пшыхьыр тедухуащ Чуваш республикэм щыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу тхакIуэ-усакIуэхэм, - жеIэ Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэ, Чувашхэм я лъэпкъ IуэхущIапIэу Налшык дэтым и унафэщI Мизинэ Ларисэ. Зэхыхьэм я цIэ къыщраIуащ тхакIуэ цIэрыIуэхэу Аниси Вася, Эльби Валентинэ, Хведер Агивер, Тургай Ольгэ, Хури Макар, Комаров Виктор сымэ, нэгъуэщIхэми. Ахэр Чувашием фIыуэ щацIыху, щалъытэ. ТхакIуэхэмрэ усакIуэхэм я гъащIэм щытепсэлъыхьащ, я IэдакъэщIэкIхэм щыщ пычыгъуэхэм къыщеджащ абы.

«ДыгъафIэ къалэ» сабий творчествэмкIэ академием щеджэ цIыкIухэр а усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм гъэхуауэ, сатыр къэс зыхащIэу къеджащ.

Зэхыхьэм хэтащ Налшык дэт библиотекэхэм я лэжьакIуэхэр.

«Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Чуваш Республикэмрэ я зэныбжьэгъугъэм и зэгухьэныгъэр» къызэзыгъэпэща Чувашым я цIыхубэ усакIуэ Тургая Валери и гъащIэ гъуэгуанэм, IэдакъэщIкIхэм, абы хузэфIэкIа Iуэху щхьэпэм щытепсэлъыхьащ пшыхьым.

ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ ЩэнхабзэмкIэ фондым и унафэщI Мэкъуауэ Люазэ. Абы жиIащ ирагъэкIуэкIа Iуэхур игу зэрырихьар, апхуэдэ зэхыхьэхэм я мыхьэнэр ину къызэрилъытэр. Пшыхьым хэта ныбжьыщIэ цIыкIухэм абы яритащ Вэрокъуэ Владимир и тхылъхэм щыщ зыбжанэ.

Зэхыхьэм и къызэгъэпэщакIуэхэм абы хэта псоми щIыхь тхылъхэр иратащ. Котляров Виктор я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIахэм щыщ къызэхуэсахэм яхуигуэшащ.

ЗэIущIэм хэтахэм Мэкъуауэ Люазэ яригъэлъэгъуащ ЩэнхабзэмкIэ фондым и унафэщIу щыта Вэрокъуэ Владимир зэхуихьэса хьэпшыпхэмрэ тхылъхэмрэ.

ТЭРЧОКЪУЭ Дисэ.
Поделиться: