Гъуазджэ дунейм и зы махуэщӀ

Налшык къалэм и Къэбэрдей уэрамым тет, макъамэ щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэ №2-м иращIылIэ ухуэныгъэ-зэзыгъэпэщыж лэжьыгъэхэр иджыблагъэ зэфIэкIащ, абы ехьэлIа гуфIэгъуэ зэIущIэшхуи екIуэкIащ.
Iэтауэ даха махуэщIым хэтащ Налшык къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэр, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэмрэ унэтIакIуэхэмрэ, еджапIэр къэзыухахэмрэ абы иджыри щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэт ныбжьыщIэхэмрэ, гъэсэнхэм я адэ-анэхэр.

Налшык къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Кузнецовэ Ларисэ гуфIэгъуэ зэIущIэм хэтхэм фIэхъус гуапэ яриха нэужь, еджапIэр щIэрыщIэу къызэрызэIуахыжар, абы ехьэлIа ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр игъуэм кърахьэлIэу сабийхэм я щIэныгъэм пащэну Iэмал зэрагъуэтар зэригуапэр, мыхьэнэшхуэ зэрыритыр къыхигъэщащ.
«Макъамэ щIэныгъэ щрагъэгъуэт мы еджапIэр ди щIыналъэм и набдзэщ, жыпIэмэ пцIы хъуну къысщыхъуркъым. Мы IуэхущIапIэм и гъэсэнхэм я нэхъыбэм зытеува гъуэгум темыкIыу я Iыхьэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зиужьыным халъхьэ. Дахагъэр зэхэзыщIыкI цIыхум зытет дунейри игъэдэхэнущ, и ужьым нэхъыбэ къызэриувэнум хуэгъэпса щапхъэхэри игъэлъэгъуэнущ. ЕджапIэм и лэжьакIуэхэми, и гъэсэнхэми, абыхэм я адэ-анэхэми гумрэ псэмрэ къабгъэдэкIыу сохъуэхъу махуэ дахэмкIэ, икIи хьэкъыу си фIэщ мэхъу къагъэщIэрэщIэжа еджапIэм фи зэфIэкIхэр хэзыгъэхъуэн гукъыдэж фиIэу фыкъызэрекIуэлIэжынур. Къыхэзгъэщыну сыхуейт IуэхущIапIэм макъамэ щIэныгъэ щызэбгъэгъуэтын хуэдэу Iэмал хъарзынэхэр иIэ зэрыхъуар: пэшхэр зэIузэпэщ ящIащ, техникэрэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщащ. Нэхъыщхьэращи, егъэджакIуэ гупым хуэдэ щыIэкъым, я псэр етауэ IэнатIэм пэрытщ, IэщIагъэр фIыуэ ялъагъу! ЕхъулIэныгъэ куэд фиIэну си гуапэщ», – жиIащ Кузнецовэ Ларисэ.
IуэхущIапIэм и унафэщI Уэсмэн Марьянэ зэрыжиIамкIэ, я еджапIэр щыхьэрым дэт ухуэныгъэ нэхъ жьы дыдэхэм ящыщщ. Абы тхыдэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, лIэщIыгъуэ блэкIам и ублапIэхэм къалэм иIа теплъэмрэ щытыкIэмрэ нахуэу къызытещыжщ. Абы и лъабжьэр I903 гъэм ягъэтIылъауэ щытащ, нобэр къыздэсым и теплъэкIи, и гъэпсыкIэкIи, и дахагъкIи къыхэщхэм ящыщщ. ЕджапIэр унэм зэрыщIэтIысхьэрэ илъэс 60 хъуащ.
«Ди унапIэм, сэ мы IуэхущIапIэм нэгъуэщIу седжэфынукъым, сыту жыпIэмэ ди гъащIэм и нэхъыбэр щытхьыр мыбдежщи, «псэ къызэрыIукIэжар», иIа теплъэр зэригъуэтыжар къызэрымыкIуэу гуфIэгъуэшхуэщ сэркIи, къыздэлажьэхэмкIи, ди гъэсэн цIыкIухэмкIи. Мы махуэм куэд щIауэ дыпэплъэрт. Илъэс 30-м щIигъуауэ къыщIэкIынущ еджапIэр зэрызэрамыхьэрэ, и теплъэр езыгъэфIакIуэ лэжьыгъэхэр зэрырамыщIылIэрэ. Ди IуэхущIапIэм и мыхьэнэр къалъытэу гукъэкI къызэрытхуащIар икIи ди махуэщIым ирихьэлIэу еджапIэр и лъабжьэм къыщегъэжьауэ и щхьэм щыщIэкIыжу зэрызэрагъэпэщыжар куэд и уасэщ. ДэркIэ ар тыгъэ лъапIэщ. Хэт щхьэкIэ икIи сытым щхьэкIэ апхуэдиз лэжьыгъэр щIрагъэкIуэкIар, жиIэу щIэупщIэн щыIэщ. Абы зы жэуапщ иIэр – къытщIэхъуэ щIэблэм щхьэкIэщ. Ди сабийхэращ дунейм дыщIытетри, дыщIэпсэури, дыщIэлажьэри, гугъу зыщIедгъэхьри. Абыхэм я дыхьэшх макъыр мы еджапIэм Iэмалыншэу къыщIэIукIын, къраш уэрэдхэм еджапIэм и блынджабэхэр дежьуун, егъэджакIуэ ткIийхэм я макъыр пкъынэлынэм хыхьэу щыIун хуейщ. Гъэсэныгъэ, дахагъэ, гъуэзэджэ, щыпкъагъэ – а псалъэхэращ купщIэ яхуэхъур еджапIэм щекIуэкI лэжьыгъэми, нобэрей дунейр а фIыгъуэхэм щощIэ, тез щIыжын, цIыхум я псэм хэщIэжын хуейщ. Абы къыхэкIыу зэпыу имыIэу дылажьэу, ди цIыкIухэр псэр къэзыгъэгумащIэ телъыджэлажьэхэм хуэдгъасэу дыкъекIуэкIыну ди хьэкъщ.
ЕджапIэм сабий 400-м нэблагъэ йокIуалIэ. Абыхэм фортепианэ, Iэпэпшынэ, шыкIэпшынэ, пшынэ еуэкIэм зыхуагъасэ, гъуо, бжьамий, накъырэ, фэнтIырпIэ еуэкIэм хуеджэхэри мымащIэу яхэтщ. Зырызу дызэрымыгушхуэ зы цIыху яхэткъым. Илъэс 60 хъуауэ ди еджапIэм къыщIэкIхэр гъуазджэ дунейм купщIафIэу хуолажьэ, ирагъэфIакIуэ, зрагъэужь. Апхуэдиз илъэс хъуауэ ди егъэджакIуэхэм я псэм щыщ зы Iыхьэ а сабийхэм халъхьэ, дызытет дунейр дахэ икIи езы сабийхэм я гузыхэщIэр къабзэ ящIын папщIэ. Ди еджапIэм цIыкIухэм щагъэкIуа зы сыхьэти пщIэншэу кIуэдыркъым, лъэужьынши хъуркъым, сыту жыпIэмэ махуэ къэс гуимыхуж щIэныгъэщIэрэ гур хэзыгъахъуэ дахагъэкIэ гъэнщIауэ щытщ. Си фIэщу жызоӀэ - ди гуфIэгъуэ зэхыхьэр гъуазджэ дунейм и зы махуэщIщ», – жиIащ гуфIэгъуэм зэщIиIыгъэу Уэсмэн Марьянэ.
ГуфIэгъуэ зэIущIэр еджапIэм и гъэсэнхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ я концерткIэ зэхуащIыжащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Налшык къалэм дэт, макъамэ щIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэ №2-р «Щэнхабзэ» лъэпкъ программэм хыхьэ «Гъуазджэм щыхуагъасэ сабий еджапIэхэр зэгъэпэщыжыныр икIи къэгъэщIэрэщIэжыныр» пэхуэщIэм (проектым) ипкъ иткIэ зыхуей хуагъэзэжащ, и IуплъапIэр дахэу къэлъагъуэ хъуащ. «Пэжщ, зэгъэпэщыжын лэжьыгъэхэм щхьэхуэныгъэ хэхахэр зиIэ гугъуехь гуэрхэр япыщIат. ЕкIуэкIа лэжьыгъэхэм гугъуехь хэмытауэ жыпIэ хъунукъым. Псалъэм и хьэтыркIэ, чырбыш гъэжьакIэ зэтращIа блын джабэм имыщтэну сэху епт, чахуэ зиIэ зэхуакухэм дэлъ ятIагъуэр зэкIэщIэзыхун цемент гуащIэ хэплъхьэ хъунутэкъым, зэбгрыкIа хъуа чырбышхэм уахэуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, унэм и джабэхэр зэрумыгъэубыдауэ лъабжьэми пкъыми уеIусэныр дзыхьщIыгъуэджэт. Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ фэеплъым хуэсакъыпэурэ еIусэн хуейти, зэгъэпэщыжын лэжьыгъэхэр зи пщэ дэлъа ухуакIуэхэр дагъуэ лъэпкъ имыIэу а къалэным пэлъэщауэ, ди унэри нэсу зыхуей хуагъэзауэ жыпIэ хъунущ», – тепсэлъыхьащ лэжьыгъэхэм зы махуи зи нэIэ тезымыгъэкIа Уэсмэн Марьянэ.
Зэгъэпэщыжын лэжьыгъэхэм къызэщIаубыдащ еджапIэм и щхьэр, бжэхэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ зэхъуэкIыныр, пэшхэм я лъэгу щар къихауэ щIэ идзыжыныр, уэздыгъэ зэрыкIуэ кIапсэхэр, бжьамийхэр щIэуэ щIэшэжыныр, унэ кIуэцI блынхэр зехьэныр. УхуакIуэхэм еджапIэм и пщIантIэ кIуэцIхэри зыхуей хуагъэзащ, щIыб уэздыгъэхэмрэ тетIысхьэпIэхэмрэ ягъэуващ, куэд дэмыкIыу удз гъэгъахэр ягъэтIысынущ.
Къыхэгъэщын хуейщ еджапIэр зэгъэпэщыжыным епха лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу, абы Къэбэрдей уэрамымкIэ щиIэ щIыхьэпIэр къызэрызэIуахыжар, екIуэлIапIэри фIыуэ зэрырагъэфIэкIуар.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: