Щыуагъэхэр къыхагъэкIыж

 Шэшэн республикэм дызэрыт илъэсыр я анэдэлъхубзэм и гъэу ирахьэкIыну къалэн зыщащIыжащ. Шэшэныбзэмрэ урысыбзэмрэ къэралыбзэу Конституцэм зэритым ипкъ иткIэ, я лъэпкъым и щэнхабзэмрэ ар адрейхэм къазэрыщхьэщыкIымрэ щIэзыгъэбыдэ Iуэхухэр къыдахауэ щрагъэфIакIуэ гъунэгъу республикэм. Адрей Iуэхухэм къадэкIуэу, республикэм и къалащхьэ Грознэм шэшэныбзэкIэ тет фIэщыгъэхэм щыуагъэхэр къыхагъэкIыж. 

Тыкуэн дапщэ фцIыхурэ и цIэр адыгэбзэкIэ тетхауэ? Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым зы тетщ: «Адыгэ унэ». Зызэман «Мажьэ» цIэр зэрихьэу щхьэц щIегъэщапIэ бэзэрым деж щытащ. «Дыгъэ» - ар сурэттех IуэхущIапIэщ. НэгъуэщI флъагъумэ, къыджефIэ. Мыбдежым и гугъу щытщIыркъым къэрал къулыкъущIапIэхэм я цIэхэр бзищымкIи зэратхым. 
 Шэшэн республикэм, къызэрыщIэкIымкIэ, анэдэлъхубзэкIэ зи цIэр къэзыгъэлъагъуэ IуэхущIапIэхэр щыкуэду аращ. Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Дааев Хьэж-Бауди иришэжьа Iуэхущ щыуагъэ щаIэщIэкIа фIэщыгъэхэр зэрагъэзэхуэжыныр. 
«Грознэр Урысейм и къалэ псоми хуэдэу, рекламэхэм щIигъэнащ. Абыхэм я мыхьэнэр гурыIуэгъуэщ: хьэпшыпыр абы хуэныкъуэ цIыхум лъэIэсын хуейщ. Ауэ шэшэныбзэкIэ тха IуплъапIэхэм ящыщ куэдым щыуагъэ хэтщ, къинэмыщIауэ, мыIэмалыншэу куэд хамэбзэкIэ тратхэ». 
Дэри дэнэ къитхыну апхуэдэ жэрдэмщIакIуэ? Налшык адыгэбзэри, урысыбзэри, балъкъэрыбзэри щрагъэкIуэтэкI инджылызыбзэкIэ фIащ тыкуэныцIэхэм. ГушыIэрей цIэрыIуэ Задорнов Михаил ауан ищIу щытащ хамэбзэкIэ зи IуплъапIэхэр зыгъэщIэращIэхэр. Мэзкуу ар щыщыдыхьэшхэнкIэ, Налшык дауэ къэнэжрэ? 
Шэшэн министрым зэрыжиIэмкIэ, IуплъапIэхэр зыгъэщIэращIэ фIэщыгъэхэм щыуагъэ къыщIыхагъэкIыжыр къэралыбзэу щыт шэшэныбзэр пэжу къагъэщхьэпэу ящIыжын щхьэкIэщ. «Щыуагъэхэр къызыхэкIыр фIэщыгъэхэр шэшэн грамматикэм техуэу, макъзешэхэмрэ макъ дэкIуашэхэмрэ пэжу зэрамытхырщ. Екъуа и зэхуакум дэтын хуей-хуэмей, инкIэ ятхыпхъэ, хьэмэ цIыкIукIэ кърагъажьэми хъуну? Мис а псори щызэхэзэрыхьащ Грознэм щыплъагъу IуплъапIэхэм. Аращи, дэ урысыбзэр дгъэкIуэдыжу аракъым, шэшэныбзэр, ди анэдэлъхубзэр зыхуей хуэдгъазэу, ар пэжу къагъэщхьэпэу едгъасэу аращ, - жеIэ Дааевым. – Къэралыбзэм пщIэ хуэтщIу, ар нэгъэсауэ ягъэлажьэу зэрытщIыным иужь дитщ». 
Шэшэныбзэм и илъэсыр гъэщIэгъуэн дыдэу йокIуэкI. Паркхэм ярыт тхылъ дапхъэхэм мы гъэм шэшэныбзэкIэ тхылъхэр щызэIэпах: зым делъхьэ, адрейм къыдех. Уэрамым дэт цIыхухэм анэдэлъхубзэкIэ бжыгъэхэр зэращIэм теухуа флэшмоб иджыблагъэ ирагъэкIуэкIащ: журналистхэм цIыхухэр къагъэувыIэурэ, урысыбзэкIэ бжыгъэцIэхэр жраIэрт, шэшэныбзэкIэ зэрадзэкIыну елъэIухэу. Шэшэныбзэм и илъэсым ирырагъэхьэлIащ республикэм и Iэтащхьэм и цIэм анэдэлъхубзэкIэ зэреджапхъэр пагъэувэнри: «Мехк-Да».
Нэгумэ Шори жиIащи: «Къэсынщ зэман…» Дыпэплъэнщ Налшыки ар къыщысынум? 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: